Гъэплъыгъуэм хуагъэхьэзыр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Къуныжь МуIэед зи тхьэмадэ, щIыналъэр щIымахуэ гъэплъыгъуэм зэрыхуэхьэзыр щIыкIэм кIэлъыплъ комиссэм и зи чэзу зэIущIэ иджыблагъэ щекIуэкIащ КъБР-м Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министерствэм. Абы и лэжьыгъэм хэтащ республикэм и муниципальнэ район администрацэхэм, щIыпIэ министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я лIыкIуэхэр. Ахэр тепсэлъыхьащ Iуэхум ехьэлIауэ яхузэфIэкIахэм, зэкIэ зыхунэмысахэм, зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэм.

Иджырей комиссэм и къалэн нэхъыщхьэу щытыр 2024 - 2025 гъэхэм республикэм къэрал мыхьэнэ зиIэ и IуэхущIапIэхэр: сабий садхэр, еджапIэхэр, сымаджэщхэр, псэупIэхэр, н.къ. и чэзум щIымахуэ гъэплъыгъуэм зэрыхуагъэхьэзыр щIыкIэр къэпщытэнымрэ абы ехьэлIауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр зэщIэгъэуIуэнымрэщ.
КъБР-м ухуэныгъэмрэ ЖКХ-мкIэ и министрым и чэнджэщэгъу Бэлагъы Борис къыщыпсэлъам къыхигъэщащ унэу 2843-рэ, хуабэ зэрыкIуэ бжьамийуэ километр 500-м нэблагъэ, хуабэр зэбгрызытыкI щIыпIэу 52-рэ, котельнэу 378-рэ щIымахуэ гъэплъыгъуэм хуагъэхьэзырыну къазэрыпэщылъыр. 
«Псом хуэмыдэу гу зылъытапхъэр сабий садхэмрэ еджапIэхэмрэ хуабэкIэ къызэгъэпэщынырщ. ЩIымахуэ гъэплъыгъуэр щыщIидзэнум дыпэмыплъэу абыхэм ехьэлIа лэжьыгъэхэр фокIадэм нэмысу зэфIэдгъэкIын хуейщ. КотельнэхэмкIэ ди Iуэхур хъарзынэ хуэдэщ, иджыпстукIэ абыхэм я процент 70-р лажьэу ебгъажьэ хъунущ. ЗыгуэркIэ а пIалъэм фIыкъыкIэрыхуу щытмэ, фи лэжьыгъэр щIэвгъэхуабжьэ. Псом хуэмыдэу ар зыхуэгъэзар муниципальнэ районхэмрэ къалэ округхэмрэщ», - къыхигъэщащ Бэлахъуэ Борис. 
Апхуэдэуи абы гу лъаригъэтащ щIыналъэм и ухуэныгъэхэм Iугъуэр зэрикI, жьы къабзэр зэрыщызекIуэ я бжьамийхэр, хуабэр зэрыкIуэ инженер сетхэр зыхуэдэр къызэрапщытам щыхьэт техъуэ дэфтэрхэр фокIадэм и 1-м ирихьэлIэу къатын зэрыхуейр. Хуабэр къэзылэжь IуэхущIапIэхэр щIымахуэм зэрыхуэхьэзырым и щыхьэт дэфтэрхэр къыIахынущ жэпуэгъуэм и 1-м фIэмыкIыу. 
ЗэIущIэм апхуэдэуи къыщыхагъэщащ республикэм и хуабэ энергетикэ комплексым и оборудованэхэмрэ инженер сетхэмрэ я процент 60-р жьы зэрыхъуар. Абы къыхэкIыу иджыпсту зэрахъуэкI давленэшхуэр хуэмыIыгъыу зэгуэтхъынкIэ шынагъуэ къызыбгъэдэкI бжьамийхэр. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2025 - 12:25

ФIым къыхураджэу

«Спортыр террорым и бийщ» къыхуеджэныгъэм щIэту Налшык къалэм и «Налшык» спорт комплексым щекIуэкIащ кикбоксингымкIэ республикэ зэхьэзэхуэхэм я кIэух Iыхьэр.

29.04.2025 - 09:03

Бахъсэндэсхэмрэ спортымрэ

Бахъсэн къалэм и администрацэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим иджыблагъэ дыщигъэгъуэзащ иужьрей зэманым бахъсэндэсхэм спортымкIэ яIа ехъулIэныгъэхэм икIи абыхэм уариплъэу щытмэ, узыщыгуфIыкIыныр мащIэкъэ

29.04.2025 - 09:03

Уафэ гъуэгъуэрейр уэшхыншэщ

Астрономхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, щыблэм и теплъэ зэхуэмыдэхэм, ди планетэм и мызакъуэу, Дыгъэм къедза адрей уафэщIхэми, псалъэм папщIэ, Ураным, Венерэм, Сатурным, Юпитерым, нэгъуэщIхэми уащрихьэл

29.04.2025 - 09:03

ТекIуахэр ягъэлъапIэ

Налшык дэт Гимназие №I-м щекIуэкIащ илъэс къэс зэхаублэ «Рыцари закона» республикэ зэпеуэм и къалэ Iыхьэр.

28.04.2025 - 09:19

ЛIы щыпкъэм и къекIуэкIыкIэр

Аруан щIыналъэм хыхьэ Псынабэ къуажэм дэт курыт еджапIэм иджыблагъэ къыщызэIуахащ къуажэдэс ­нэхъыжьыфI Къэгъэзэж Щамхьир и гъащIэмрэ и лэ­жьыгъэмрэ теухуа плIанэпэ.