ФIыуэ еджахэм пщIэ хуащI![]() Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ унафэ къыщащтащ Зыуэ щыт къэрал экзаменхэм (ЕГЭ) балл 80-м щIигъу къыщызыхьахэм япэ семестрым къриубыдэу мазэ къэс ахъшэ саугъэту сом мин пщIырыпщI иратыну. Апхуэдэ хъыбар зэбгригъэхащ КъБКъУ-м и управленэм и унафэщI Вындыжь Альбинэ. Университетым апхуэдэуи гулъытэ хэха щыхуащIынущ ЕГЭ-м балли 100 къыщызыхьа ныбжьыщIэхэри. Абыхэм зэ тыгъуэу сом мини 100 зырыз иратынущ. Гулъытэншэ хъунукъым еджакIуэхэм я урысейпсо зэхьэзэхуэхэм къыщыхэжаныкIахэри. КъБКъУ-м и тхыдэм щыяпэу абыхэм ящыщу цIыхуитI мы гъэм къыщIэтIысхьащ. Ахэри сом мини 100 зырызкIэ ягъэгуфIэнущ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||









