ЦIыхум щIыр къызэригъэсэбэпымрэ абы зэманым декIу гъащIэ къыщызэгъэпэщынымрэ тегъэщIащ дунейм къыщыхъу дэтхэнэ зы зэхъуэкIыныгъэри. Псалъэм папщIэ, илъэс тIощIырыпщI ипэкIэ Iуэхутхьэбзэ зэмылIэужьыгъуэхэр щагъуэт щIыпIэхэр, зыгъэпсэхупIэхэр, сату щIыпIэхэр жыжьэуи зэпэгъунэгъуу щытакъым икIи зы Iуэху пыухыкIакIэ ежьам абыхэм языхэзыр махуэ псом хузэщIэгъэ-хьэ къудейт. Нобэ нэрылъагъуу псоми захъуэж: къалэхэм я теплъэм, гъуэгухэм я укъуэдиикIэм, IуэхущIапIэхэм я къызэгъэпэщыкIэм, ауэ, жыпIэнурамэ, ноби ар есу зэгъэкIуа хъууэ пхужыIэнукъым - абы егъэпIейтей дуней псом щынэхъ къалэ ин дыдэхэри.
Дауэ хъуми, а Iуэхур зэрефIэкIуэным псори толажьэ, зым къигъуэт хэкIыпIэхэмрэ Iэмалхэмрэ адрейм щапхъэ хуэхъуу. Ди щIыналъэр къатщтэмэ, урысхэм зэрыжаIэу, «уэшх нэужь Iэгъэбэгуу», фэтэр куэду зэхэт унэ зэтет лъагэхэр къалэ гъунэм ихъуреягъкIэ къыщызэщIэроуэ. ЛифткIэ дэкIуей-къехыжу абыхэм цIыхур щыпсэуным дэрэжэгъуэшхуэ, дауи, къыхахыркъым, ауэ зэманыр абы хуэкIуащ, зы фIы гуэр хэлъыххэмэ, абы и кIапэр яубыдын хуейуэ - ар апхуэдэ унэ инхэм цIыхур зыхуеину Iуэхутхьэбзэхэмрэ щхъуантIагъэ куэд щызэхэт лъэс зекIуапIэхэмрэ зэрыхрагъэубыдэрщ. А Iуэхум теухуауэ зыужьыныгъэр щылъагэ адрей къэралхэм я щапхъэхэм уахэплъэн къудейр гъэщIэгъуэнщ.
ЦIыхухэм я псэуныгъэм зи къалэхэр нэхъыфI дыдэу хуэщIауэ нобэ дуней псом къыщалъытэр Нидерландхэрщ. Къэралыр зэрыщыту къызэхэпкIухьыфынущ мафIэгухэмкIэ, ауэ бжьыпэр зыIыгъыр жьыми щIэми, уеблэмэ къулыкъущIэхэми зэхуэдэу къагъэсэбэп лъакъуэрыгъажэхэрщ. Псыр хуэфIу зыдэт кIэнауэшхуэхэм я Iуфэм Iут уэрам бгъузэхэм уздрикIуэм, дэнэкIи тыкуэн мыинхэм я гъэлъэгъуапIэ гъэщIэрэщIахэр, шхапIэ цIыкIухэр щыкуэдщ. Абы папщIэ транспортыр щыIув гъуэгухэм узэпрыкIын хуей хъуркъым, машинэхэм къапих газ зэраным ухэту. Унэхэм я щхьэгъубжэ инхэр зэIухащ, Iупхъуэ лъэпкъи щызекIуэркъым. А хабзэр XVI лIэщIыгъуэм - Нидерландхэр Испанием щиIыгъа зэманым - къежьауэ яIуатэ. Тепщэгъуэр зыубыдахэр тешыныхьырт а къэралым и цIыхухэр зы щIыпIэ хэхам щызэхуэсыным. Абы къыхэкIыу хабзэм и хъумакIуэхэм унэ къэс щекIуэкIыр ялъагъуу щытын хуейт. Но- бэ абы цIыхухэр зэреплъыр ягъэпщкIун хуей Iуэху зэракъуэмылъыр къагъэлъагъуэу аращ. ИтIанэ, зым ищIэн хуейуэ къелъытэ адрей гъунэгъухэм я деж къыщыхъур.
