Къэмыхъуауэ гъэмахуэ хуабэ

Хуабэр градус 35 - 38-м щынэс мы махуэхэм къалэм дэт жыгхэм япыт пщIащэхэр мэгъуалэри къыпоху, жыг щIагъхэр яуфэбгъуарэ, ущыхэувэкIэ зэщIэщхъыщхъэжу. Арыншами пасэу зи тхьэмпэхэр зыпызыдз шыкIуртIымейхэм ящIэнур ямыщIэу къызэтеувыIа хуэдэщ. Хуабэри ебгъэрыкIуарэ, цы топым хуэдэу япыт жылэхэм я зэIухыгъуи нэмысауэ.

Псом хуэмыдэу иужьрей илъэситIым и хуабаер зыхащIащ жыгхэм я нэхъ къарууэ къалъытэ дэшхуейхэм: мэкъуауэгъуэм икухэм щегъэжьауэ абыхэм зи хъугъуэ нэмыса дэ цIыкIухэр къапыщэщу щIидзащ, апхуэдэ ипэкIэ зэи къэхъуауэ нэхъыжьхэм къахуэмыщIэжу. Апхуэдизу зызыхъуэж дуней щытыкIэм нэрылъагъуу гугъу ирегъэхь цIыхухэри, псэущхьэхэри, щIыуэпсри. Ахэр а псоми есэу я пIэм изэгъэжыным зэман хуейщ. ЩIыуэпсым езым сыт хуэдэ щытыкIэми зэрызригъэзэгъын Iэмал къызыкъуех.
Иужьрей илъэсхэм ди республикэм и псыхъуэхэр екIэпцIейхэм зэщIащтэ. ЕкIэпцIэ жытIэ щхьэкIэ, абы и закъуэкъым апхуэдэ щIыпIэхэм къыщыкIыр; зэгуэр тафэ бгъуфIэшхуэу щытахэр мэз гуэрэным щыхуэкIуэ-кIэ, кхъужьейхэр, зейхэр, пхъэгулъейхэр, къазмакъейхэр, хьэцыбанэр щыкуэдынущ. КъищынэмыщIауэ, абыхэм я фIыгъэкIэ Iэщ хъупIэу къагъэсэбэп ныджэхэр псы къиуам илъэсыркъым, псыхэм я гъунэгъуу щыпсэу унагъуэхэми зэран яхуэхъуртэкъым. Фэри фолъагъу: нобэ дуней псом псышхуэхэм зыкъыщаIэт, къыщоу, зэрыт нэпкъхэм йокIри, жылэхэм зэранышхуэ яхуохъу. Абыхэм елъытауэ ди щIыналъэхэр, дригуфIапхъэу, мамырщ, щIыуэпс щытыкIэ щхьэхуэ зэрыдиIэм и фIыгъэкIэ.
Кавказ къэрал гъуэгум и Iуфэм щегъэжьауэ, къурш жьэгъум унэсыху тафэ джафэу щытащ, щымыщу зы удзыпэ хэмыту. Накъыгъэм зэрынэсу, сурэт зытрахым хуэдэу, ар псори губгъуэ джэдгыным зэщIещтэ.
ИпщэкIэ дэкIуэтеиху нэхъ Iув хъу екIэпцIэ мэзхэми псы Iуфэ нэпкъхэр щIауфэ, Шэрэдж зи инагъыр пэмылъэщу - удзыр зыхъуэкIуу щыта Iэщ хъушэхэр, мэл гуартэхэр, джэдкъаз бынхэр мащIэ дыдэ хъуащ. Абыхэм ныджэхэр яхъуэкIум и мызакъуэу, щIыри ягъэпшэрырт, цIыхумрэ щIыуэпсымрэ яку дэлъ зэхущытыкIэ гъэхуам бэвагърэ берычэткIэ пэджэжу.
ФIэщщIыгъуейуэ псынщIэу зызыубгъу екIэпцIэ мэзхэр щIымрэ псымрэ я хъумакIуэ нэсщ: щIым щIэмылъыж къарур щIалъхьэж, хьэуам хэт пкъыгъуэ зэранхэм щахъумэ.
Шэрэдж псыхъуэр зэщIэкIэным къежьапIэ хуэхъуащ абы тет Шэрэдж ГЭС-м и ухуэныгъэхэри. Ауэ гъэщIэгъуэну, цIыхум и хэIэбэныгъэ къудейм езым ифI къызэрыхихыным хущIокъу экологиер: Iэщыр щыIэху, ныджэхэр удзыпцIэщ. Ахэр мащIэ щыхъум, къарууншэ хъуа щIы щхьэфэм мэзым зыщеубгъу, цIыхум и лейр зылъыс щIым езым зыкъигъэщIэрэщIэжын папщIэ.
Дыздэплъэм зы бгъэшхуэ къытщхьэщыхьауэ ди щхьэщыгум къыщеуфэрэзыхь. Мы щIыпIэм къэкIуэрейщ ахэр. НапIэзыпIэм шэм хуэдэу зыкъредзыхри, и къэпхъуати, и лъэтэжи зыуэ, уэгум йохьэж, и лъэбжьанэшхуэхэмкIэ быдэу зы блэ иIыгъыу. Бгъэм и нэм нэхърэ нэхъ жан щымыIэу жаIэр пэжщ. Армыхъумэ, дауи къилъэгъуа абы, зымащIэкIэ дыкIуэтэжамэ дыIущIэнкIэ хъуну, къуацэ гуэрэным хэса блэр? Гу лъыттэхэмэ, дыкъэзыухъуреихь дунейр апхуэдэ теплъэгъуэхэмкIэ къулейщ.
Мэз Iувхэм елъытауэ псыхъуэхэм зэман кIэщIым къриубыдэу къыщызэщIэрыуэ екIэпцIалъэхэм куэд дыди якIуркъым - тундрэм и гъэгъэкIэу, зы псы къиугъуэщ. Абы къыхэкIыу щIыуэпсым хуищIэну псори а пIалъэ кIэщIым тещIыхьауэ щытщ. Псы уэрым ахэр зэуэ ирилъэсыкI щхьэкIэ, псыхъуэ ныджэм трищIа щIы щхьэфэмрэ абы тебэгъухьыжа къэкIыгъэхэмрэ псым хэлъу ирихьэхынущ, зыщIыпIэ гуэрым нэсу къыщыувыIэху. Ар къызытрилъэсыкIа Шэрэдж псыхъуэри нэщI хъунукъым: бгылъэ мэз Iувхэм къыщIиха жыг къэуахэмрэ къэкIыгъэхэмрэ сыхьэтыпэм къриубыдэу ирилъэсыкIа щIыпIэр ягъэнщIыж, ипэкIэ зэи ди псыхъуэхэм щыдмылъэгъуа гъэгъахэмрэ чыцэ щхъуантIэхэмкIэ. Абыхэм я фIыгъэкIэ аргуэру зы щIыуэпс щытыкIэ дахащэ къоунэху. Абы дихынури зыми ищIэркъым. АпщIондэху къазмакъейхэм къришэхыу къапыкIэнущ, жыг лъащIэхэм ландыщэмрэ губгъуэ Iущхьэмрэ пIалъэкIэ щызэщIэгъэгъэнущ. Ямылейуэ екIуэкI хуабэми хуэм-хуэмурэ пэлъэщынущ щIыуэпсыр. Гу лъыптэнущ япэм псыхъуэхэм дэмыта, дыгъэ жьэражьэм, пэщ ящымыхъуу, хэт удз лъагуэ лIэужьыгъуэхэм. Субтропик, тропик мардэм хуэмурэ ди щIыналъэхэр хуэкIуэр пэжмэ, дауи. Ди мэзхэм, ди губгъуэхэм ягъуэтынур нэгъуэщI теплъэщ, ауэ абы нэмысу дунейр и щытыкIэм иувэжыным нэхъыфI щыIэкъым псэущхьэхэмкIи къэкIыгъэхэмкIи.
ЛЪОСТЭН Музэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

