Гъэмахуэр ирагъэжьэж

КъБР-м и Правительствэм и гупэм къит ЗэгурыIуэныгъэм и утыкум махуитIым къриубыдэу - фокIадэм и 7-м къыщыщIэдзауэ и 8 пщIондэ щекIуэкIащ цIыху­хэм фIыуэ ялъэгъуауэ гъэ къэс зыпэплъэ, удз гъэгъахэм я «Гъэмахуэр икIащ» V фестивалыр. Мыгъэрей зэ­хыхьэр траухуащ КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэмрэ Налшык къалэр илъэс 300 зэрырикъумрэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, Кавказ Ищхъэрэм и хэгъэгу­хэм, Ставрополь крайм, Мос­ква къикIа ландшафт дизайнерхэмрэ удз гъагъэ­хэр зыгъэкIхэмрэ ягъэлъэгъуащ я лэжьыгъэ гъэщIэ­гъуэнхэр. 

ЗэгурыIуэныгъэм и ­утыкум и мызакъуэу, «ЗыгъэпсэхупIэ» скверри а махуэм цIыху кIуапIэ хъуат икIи къыумыцIыхужыну щхъуантIагъэрэ дахагъэкIэ гъэнщIат: удз гъэгъа зэмыфэгъухэр, IэпщIэлъапщIэхэм я IэрыкI, бзылъхугъэхэм зэрызагъэдахэ цIугъэнэхэр, хьэпIацIэщыгъэкIэ зэIуща цIыкIуфэкIухэр, гуащэхэр, ятIэ гъэжьам, пхъэм, гъущIым, цым, фэм, щэкIым, тхылъымпIэм къы­хэщIыкIа хьэпшыпхэр щагъэлъагъуэ жармыкIэр, сурэт гъэлъэгъуэныгъэхэр, нэ­гъуэщI­хэри. А псом къадэ­кIуэу балигъхэмрэ сабийхэмрэ яхуэгъэза мастер-класс щхьэпэхэр, лекцэхэр къызэрагъэпэщащ.
ЩхъуантIагъэмрэ даха­гъэм­рэ фIыуэ зылъагъу ини цIыкIуи а махуэм я IутIыжт! ЩIыуэпсым къигъэщIа дахагъэхэм ящыщ удз гъэгъахэм цIыхухэм я гукъыдэжыр къы­зэраIэтам, зэрагъэгуфIам шэч хэлъкъым. Зи плъыфэрэ теплъэкIэ зэщхьэщыкI, мэ ­гуакIуэ къызыпих гъэгъа ­телъыджэхэм дэтхэнэми тхы­дэ гъэщIэгъуэн яIэжщ. А лэжьыгъэхэм гъунэгъуу бгъэ­дыхьэу еплъыну, ягу ирихьхэр я щхьэм папщIэ е саугъэт щIыкIэу къащэхуну Iэмал яIэт. Удз гъагъэхэр зыгъэкIхэр ­яхутепсэлъыхьащ я удз лIэу­жьыгъуэхэм, абыхэм зэре­лэ­жьым, зэрыкIэлъы­плъым, удз гъагъэхэм я «хьэл-щэнхэм». Нобэ дунейм удз гъагъэ лIэужьыгъуэу 260-м щIигъу тетщ. Ахэри зыбжанэу зэ­щхьэщокIыж. Языныкъуэхэр жыг пэлъытэщ. СурэткIэ е видеокIэ фIэкIа узримыхьэлIэ къэкIыгъэ телъыджэхэри щыIэщ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, щыIэщ кIуэдыж лIэужьыгъуэхэри.
Фестивалым хыхьэу, абы и хьэщIэхэм къыхузэрагъэпэщащ киногъэлъэгъуэныгъэ­хэр, художникхэм я мастер-классхэр, концерт гукъинэж­хэр. Псом хуэмыдэу налшыкдэсхэм щIэщыгъуэ ящыхъуащ Москва, Санкт-Петербург, Воронеж, Къэзан къалэхэм я Уэрам театрхэм я артистхэм я лэжьыгъэхэр. Гуащэ теплъэ зиIэ, лIыхъужь цIэрыIуэхэм я фэилъхьэгъуэхэмкIэ зызыхуэпа артистхэм  ягъэлъэгъуащ гушыIэ жанрым щыщ спектакль зыбжанэ. Ахэр балигъ­хэми сабийхэми щIэ­щыгъуэ ящыхъуащ.
ФокIадэм и 8-м пщы­хьэщхьэм сыхьэт 20-м фестивалыр зэхуащIыжащ Ковалёвэ Елизаветэ и джаз квартетымрэ «8 bit» кавер-гупым­рэ я концерткIэ. Ар ягъэдэхащ саксофонист икIи композитор Головня Сергейрэ уэрэджы­IакIуэ Синяевэ Ольгэрэ. Пшы­хьым екIуэлIахэм кон­цер­тыр ягу ирихьащ, загъэпсэхуащ.
Удз гъагъэхэм я фестивалыр куэдым ягу ирихьащ, дэтхэнэми Iэмал яIащ IэпщIэ­лъа­п­щIэхэм  я лэжьыгъэхэм зыщагъэгъуэзэну, республикэм щыпсэухэмрэ и хьэщIэ­хэмрэ  мыбдеж  я нэгу зыщрагъэужьыну. Псом хуэмыдэу мы гъэм сабийхэм гулъытэ нэхъыбэ яхуэтщIащ, нэгу­зыужь джэгукIэ зэмылIэу­жьыгъуэхэр программэм ­хэдгъэхьэри, - жиIащ Налшык къалэм зегъэужьынымкIэ «Платформа» институтым и унафэщI Шыхъуэстэн Окса­нэ. - Гуапэщ Iуэхум гъэ къэс нэхъри зэрызиубгъур, цIыху нэхъыбэ къызэрыришалIэр. Зэхыхьэр зыфIэгъэщIэгъуэнхэм къазэрыхэхъуэр, нэ­гъуэщI щIыналъэхэм къикIахэр къызэрекIуалIэр и щы­хьэтщ ар цIыхухэм ягу зэ­рыдыхьэм.
Хабзэ хъуауэ нэр зыгъэдахэ мы фестивалым унагъуэхэр, зэныбжьэгъухэр зэгъусэу хэтщ, республикэм щыпсэу­хэм­рэ абы и хьэщIэхэмрэ ­нэхъри зэкъуегъэувэ, гуапагъэрэ дахагъэкIэ зэдогуашэ.  Зэхыхьэм екIуэлIахэм я нэгу зиужьауэ, удз гъагъэ лIэужьыгъуэхэм зыхагъэгъуэзауэ, абыхэм ятеухуауэ щIэ куэд ­къащIауэ зэбгрыкIыжащ. КъызэщIэпкъуэжмэ, удз гъэгъа зэмылIэужьыгъуэу 400-м нэблагъэ махуитIым ягъэлъэгъуащ. Гъэмахуэр зэрырагъэжьэж фестивалыр куэдым гукъи­нэж зэращыхъунум шэч хэлъкъым. 

