Зи чэзу лэжьыгъэхэр![]() Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэм сэхуран Iухыжыгъуэм жыджэру зыхуагъэхьэзыр мы махуэхэм. Республикэм и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэм псоми зэхэту а къэкIыгъэр тращIащ гектар мин 17,6-м икIи гектар мини 2,5-кIэ нэхъыбэщ нэгъабэ ар зытращIэм нэхърэ. Сэхураныр нэхъыбэу щащIэ хабзэр Прохладнэ, Май, Бахъсэн щIыналъэхэрщ, абыхэм зэхэту гектар мин 12,5-рэ къалъос е псоми я процент 70-р. Сэхураным хухаха щIым и нэхъыбэр мэкъумэш IуэхущIапIэхэм яIыгъщ - процент 11,4-рэ, фермерхэмрэ уней IуэхущIапIэхэмрэ зэхэту гектар мини 5,3-рэ. Адрей къэнар унагъуэхэм къалъос.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||










