НыбжьыщIэхэр ягъэгушхуэ

ШыщхьэуIум и 10-м Урысей Федерацэм щагъэлъэпIащ Физкультурникым и махуэр. Абы хуэгъэпса «Зарядка со стражем порядка» урысейпсо акцэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и полицейхэри жыджэру хэтащ, спорт Iуэхухэр ныбжьыщIэ цIыкIухэм драгъэкуэкIащ.

 

Урысей МВД-м и Прохладнэ къудамэм и лэжьакIуэхэм, абы пыщIа Жылагъуэ советым и унафэщI Клюй Андрей ящIыгъуу, Прохладнэ къалэм дэт «Розовый Фламинго» санаторэ-узыншагъэр щрагъэфIакIуэ сабий лагерым щыIэхэм я Iэпкълъэпкъым зрагъэукъуэдиящ.

Абы хэтащ киокушинкай каратэмкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэхэм щытекIуахэмрэ призерхэмрэ.

ХьэщIэхэм сабийхэм ирагъэлъэгъуащ зыхъумэжыныгъэ Iэмалхэр. Къызэхуэсахэр яфIэгъэщIэгъуэну а псоми кIэлъыплъащ.

Зэхуэзэм пащэу полицэм и лэжьакIуэ-хэм ныбжьыщIэхэм драгъэкIуэкIащ хьэл мыхъумыщIэхэм зыщадзеиным, къытщIэхъуэ щIэблэр гъэсэным теухуа псалъэмакъ щхьэпэ.

- Узыншагъэ, ехъулIэныгъэ фиIэну, гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэ дахэ, гукъыдэж фи куэдыну си гуапэщ. Дэрэжэгъуэ къозытщ щIэблэ узыншэ къызэрытщIэхъуэр, - къыхигъэщащ Клюй Андрей.

ЗэIущIэм и кIэухыу сабийхэм къызэгъэпэщакIуэхэм фIыщIэ хуащIащ къыдрагъэкIуэкIа спорт Iуэхум папщIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.09.2026 - 09:03

И адэм и щIэинхэмкIэ музейм хуоупсэ

Художник Трындык Василий СурэтыщI ­гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, и фондым тыгъэ хуищIащ ­КъБАССР-м щIыхь зиIэ и художник, респуб­ликэм мы IэщIагъэм хуеджа и япэ профессион

13.09.2026 - 09:03

Уи бзэр уи псэу, уи дунейуэ

Ди къэралышхуэм хыхьэ щIыналъэ псоми мы тхьэмахуэм щагъэлъэпIащ УФ-м и Президентым къыхилъхьа жэрдэмым ипкъ иткIэ махуэгъэпсым къыхыхьа махуэщIыр: ди Хэкум щыпсэу лъэпкъ­хэм я бзэхэм я махуэр.

12.09.2026 - 09:03

Лъэпкъыбзэхэм я махуэм ирихьэлIэу

Дызэрыщыгъуазэщи, фокIадэм и 8-м ди къэралым щагъэлъэпIащ Урысей Федерацэм и лъэпкъхэм я бзэхэр хъумэным и махуэр.

12.09.2026 - 09:03

ГъащIэр лъапIэщ

ФокIадэм и 10-м, ЦIыхум зиукIыжыныр къэмыгъэхъуным и дунейпсо махуэм, ирихьэлIэу Урысей ФСИН-м и управленэу КъБР-м щыIэм и IуэхущIапIэхэм щрагъэкIуэкIащ «ГъащIэ» акцэ.

11.09.2026 - 16:11

Хабзэхэр зэрагъэзащIэм кIэлъоплъ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм Хабзэр къызэгъэпэщынымкIэ зэпымыууэ лажьэ и зэзыгъэуIу гупым и зэIущIэ.