ЦIыхухэм я псэукIэр ирагъэфIакIуэ

2024 гъэм и щIышылэ – бадзэуэгъуэ мазэхэм къриубыдэу Урысей Федерацэм къызыхуэтыншэу щызэрагъэпэщыжащ фэтэр куэду зэхэт, псори зэгъусэу цIыху мелуан 1,7-м щIигъу зыщIэс унэхэр. Ар иджыблагъэ жиIащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат. 

«Фэтэр куэду зэхэт унэхэр жыджэру щызэбгъэпэщыжын лъэхъэнэщ гъэмахуэ мазэхэр. Гъэплъыгъуэ зэманыр къэмыс щIыкIэ абыхэм ехьэлIа лэжьыгъэхэм я нэхъыбэр зэфIэгъэкIын хуейщ. Дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ унэу мин 11,5-м нэблагъэ къэралым и щIыналъэхэм къызыхуэтыншэу щызэрагъэпэщыжащ. Абыхэм щопсэу цIыху мелуан 1,7-м щIигъу. Лэжьыгъэхэр и кIэм нагъэса иужь, фэтэр куэду зэхэт унэхэм щIэсхэм я псэукIэри ефIэкIуэнущ, тыншыпIи абыхэм ягъуэтынущ. Ди программэхэм щынэхъыщхьэу щытри аращ», - жиIащ Хуснуллин Марат. 
УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэм апхуэдэуи къыхигъэщащ фэтэр куэду зэхэт унэхэр зэгъэпэщыжыным ехьэлIа лэжьыгъэхэр къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 85-м иджыпсту зэрыщекIуэкIыр. Псори зэхэтуи зэIузэпэщ ящIащ метр зэбгъузэнатIэу мелуан 46-рэ. Зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр и чэзум зэрырагъэкIуэкIым, щIэх-щIэхыурэ зэрыкIэлъыIэбэм и фIыгъэкIэ унэхэр нэхъыбэрэ щытынущ, цIыхухэм шынагъуэншэу нэхъыбэрэ къагъэсэбэпынущ. 
Программэм лэжьэн зэрыщIидзэрэ, 2014 гъэ лъандэрэ, фэтэр куэду зэхэт унэу мин 300-м апхуэдэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIащ, абыхэм къызэщIаубыдащ псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэу мелард 1-м щIигъу, а унэхэм, нобэкIэ, цIыху мелуан 40,5-рэ щопсэу. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр мы гъэм жыджэру щрагъэкIуэкI фэтэр куэду зэхэт унэ 75-м. Псори зэхэту абы трагъэкIуэдэнущ сом мелуан 700-м нэблагъэ. Иджыпсту апхуэдэ унэу 61-м лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI, 14-м ахэр щызэфIэкIащ. Илъэсым зэрыщIидзэрэ лифт 22-рэ зэрахъуэкIыну яхузэфIэкIащ. 
А лэжьыгъэхэм хыхьэу унащхьэхэр зэрахъуэкI, унэ IуплъапIэхэр, инженер системэхэр зыхуей хуагъазэ, къагъэщIэрэщIэж, лифтхэр, шахтхэр иджырей мардэм хуагъакIуэ, щIыунэхэр, фундаментхэр ягъэбыдэ, нэгъуэщIхэри иращIылIэ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым ПсэупIэхэр сыт и лъэныкъуэкIи къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжынымкIэ и фондыр ди щIыналъэм зэрыщылажьэ илъэсипщIым къриубыдэу зыхуей хуагъэзащ фэтэр куэду зэхэт унэу 600-м нэблагъэ, лифту абыхэм щызэрахъуэкIащ 200-м щIигъу. Фондым нэгъабэ иригъэкIуэкIа лэжьыгъэхэмкIэ къэралым щыпэрытхэм яхыхьащ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

11.08.2026 - 10:45

Дэрэжэгъуэр хьэщIэхэм къызэпаудащ

«Спартак-Налшык» (На­л­шык) - «Ростов-2» (Дон Iус Ростов) - 0:3 (0:1). Налшык. «Спартак» республикэ стадион. ШыщхьэуIум и 8-м. ЦIыху 648-рэ еп­лъащ. 

11.08.2026 - 09:57

ХэкIыпIэхэмрэ Iэмалхэмрэ яубзыху

КъБКъУ-м и медицинэ академием щекIуэкIащ лышх узыфэм, ар зыпкърыт сымаджэхэм ягъуэтын хуей дэIэпыкъуныгъэм теухуа япэ щIыналъэзэхуаку щIэ­ныгъэ-практикэ конференцэ.

10.08.2026 - 14:25

Темыркъаным и пшыхьхэр

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым мы махуэхэм щызэхуащIыжащ симфоние музыкэмкIэ «Темыркъаным и пшыхьхэр» фестивалыр.

10.08.2026 - 10:57

ХъугъуэфIыгъуэ куэ­дым я гъэтIылъыпIэ

Ди фIыр дымыгъэпудыну, ди Iейр дымыгъэпщкIуну илъэс пщIы бжыгъэ зыбжанэ хъуауэ дыкъыхуезыджэ икIи къыдэущие «Адыгэ псалъэ» газетым и мин 25-нэ къыдэкIыгъуэр ­дунейм къытехьакIэщ.

10.08.2026 - 09:30

Къэбэрдей-Балъкъэрым и ТекIуэныгъэ лъагъуэхэмкIэ

Тэрч районым хыхьэ Акъбащ Ищхъэрэ къуажэм иджы­благъэ щызэхэтащ «КъБР-м и ТекIуэныгъэ лъагъуэхэмкIэ» хэкупсэ лагерыр.