Нобэ зэманым къыдэкIуа къалэ ухуэкIэхэм Iуэхур щынэсым, къэралым и цIыхухэр къэуващ, къадекIуэкIар яхъумэну зэрыхуейм и телъхьэу. Зы бетэмалкIэ а кIэнауэ инхэр ягъэсейуэ, абыхэм я пIэкIэ транспорт гъуэгухэр яухуэну хуежьат… Нобэ Амстердам зыгъэдахэ унэхэм я нэхъы-бэр а къэралым и экономикэ, культурэ зыужьыныгъэр нэхъ лъагапIэ ды- дэм нэсауэ къыщалъыта XVII лIэщIыгъуэм яухуащ. Ныбжь зиIэ дэтхэнэ адрей къалэхэми хуэдэу, апхуэдэ гъэпсыкIэр зэманым хэмызэгъэж хъуащ, цIыхухэми транспортхэми я бжыгъэр куэд зэрыхъуам къыхэкIыу. Абдежырщ япэу къыщыунэхуар «иджырей къалэухуэ мардэ» зыфIаща жыла- гъуэ Iуэхур: къалэкур хьэрычэтыщIэ Iуэхухэмрэ нэгузыужьыпIэхэмрэ хуха-хыу, псэупIэхэр къалэ гъунэм яхьыну траухуащ. ЦIыхухэр лэжьапIэм зэрыкIуэну гъуэгуи, метром и линэ зыбжани къалэкум зэпрыкIыу щаухуэнут. АрщхьэкIэ, транспорт гъуэгухэмкIэ зэпрыхукIарэ, дэнэкIи щаухуэ иджырей унэ зэщхь лъагэхэмрэ арэ-зы техъуакъым я гъэпсыкIэ гъэщIэгъуэн яIэжу къэгъуэгурыкIуа къалэ-дэс голландхэр. Зыхуэмей щапхъэу Америкэм и Штат Зэгуэтхэм я къалэхэр щыIэт. Дауэ хъуми, цIыхубэм я псалъэр ищхьэ къэхъури, къалащхьэм и теплъэр къагъэнэжын хуей хъури, ухуэныгъэщIэхэр къалэбгъухэмкIэ къыщращIэкIащ, псоми я зэхуэдэу зэщхьу, тыншу, иджырей щIэблэр зыхуеинухэмкIэ къызэгъэпэща-рэ, цIыхум зигъэпсэхунымкIэ зэран къыхуэхъун лъэпкъи щымыIэу. Ар- щхьэкIэ унафэщIхэр зэрыщымыгугъауэ, Iуэхур нэгъуэщIу къекIэрэхъуэкIащ - хьэблэщIэр псэупIэ зыщIахэм щIэх дыдэу я унэхэр ябгынэу хуе-жьащ, ихъуреягъым псэупIэ унэхэм фIэкIа нэгъуэщI зыри зэрыщымыIэм, Iуэхутхьэбзэ е школ къудей хуей хъумэ къалэкум нэс кIуэныр къазэрыхудэкIым и зэранкIэ. Абы и закъуэтэмэ удэкIуэтэнт: зэман кIэщIым къриубыдэу а хьэблэхэм щетIысэхыу хуежьащ нэгъуэщI къэралхэм къиIэпхъукIа мигрантхэр. А псоми иригъэхуэхыу хуежьащ куэдкIэ зыщыгугъа хьэблэщIэхэм я пщIэр, «трущоба»-кIэ зэджэ хьэблэхэм хуэкIуэжыным къэнэжа щIагъуэ щымыIэу.
Абы пэмыплъа къалэухуэхэм я щхьэр къыфIэхуащ, къращIэкIа унэхэри здахьынур ямыщIэрэ яухуар якъутэжи мыхъуу. Апхуэдизу зэхэзэрыхьар зэуэ зэхихыжащ зэрымыщIэкIэ къэхъуа мыпхуэдэ Iуэхум.
1992 гъэм унэхэм я нэхъ иным, унагъуищэм нэс зыщыпсэум, къытехуэу кхъухьлъатэр къехуэхащ икIи псынщIэрыщIэу абы щыпсэухэр къыщIагъэIэпхъукIын хуей хъуащ. Абдежым къыщыщIэдзауэ коробкэм хуэдэу къращIэкIа унэ зэщхь къомыр ирахыжри, абыхэм я пIэкIэ унэ зэтет мылъагэ екIухэр иращIыхьащ, къалэкум нэс кIуэ трамвай, лъакъуэрыгъажэ гъуэгухэр, лъэс зекIуапIэ зэпэщхэр яухуащ. Апхуэдэу абы къыщызэIуахащ стадионхэр, шхапIэхэр, тыкуэнхэр, нэгузегъэужьыпIэхэр, концерт щат утыкухэр. Зэман дэкIри, хьэблэщIэм и пщIэр къэIэтыжа хъуащ, цIыху куэдми псэупIэ яхуэхъужащ. Нидерландхэм и къалэхэр зэIузэпэщ щащIкIэ, ноби къыпакIухь зэгуэр яIэщIэщIауэ щыта а щыуагъэм. Апхуэдэ щапхъэхэр гъунэжщ икIи куэдым ухуэзыущийщ.
Налшык и хьэблэщIэхэр, гу лъыфти, а щапхъэфIым тету къращIэкI. Нобэ къэгъуэтыгъуейщ сквер дахэхэр, джэгупIэхэр, нэгузегъэужьыпIэхэр, сату щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэр здэщымыIэ.