Бжьыхьэ пасэм пэджэжу

Къэбэрдей-Балъкъэрыр къызэ­ры­у­нэхурэ илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ щыIэ галереем къыщызэ­Iуахащ «Дахагъэр зи псэм хэлъхэр» гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэныр. 

Мыбы утыку къыщрахьащ республикэм и сурэтыщI пажэхэм я лэжьыгъэхэри, ныбжьыщIэхэм ящIахэри. Абы ущеплъыфынущ Аккизов Керим, Тураев Рустам, Иуан Рустам, Хъалил Миланэ, ХьэцIыкIу Миланэ, Дзэгъэл Iэуес, Смуровэ Элеонорэ, Аханов Александр сымэ я лэжьыгъэхэм. Бжьыхьэ пасэм и къеблэгъэкIэм пэджэж сурэтхэмрэ инсталляцэхэмрэ щызэхэухуэнащ плъыфэ зэхуэмыдэхэр.  КъызэгъэпэщакIуэхэм къыхагъэщащ гъэлъэгъуэныгъэм ­гущIагъщIэлъ къэIуэтэкIэ зэхуэмыдэ­хэр къигъэлъагъуэу зэрызэхагъэувар. Сурэтхэр зэм щхъуэкIэплъыкIэщ, зэм щымщ, зэм нэжэгужэщ, зэм пшэплъ мащIэкIэ иIа пшыхьхэр уагъэлъагъу. 
Аккизов Керим и лэжьыгъэхэм бжьы­хьэ дунейм и хъугъуэфIыгъуэхэр къыхощ. Гъэлъэгъуэныгъэм хэтщ абы и «Зыгъэпсэхугъуэ» инсталляцэр, «Удз­хэр» сурэтхэр. Тхыпхъэхэм, плъы­фэхэм, дамыгъэхэм я дунейм ухешэ ХьэцIыкIу Миланэ и «Махуэрытх ­щхъуантIэ» сурэт зэрыIыгъым. Макшаевэ Алия и лэжьыгъэхэм къыхощ литературэ лIыхъужьхэр. Мы гъэлъэгъуэныгъэм хэтщ Брэдбери Рэй и «Къэрабэхэм къыхэщIыкIа шагъыр» романым абы трищIыкIа арт-тхы­лъыр. Сокъур Каринэ гукъыдэжыр зэ­риIэт Iэмалщ плъыфэхэмкIэ IэкIуэ­лъакIуэу къызэрыдэпсалъэр. Хъалил Миланэ игъэлъагъуэ «Iэуэлъэуэншагъэ» зы­фIи­­ща сурэт гупым щызэщIэжьыуэркъым плъыфэ щхъуэкIэплъыкIэхэр, атIэ абыхэм гур ягъэпсэху, хуэму гупсысэм ухашэ. Дзэгъэл Iэуес «Па­сэрей Налшык» зыфIища сурэтым щыдолъагъу Къэбэрдей уэрамым и зы плIанэпэ. Абы иIэщ пасэрей теплъэ: «Победа» киногъэлъэгъуапIэм, абы пэгъунэгъу унэ лъахъшэхэм, фащэ ящыгъыу уэрамым къыдыхьа бзылъхугъэхэм, шыгу зэщIэщIам кIэлъыбанэ хьэм, бжыхькIэ къэхухьа пщIантIэм щып­лъагъу жьыщIыгъэ кIапсэм гупсы­сэхэр блэкIам яшэж. Иуан Рустам и ­теплъэгъуэхэр нэхъапэхэм ягъэлъа­гъуэу дызэмыса лэжьыгъэ гъэщIэ­гъуэнщ - псы зэрыт банкIхэм «ириубыдащ» - зым шэIумылхэр, адрейм хы ­Iуфэм зэрыIут вакъэ, ещанэм псыIэфI щIыIэхэр. 
Къалэм и щытыкIэр, зыщIыкIэр, щIэрэщIэкIэр икIи зыгъэфIэкIэр уэзыгъэлъагъу сурэт къыхэщыпыкIахэрщ гъэлъэгъуэныгъэм щызэхуахьэсар. Гъуазджэм и дуней щэхукIэ бжьыхьэм хыхьэну гукъыдэж зиIэхэр галереем фрагъэблагъэ фокIадэ мазэр и кIэм нэблэгъэху. 
ГУГЪУЭТ  Заремэ.
Сурэтхэр  Къарей  Элинэ  трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.09.2026 - 09:19

Щапхъэу щIэблэхэм къахуэнэнущ МэшбащIэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мей­къуапэ щызэхаша, тхакIуэ цIэрыIуэу, жылагъуэ лэжьакIуэ емызэшу щыта, Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь МэшбащIэ Исхь

10.09.2026 - 09:14

Ди адэхэм я щIыналъэр

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм Ткаченкэ Анд­рей и цIэр зезыхьэм, гъэ­лъэ­гъуэныгъэ телъы­джэ щокIуэкI.

09.09.2026 - 09:03

ЩIалэгъуалэм я упщIэхэм нэхъыжьхэм жэуап ират

Дзэлыкъуэ районым щекIуэкIащ эктремизмэмрэ терроризмэмрэ щIа­лэгъуалэр пэIэщIэ щIыным теу­хуа зэIущIэхэр.

08.09.2026 - 09:13

ЕрыскъыхэкIхэм я къалащхьэщ Налшык

Налшык къалэр, ЗэгурыIуэныгъэм и утыр, мы махуэхэм Урысейм и ерыскъыхэкIхэм я къалащхьэхэм ящыщ зы ­хъуащ.

08.09.2026 - 09:12

Гъагъэ, си республикэ!

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр Театр щхъуантIэм щагъэлъэпIащ «Гъагъэ, си щIыналъэ!» гуфIэгъуэ концерт инымкIэ.