11.09.2024 - 09:18

РОББО-классхэр

Налшык къалэм дэт «ДыгъафIэ къалэ» творчествэмкIэ сабий академием Урысей Федерацэм и Президентым и лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Чайкэ Юрий и жэрдэмкIэ иджыблагъэ къыщызэIуахащ иджырей робототехникэм и щэх

11.09.2024 - 09:16

Гъэмахуэр ирагъэжьэж

КъБР-м и Правительствэм и гупэм къит ЗэгурыIуэныгъэм и утыкум махуитIым къриубыдэу - фокIадэм и 7-м къыщыщIэдзауэ и 8 пщIондэ щекIуэкIащ цIыху­хэм фIыуэ ялъэгъуауэ гъэ къэс зыпэплъэ, удз гъэгъахэм

11.09.2024 - 09:15

Бжьыхьэ пасэм пэджэжу

Къэбэрдей-Балъкъэрыр къызэ­ры­у­нэхурэ илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ щыIэ галереем къыщызэ­Iуахащ «Дахагъэр зи псэм хэлъхэр» гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэныр. 

11.09.2024 - 09:14

Гъуазджэм и дунейм щогъагъэ

Дахэм, фIым, гумащIагъэм къыхуигъэщIа хуэдэщ Черкесск къалэм гъуазджэмкIэ езым и студие къыщызэIузыха, егъэджакIуэ, гъэса­кIуэ Абыдэ Iэсият.

10.09.2024 - 15:02

МыIэрысэм къыхэщIыкIа шхыныгъуэщIэхэр

«Кавказ.РФ» зыужьыныгъэмкIэ институтым къызэритамкIэ, пхъэщхьэмыщхьэм щелэжь «Каббалкрастениеводство» IуэхущIапIэм мыIэрысэу тонн мини 7 зыщIэхуэ хъумапIэ иджыблагъэ къыщызэIуахащ.