НэхъыфIыр къыхах

«Урысейм и щэнхабзэ къа­лащхьэ-2026» зэпеуэм и IэIэтыр мэлыжьыхьым и 17 лъандэрэ щокIуэкI къэрал Iуэху­тхьэ­бзэ­хэр щыхуащIэ гуэ­дзэным. 

Налшыки ящыщщ а щIы­хьыцIэр къыхуагъэфэщэну хущIэкъуу зэхьэзэхуэм хэт къалэ 26-м. КъэпщытакIуэ гупым хэтхэм зэхалъхьэжынущ Интернет IэIэтым кърикIуэнухэр. Зэпеуэм пашэ щыхъуну къалэм социаль­нэ, экономикэ, щэнхабзэ, нэ­гъуэщI лъэныкъуэхэмкIэ зрагъэужьыну Iэмал яIэнущ. Абы ­туристхэмрэ хьэрычэ­тыщIхэмрэ щIыналъэм нэхъри къришэлIэнущ. 
Къапщтэмэ, Налшык къалэм хуэфащэщ зэпеуэм щытекIуэну. Иужьрей илъэситхум къриубы-дэу щIыпIэм зыхуей щы­хуа­гъэ­зэжащ ГъуазджэхэмкIэ сабий еджапIэхэмрэ Музыкэ школхэмрэ, Сабий художественнэ шко­лыр, ахэр зыхуеину Iэмэ­псымэхэри щIагъэуващ. НыбжьыщIэ, Гуащэ театрхэр зэрагъэпэщыжащ, Щэнхабзэ зыу­жьыныгъэмкIэ центр щау­хуащ, модельнэ библиотекэхэр къы­щызэIуахащ. Апхуэдэу, Къэ­бэр­дей-Балъкъэрым и къэ­ралы­гъуэр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ къызэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэп­сэху­пIэм хы­хьэу гъуазджэ галерее яухуащ. Дызэрыт илъэсым иджыри зы библиотекэрэ виртуальнэ концерт залрэ къызэ­Iуахынущ. 
ЩIыналъэм и библиотекэхэм я фондым зэпымыууэ хагъа­хъуэ, лъэпкъыбэ, дунейпсо кинофестивалхэр, щэнхабзэ-­нэгузыужь зэхыхьэхэр къы­щызэрагъэпэщ. Къалэ театрхэм артист Iэзэхэм спектакль гъэщIэгъуэнхэр щагъэлъагъуэ.
ЩIыналъэм и бюджет IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм, щэнхабзэ IэнатIэхэм пэрытхэри хы­хьэу, я улахуэм гулъытэ хэха ­хуащI хъуащ. КъыжыIапхъэщ, иужьрей илъэсищыр къапщ­тэ-мэ, абыхэм я лэжьапщIэр гъэ къэс проценти 10-кIэ къызэра­Iэтар. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и уна­фэкIэ, щэнхабзэмрэ гъуазджэм­рэ я лэжьакIуэхэр зэрагъэлъапIэ театр грантхэмрэ стипендие­хэмрэ тIукIэ хагъэ­хъуащ. Республикэм и Iэтащхьэм и стипендиер хуагъэ­фэщащ щIыналъэм и музыкант ныбжьыщIэхэм, макъамэ Iэмэпсымэхэм Iэзэу еуэ щIа­лэгъуалэм.
«Илъэсым и щэнхабзэ къа­лащхьэ» зэпеуэр етIуанэу къы­зэрагъэпэщ. 2023 гъэм абы зэуэ къалитI пашэ щыхъуащ. Новгород Ищхъэрэр цIыхубэ IэIэтым щытекIуащ икIи къэп­щытакIуэ гупым хэтхэм «Урысейм и щэн­хабзэ къалащхьэ-2024» щIыхьы­цIэр абы хуагъэфэщащ. Нэгъабэ цIэ лъапIэр Грознэ къалэм иратащ. Зэпеуэм кърикIуахэр дыгъэгъазэм и 12-м наIуэ ящIынущ.
Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Нал­шыкрэ я махуэшхуэхэр щагъэлъапIэм ирихьэлIэу иджыри зэ фигу къыдогъэкIыж ди республикэм и къалащхьэм папщIэ Iэ фIэтыну.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.02.2026 - 17:23

МурадыфIхэм хуэгъэпса зэхуэсыпIэщIэ

Урысейм щыяпэу ди республикэм щы­зэхэтащ социальнэ архитектурэм, жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэ хэха зиIэ Iуэхухэр щIэм тету зэтеухуэным, мурадышхуэхэм хуэгъэпса щIыналъэ сессиер.

13.02.2026 - 09:13

Я нэIэ зытетыпхъэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокуратурэм къыщапщытэжащ блэкIа илъэсым я лэжьыгъэм кърикIуахэр, яубзыхуащ законымрэ хабзэмрэ гъэбыдэным ехьэлIауэ 2026 гъэм зэфIахыпхъэхэр.

13.02.2026 - 09:12

ЩIэныгъэмрэ унагъуэмрэ

«Урысейм и егъэджа­кIуэ­хэр» урысейпсо форумым жыджэру хэтахэм ящыщщ ди университетыр.

13.02.2026 - 09:10

ГъэпцIакIуэхэм япэщIоувэ

ГъэпцIакIуэхэр куэд хъуащ ди зэманым. Псом хуэмыдэу телефонкIэ апхуэдэ мыхъу­мыщIагъэ зезыхьэ щIэпхъаджащIэхэм махуэ къэс япэщIохуэ цIыхубэр. 

12.02.2026 - 09:03

Хэкум и хъумакIуэхэм я фэеплъ пхъэбгъухэр

Дзэлыкъуэ щIыналъэм и къуажэ курыт еджапIэхэм фэеплъ пхъэбгъухэр щыхуфIадзащ Хэкум и хъума­кIуэхэм.