ГъуэгуфIхэм къыхагъахъуэ

«ПромРейтинг» хъыбарегъащIэ IэнатIэм иджыблагъэ иригъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм ящыщу зи автомобиль гъуэгу нэхъыбэ езыгъэфIэкIуауэ къалъытахэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр яхыхьащ, етхуанэ увыпIэр иIыгъыу.

2014 - 2023 гъэхэм ди республикэм хузэфIэкIащ и автомобиль гъуэгухэр куэдкIэ нэхъыфI ищIыну, абыхэм яIэ ныкъусаныгъэхэм я нэхъыбэр игъэзэкIуэжыну, къэралми пашэныгъэр щиубыдыну. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм кърикIуэу а IэнатIэм щагъэувауэ къэралыр зытет мардэм къимытIасэхэм фIыуэ яхэщIащ, гъуэгухэм я шынагъуэншагъэми я нэIэ трагъэтащ.
Нобэрей ехъулIэныгъэм лъабжьэ хуэхъуар республикэм и гъуэгу инфраструктурэр къызэрагъэщIэрэщIэжам, ас-фальтыщIэхэр зэрытралъхьам и закъуэкъым, атIэ, гъуэгу лэжьыгъэхэм иджырей технологиехэр жыджэру къызэрыщагъэсэбэпари, Iуэху бгъэдыхьэкIэри, унафэ щIыкIэри хэтщ.
Псалъэм къыдэкIуэу, щIыналъэм и экономикэм и зыужьыныгъэм и IэужьыфIхэри ялъоIэс иджырей мардэм къитIасэу ирагъэфIакIуэ гъуэгу инфраструктурэхэм щIыналъэм и къалэхэмрэ жылэхэмрэ зэрызэпащIам, Къэбэрдей-Балъкъэрыр туристхэм я кIуапIэ зэрыхъуам, цIыхухэр нэхъ тыншу абы зэрыщызекIуэм.
ЗэрыгурыIуэгъуэщи, гъуэгум щызекIуэхэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыныр мыхьэнэшхуэ зиIэ, япэ игъэщыпхъэ Iуэхугъуэхэм ящыщщ. Абы къыхэкIыу, а IэнатIэм и инфраструктурэр егъэфIэкIуэным, инвесторхэр а лэжьыгъэм жыджэру къыхэшэным гулъытэ хэха республикэм щыхуащI. Иджыпсту Къэбэрдей-Балъкъэрым къыпэ-щылъщ зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэр къимыгъэлъахъшэу, лэжьыгъэхэм адэкIи пищэу, гъуэгу шынагъуэншэхэм я бжыгъэм къыхигъэхъуэну.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, гъуэгу инфраструктурэр егъэфIэкIуэным ехьэлIауэ лъэпкъ пэхуэщIэхэм къыщыгъэлъэгъуахэр ягъэзэщIэн папщIэ сом мелард 47,5-м нэблагъэ къаутIыпщащ. Абы и нэхъыбэр - сом мелард 28-р - трагъэкIуэдэнущ гъуэгущIэхэр ухуэным, щыIэхэр зэгъэпэщыжыным. Илъэситху пIалъэм къриубыдэу автомобиль гъуэгуу километр 1000-м нэблагъэ зыхуей хуагъэзащ, километр 300-р иджырей уэздыгъэхэмкIэ къызэщIагъэблащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.06.2026 - 15:02

ТекIуэныгъэр къыхуагъэфащэ

КъБКъУ-м ПравэмкIэ, экономикэмрэ финансхэмкIэ и институтым и «Юриспруденцэ» унэтIыныгъэм и 4-нэ курсым щеджэ Шыгъушэ ФатIимэ илъэс къэс екIуэкI ЩIэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ урысейпсо зэпеуэм и федеральн

07.06.2026 - 10:01

Сурэттеххэм дагъэлъагъу дахагъэр

«Свой стиль» зэгухьэныгъэм хэтхэм я къыкIэлъыкIуэ гъэлъэгъуэныгъэр Налшык къалэм, ХьэтIохъущокъуэм и хадэм ит розэхэм я хьэсэхэм деж къыщызэIуахащ.

06.06.2026 - 09:03

Гъуэгу насыпыншагъэхэм хохъуэж

КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгухэм шынагъуэншагъэр къызэрыщызэгъэпэщамрэ транспорт зэжьэхэуэхэм я бжыгъэр гъэмэщIэ­нымкIэ къагъэсэбэп Iэмалхэмрэ. 

05.06.2026 - 09:03

Саугъэтхэмрэ фэеплъ тыгъэхэмрэ хуагъэфащэ

КъБР-м щыIэ МВД-м ­щагъэлъэпIащ сабийхэм твор­чествэмкIэ я урысей­псо зэпеуэм, «Полицейский дядя Стёпа» фIэщыгъэр зезыхьэм, и республикэ Iыхьэм щытекIуахэр. 

05.06.2026 - 09:03

ДэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэу зыхуагъазэ

«Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и Iуэху­щIапIэм лъэIукIэ зы­хуэ­зы­гъэ­захэм яIущIащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Щхьэгуэш Адэлбий.