Крахмалымрэ жылапхъэхэмрэ

«Россельхознадзор»-м и щIыналъэ Управленэу Кавказ Ищхъэрэм щыIэм и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш продукцэхэр зыхуригъашэ хамэ къэралхэм къахэхъуэ зэпытщ: абыхэм къахыхьащ Къыргъыз республикэр.

IэщIагъэлIхэм къапщытащ а къэралым хурагъэша нартыху крахмалу тонни 189,75-м яIэ фIагъыр зыхуэдар икIи щыIэ фитосанитар хабзэм къемызэгъ абыхэм къахэкIакъым.

Апхуэдэуи 2024 гъэм и шыщхьэуIум къриубыдэу а IуэхущIапIэм и IэщIагъэлIхэм къапщытащ гуэдз лъэпкъыфIхэм я жылэу килограмм 700. Ахэр хурагъэшащ Кавказ Ищхъэрэм и адрей щIыпIэхэм, Краснодар крайм, Кърымым, Тэтэрстаным, Мордовием, Башкирием, Марий-Элым, нэгъуэщI щIыналъэ 28-м. Абыхэм гуэдз жылапхъэхэр щыхасэнурэ ахэр къызэрыхъу щIыкIэр, гъавэм и бэвагъ хъунур, нэгъуэщIхэри зрагъэщIэнущ.

ТОМЭКЪУЭ Iэдэм.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.02.2026 - 17:23

МурадыфIхэм хуэгъэпса зэхуэсыпIэщIэ

Урысейм щыяпэу ди республикэм щы­зэхэтащ социальнэ архитектурэм, жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэ хэха зиIэ Iуэхухэр щIэм тету зэтеухуэным, мурадышхуэхэм хуэгъэпса щIыналъэ сессиер.

13.02.2026 - 09:13

Я нэIэ зытетыпхъэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокуратурэм къыщапщытэжащ блэкIа илъэсым я лэжьыгъэм кърикIуахэр, яубзыхуащ законымрэ хабзэмрэ гъэбыдэным ехьэлIауэ 2026 гъэм зэфIахыпхъэхэр.

13.02.2026 - 09:12

ЩIэныгъэмрэ унагъуэмрэ

«Урысейм и егъэджа­кIуэ­хэр» урысейпсо форумым жыджэру хэтахэм ящыщщ ди университетыр.

13.02.2026 - 09:10

ГъэпцIакIуэхэм япэщIоувэ

ГъэпцIакIуэхэр куэд хъуащ ди зэманым. Псом хуэмыдэу телефонкIэ апхуэдэ мыхъу­мыщIагъэ зезыхьэ щIэпхъаджащIэхэм махуэ къэс япэщIохуэ цIыхубэр. 

12.02.2026 - 09:03

Хэкум и хъумакIуэхэм я фэеплъ пхъэбгъухэр

Дзэлыкъуэ щIыналъэм и къуажэ курыт еджапIэхэм фэеплъ пхъэбгъухэр щыхуфIадзащ Хэкум и хъума­кIуэхэм.