Къамбий Аслъэн и щIыхькIэ

Урысей Федерацэм дунейпсо классымкIэ спортым и мастер Къамбий Аслъэн и фэеплъу иджыблагъэ Налшык къалэм щызэхэтащ щIалэгъуалэм, я ныбжькIэ илъэс 23-м щIимыгъуахэм, дзюдомкIэ я урысейпсо зэпеуэ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 18-м я бэнакIуэ лъэщу 150-м нэблагъэ.

 Удэзыхьэхыу икIи гукъинэжу щытащ зэIущIэхэр икIи Къэбэрдей-Балъкъэрым и дзюдоистхэм ехъулIэныгъэфIхэр къагъэлъэгъуащ. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ Къущхьэ Темырланрэ (кг 73-рэ) Мырзэбэч Ильясрэ (кг 100). Домбеякъ медалхэр къахьащ Уэзы Iэдэм (кг 66-рэ), Уянов Магомед (кг 81-рэ), Балъкъыз Залым (кг 100+) сымэ.

Ди командэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Иванов Дмитрий, Апхудэ Анзор, Джэданэ Залым, Дзухэ Беслъэнрэ Залымрэ сымэ.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, Къамбий Аслъэн дзюдомкIи самбэмкIи зыкъигъэлъэгъуащ: дзюдомкIэ щэнейрэ, самбэмкIэ зэ къэралым и чемпион хъуащ, етIуанэ, ещанэ увыпIэхэри мызэ-мытIэу къихьащ. Европэм самбэмкIэ и дыжьын медали иIэщ. Японием и къалащхьэ Токио 2010 гъэм дзюдомкIэ щекIуэкIа чемпионатым УФ-м и щIыхьыр ихъумэу хэтащ. И тренеру щытар Емкъуж Мухьэмэдщ.

2022 гъэм гъатхэпэм и 8-м Къамбий Аслъэн зэуэзэпсэу дунейм ехыжащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.09.2026 - 12:25

Дерс щхьэпэхэр драгъэкIуэкIащ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и полицейхэм Терроризмэм ебэнхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэм теухуа зэIущIэхэр щрагъэкIуэкIащ республикэм и школхэм. 

05.09.2026 - 09:03

Къытедгъэзарэт жытIэу дыкъокIуэж

ЗэрыфщIэщи, «Адыгэ псалъэ» газетым щIэх-щIэхыурэ дыщытопсэлъыхь республикэм и гъэмахуэ хъупIэхэм щылажьэхэм я Iуэху зытетым.

05.09.2026 - 09:03

Тхыдэ пэжыр хъумэным и мыхьэнэр

ЕтIуанэ дунейпсо зауэр щиуха махуэм ирихьэлIэу Налшык ­къалэм Печатым и унэм щы­тепсэлъыхьащ тхыдэ пэжыр ­хъумэным и мыхьэнэм. ЗэIущIэр зыхуагъэпсар милитарист Японием зэращытекIуарт. 

04.09.2026 - 09:15

Гурэ псэкIэ Хэкум хуэпэжхэр

Хабзэ зэрыхъуауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр щагъэлъапIэ фокIадэм и 1-м ирихьэлIэу, жылагъуэ гъащIэм зи гуащIэр езы­хьэлIэ республикэм и лэжьакIуэхэм дамыгъэ лъапIэхэр хуагъэфэщащ

04.09.2026 - 09:13

Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ 30-м щIигъу щоджэ

Дерс щхьэхуэхэр куууэ щадж ку­рыт школ № 6-м, къызыхуэтыншэу зэ­рагъэпэщыжа нэужь, Налшык и бжэхэр къыщызэIуихыжащ КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэмрэ ЩIэ­ныгъэм и махуэмрэ ирихьэлIэу.