ТЕКIУЖЬ  Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.05.2026 - 09:03

Наркотикым щахъумэ

КъБР-м щыIэ МВД-м къыщапщытэжащ «Ажалыр щащэр къыджеIэ» наркотикым пэщIэт урысейпсо акцэм и япэ Iыхьэм кърикIуахэр.

16.05.2026 - 09:03

Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым накъыгъэм и 14-м щекIуэкIащ адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я фестиваль-зэпеуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIы

15.05.2026 - 15:02

Къытхуэнащ и гуащIэр

УсакIуэ, зэдзэкIакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, щэн­хабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьа­кIуэ Елгъэр Кашиф Мысост и къуэм и фэеплъ пхъэбгъу ар щыпсэуа, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым тет 42

15.05.2026 - 09:03

Университетыр къыхызох

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэ­бэрдей-Балъкъэр къэрал университетым  и бжэхэр махуитIкIэ яхузэIуихащ школыр мы гъэм къэзыух ныбжьыщIэхэм.

15.05.2026 - 09:03

Дипломат ныбжьыщIэхэр ягъэхьэзыр

ООН-м къызэригъэпэщ «Мамырыгъэм    и жьэгу» джэгукIэм тращIыкIауэ Кавказ Ищхъэрэм щрагъэкIуэкI зэхыхьэр иджы­благъэ ди республикэм щызэхашащ.