Урысейм и МВД-м Налшык къалэм щиIэ къудамэм и Автоинспекцэм и лэжьакIуэхэмрэ МафIэсым пэщIэтынымкIэ къэрал IуэхущIапIэм граждан зыхъумэжыныгъэмрэ къэхъукъащIэ къызэрымыкIуэхэм защыхъумэнымкIэ и центрым и егъэджакIуэ Аброкъуэ Мадинэрэ ведомствэм щIэмыт хъумакIуэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм дерсхэр драгъэкIуэкIащ.
Iуэхум щыщIидзэм автоинспекторхэм къызэхуэсахэр щыгъуазэ ящIащ гъуэгу-транспорт фэбжьым ехьэлIа щытыкIэр къалэмрэ республикэмрэ зыщыхуэдэм, зэпкърахащ гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэмрэ рулым дэсхэм, лъэсырыкIуэхэм хабзэр уэим зэращIамрэ кърикIуахэр.
Къэрал автоинспекцэм и лIыкIуэхэм я лэжьэгъухэм зыхуагъэзащ рулым щыдэскIэ набдзэгубдзаплъэу щытыну, псом хуэмыдэу школхэм, сабий садхэм, пщIантIэхэм я Iэгъуэблагъэм. Ахэр зэрызекIуэ псынщIагъым я нэIэ тетыну къыхураджащ автомашинэр и чэзум къэгъэувыIэфын папщIэ, апхуэдэуи сабийхэр къыщрашэкIкIэ абы хуэщIа Iэмэпсымэхэмрэ бгырыпх шынагъуэншэмрэ къагъэсэбэпыну.
Аброкъуэ Мадинэ IэнатIэм и лIыкIуэхэм мастер-классхэр ядригъэкIуэкIащ, автомобиль къэхъукъащIэхэм лей зыщытехьахэм япэ дэIэпыкъуныгъэ етынымкIэ я щIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ хэгъэхъуэным ехьэлIауэ. АдэкIэ ар зэпкърыхауэ къытеувыIащ гум, тхьэмбылым зэран хуэхъуамэ, апхуэдэ цIыхум зэрыдэIэпыкъупхъэ Iэмал- хэм, лъы щIэкIмэ, бэуэну къехьэлъэкIмэ ар зэрагъэIэпхъуэмрэ зэрыIыгъыпхъэмрэ. Апхуэдэуи гу лъаригъэтащ лей зытехьам япэу хуэза цIыхум, дэIэпыкъэгъу хъунухэр къэсыху, зэфIихыпхъэхэм. Мыбдеж мыхьэнэшхуэ иIэщ «зэран ухуэмыхъу» хабзэ нэхъыщхьэм тетын зэрыхуейм.
Апхуэдэуи дэтхэнэри щыгъуэзапхъэщ зэкIэлъыкIуэу гъэзэщIэн хуейхэм, пщIэ мыхъунухэм.
- ДэIэпыкъуэгъу псынщIэ гупыр къеджэным, лей зытехьам бгъэдэтыным, мыгужьеин папщIэ епсэлъэным языныкъуэхэм деж куэдкIэ нэхъ мыхьэнэшхуэ иIэщ, - жиIащ егъэджакIуэм.
ЗэIущIэм и кIэухым мастер-классым хэтахэм автоинспекторхэмрэ МЧС-м и IэщIагъэлIымрэ фIыщIэ хуащIащ дерсым папщIэ.