«НыбжьыщIэ» профилактикэ Iуэхум хыхьэу Урысей МВД-м и Налшык управленэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и инспекторхэм Налшык къалэм дэт курыт еджапIэ №23-м и 6-нэ классым щIэсхэм зыщрагъэплъыхьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и Кинолог IуэхущIапIэ центрым.
Центрым и унафэщIым и къуэдзэ, полицэм и капитан Шорэ Амур ныбжьыщIэхэм яхутепсэлъыхьащ я лэжьыгъэм, щIэпхъаджагъэхэр къэмыгъэхъуным, апхуэдэхэр сэтей къэщIыным, административнэ хабзэншагъэхэр къызэпыудынымрэ жылагъуэ хабзэр хъумэнымрэ хьэхэр ящIыгъуу зэрызэфIахым.
Полицейхэм абыхэм ирагъэлъэгъуащ я хьэхэр зэрыжыIэдаIуэр, лъэпощхьэпохэм зэрыфIэкIыр, щIэпхъаджащIэхэр зэраубыдыр, хьэпшыпхэр, абы Iэщэхэмрэ наркотикхэмри хыхьэу, мэкIэ къызэрагъуэтыр.
Кинолог-IэщIагъэлIхэм ныбжьыщIэхэм ирагъэлъэгъуащ Центрым и щIыналъэм щыIэ вольерхэмрэ ветеринар клиникэмрэ. Абы дохутыр-ветеринарым хьэ гъэсахэр Iэмал имыIэу къыщызэпеплъыхь, еIэзэн папщIэ. Псэущхьэр изоляторым щаIыгъщ, ар хъужыху.
Урысей МВД-м и Налшык управленэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и инспектор, полицэм и лейтенант нэхъыжь Безрокъуэ Сабинэ ныбжьыщIэхэм яжриIащ тхыгъэ, художественнэ фильм куэдым хьэхэм я псэеблэжыныгъэр лъабжьэ зэрахуэхъуар, ахэр зейхэм зэрахуэпэжыр, зэрахъумэр къызэрагъэлъагъуэр.
ШколакIуэхэм къызэгъэпэщакIуэхэмрэ кинолог центрым и лэжьакIуэхэмрэ фIыщIэ хуащащ гъэщIэгъуэн куэдым зэрыщагъэгъуэзам папщIэ, жаIащ мыгувэу зэхуэзэным зэрыпэплъэнур.