Гунэс ящохъу

Урысей МВД-м и Налшык управленэм дэлажьэ Жылагъуэ советым иригъэкIуэкIащ  «Гражданский мониторинг» акцэр. Ар хуэгъэзауэ щытащ цIыхухэмрэ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэмрэ я дзыхьыр гъэбыдэным, апхуэдэуи полицэм и лэжьыгъэм теухуа жылагъуэ кIэлъыныгъэ егъэкIуэкIыным. 
Управленэм дэлажьэ Жы­лагъуэ советым и лIы­кIуэхэу Газаев Масхьутрэ Фырэ Анфисэрэ щыIащ полицэм и ­къалэ управленэм и опорнэ пунктхэм язым. 
Полицэм и участковэ уполномоченнэ нэхъыжь, полицэм и майор ЗэкIурей Мусарэ ­балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ инспектор, полицэм и лейтенант Безрокъуэ Сабинэрэ ахэр щыгъуазэ ящIащ я лэ­жьыгъэм, я нэIэ зытет щIыпIэм щIэпхъаджагъэ къыщымыгъэхъун папщIэ къагъэсэбэп Iэмалхэм. Гулъытэ хэха хуа­щIащ хъыбарегъащIэ стендхэр къызэрызэгъэпэщам. 
Газаев Масхьутрэ Фырэ Анфисэрэ зыщагъэгъуэзащ балигъ мыхъуауэ хабзэм ебэ­къуахэмрэ социальнэ щытыкIэ гугъум ит унагъуэхэмрэ профилактикэ учётым зэрагъэувым, зрагъэщIащ пунктыр техникэ и лъэныкъуэкIэ къызэ­рызэгъэпэщар, цIыхухэр зэры­рагъэблагъэр, зэры­зы­къы-
хуа­гъазэхэмрэ лъэIухэмрэ зэ­ратхым.  
Жылагъуэ лэжьакIуэхэм къы­хагъэщащ хъыбарегъащIэ стендхэм Управленэм и плъыр частым зэрызыпыпщIэнур къызэрыщыгъэнэIуам, «Урысей МВД-м и линэ пщтыр», ­къалэ, республикэ прокуратурэхэм я плъыр прокурорхэм, апхуэдэуи я щхьэ шынагъуэншагъэмкIэ IэнатIэм я телефонхэр зэритым.  
Акцэм кърикIуахэр зэпалъытыжри, Жылагъуэ советым и лIыкIуэхэм къыхагъэщащ хабзэхъумэхэр цIыхухэм гуапэу зэрахущытыр, я IэщIагъэм фIыуэ зэрыхащIыкIыр икIи полицейхэм фIыщIэ ­хуащIащ я лэжьыгъэм папщIэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.06.2025 - 12:25

Къуэныкъуей Назир и фэеплъ зэIущIэ

Совет Союзым и ЛIыхъужь Къуэныкъуей Назир и фэеплъу Шэджэм къалэм щекIуэкIащ зауэ Iэпщэрыбанэ спортымкIэ республикэ зэхьэзэхуэ.

17.06.2025 - 09:04

Бгъэжьхэм я тIысыпIэщ

КъухьэпIэ Кавказым щежэх псы нэхъ инхэм хабжэ Щхьэгуащэрэ Лабэ ЦIыкIурэ я псы къуэпсхэр зэхэзыгуэшыкI джабащхьэ екIуэкIым Бабыгу (Бабук) цIэр зэрехьэ.

17.06.2025 - 09:01

УзэлIалIэращ къолIэлIэжынур

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр университетым IэнатIэхэм зегъэужьынымкIэ и центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ еджапIэ нэхъыщхьэр къэзыуха ныбжьыщIэхэр лэжьыгъэкIэ къызэгъэпэщыным хуэу

17.06.2025 - 09:01

МедалиплI къэралым къыхуахь

Тыркум и Бурсэ къалэм махуитIкIэ щекIуэкIащ зауэ Iэпщэрыбанэ спортымкIэ цIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ я дунейпсо чемпионат. Абы щызэпеуащ къэрал 32-м я спортсмен 300-м нэблагъэ.

16.06.2025 - 09:18

Бгылъэ гъунапкъэхэр яхъумэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Терскол щригъэблэгъащ УФ-м зы­хъумэжыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ, Урысейм и ЛIыхъужь Евкуров Юнус-Бэч Бэмэтджэрий и къуэр.