Хамэ къэралхэми щацIыху

УФ-м и Федеральнэ таможеннэ къулыкъум иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ - бадзэуэгъуэ мазэхэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш-промышленнэ комплексым и продукцэу доллар мелуан 23,9-рэ и уасэ хамэ къэралхэм яхуригъэшащ. Дызэрыт илъэсым абыкIэ ятелъ къалэным псори зэхэту процент 72-кIэ щIрагъэгъуащ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым нэхъыбэу ираш гъавапхъэхэр, IэфIыкIэр, кхъуейхэкIыр, лыр, нэкулъ лIэужьыгъуэхэр, фадэхэкI-псыIэфIхэкIхэр, крахмалыр, спиртыр, Iусыпхъэхэр, нарзаныпсыр, хадэхэкI гъэфIэIуахэр, нэгъуэщIхэри. Ахэр яIэрохьэ Куржым, Абхъазым, Узбекистаным, Тыркум, Азербайджаным, Армением, Къыргъызым, Белоруссием, Таджикистаным, Къэзахъстаным, Тыркумэным, Молдовэм, Осетие Ипщэм - псори зэхэту къэралым 20-м щIигъум.

Псалъэм папщIэ, дызэрыт илъэсым и щIышылэ - мазаем хуэзэу нартыху жылэу тонн 800,5-рэ ярищащ Белоруссиемрэ Къэзахъстанымрэ икIи ар процент 25-кIэ нэхъыбэщ гъэ кIуам и апхуэдэ лъэхъэнэм  къриубыдэу  щыIа бжыгъэхэм елъытауэ. Абы нэмыщI, нартыху жылэу тонни 6 Ермэлым япэу хурагъэшащ.

Апхуэдэуи ди республикэм къыщыщIагъэкI продукцэхэм я фIагъыр зыхуэдэр щащIэ Монголием, Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм, Китайм (IэфыкIэхэр), США-рэ Канадэмрэ (псыхэкIхэмрэ нарзаныпсымрэ), нэгъуэщI щIыпIэхэми.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

06.06.2026 - 09:03

Гъуэгу насыпыншагъэхэм хохъуэж

КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгухэм шынагъуэншагъэр къызэрыщызэгъэпэщамрэ транспорт зэжьэхэуэхэм я бжыгъэр гъэмэщIэ­нымкIэ къагъэсэбэп Iэмалхэмрэ. 

05.06.2026 - 09:03

Саугъэтхэмрэ фэеплъ тыгъэхэмрэ хуагъэфащэ

КъБР-м щыIэ МВД-м ­щагъэлъэпIащ сабийхэм твор­чествэмкIэ я урысей­псо зэпеуэм, «Полицейский дядя Стёпа» фIэщыгъэр зезыхьэм, и республикэ Iыхьэм щытекIуахэр. 

05.06.2026 - 09:03

ДэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэу зыхуагъазэ

«Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и Iуэху­щIапIэм лъэIукIэ зы­хуэ­зы­гъэ­захэм яIущIащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Щхьэгуэш Адэлбий.

04.06.2026 - 15:02

Iуэхугъуэ 15-м нэблагъэ

КъБР-м и Парламентым и Уна­фэщI Егоровэ Татьянэ мэкъуауэ­гъуэм и 2-м иригъэкIуэкIа зэIущIэм Iуэхугъуэ 15-м нэблагъэм щы­хэп­лъащ.

04.06.2026 - 09:49

ЩIыналъэ бюджетыр зэрагъэзащIэр

Урысей Федерацэм и Къэрал Советым и комиссэм видео зэпыщIэныгъэкIэ «Экономикэмрэ финансхэмрэ» унэ­тIы­ныгъэмкIэ конференц иригъэ­кIуэкIащ.