ЕджакIуэхэр спортым драгъэхьэх

«Егъэджэныгъэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и курыт еджапIэхэм я спортзалхэр къэгъэщIэрэщIэжыным, спорт утыкухэр щIыным ехьэлIа лэжьыгъэхэр жыджэру ирагъэкIуэкI. Псалъэм папщIэ, гъэ еджэгъуэщIэм ирихьэлIэу Налшык къалэм и школ-интернат №1-м щаIыгъ, зи узыншагъэм сэкъат иIэ цIыкIухэм папщIэ баскетбол, футбол, волейбол ущыджэгу хъуну щIыпIэхэр щаухуащ.

Дызэрыт илъэсым къриубыдэу Налшык, Прохладнэ къалэхэм я еджапIэхэм, школ-интернат №1-м, мэзылъэм хэт, санаторэм хуэдэу гъэпса школым къедзылIауэ, щIыбым удэту спортым зыщыхуэбгъасэ хъуну Iэмэпсымэхэмрэ ухуэныгъэхэмрэ щагъэувынущ. Абы нэмыщI, ди къалащхьэм дэт гимназие №14-мрэ Прохладнэм и курыт еджапIэ №11-мрэ я спортзалхэр иджырей мардэм къитIасэу зэрагъэпэщыжынущ.
Къыхэдгъэщынщи, «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хиубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэ р курыт еджапIэхэм я спортзалхэр къызэгъэпэщыжыным и закъуэкъым зыхуэгъэпсар, атIэ абы къызэщIеубыдэ сабийхэр узыншэу псэуным, спортым ахэр дегъэхьэхыным ехьэлIа егъэджэныгъэ программэхэри. ИкIи шэч хэлъкъым апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм еджакIуэ цIыкIухэм фIы куэд къазэрыхуихьынум, я узыншагъэри нэхъ быдэ зэрищIынум.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ пэхуэщIэм и фIыгъэкIэ республикэм и курыт еджапIэхэм я спортзалу 78-рэ къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ иужьрей илъэситхум. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.09.2026 - 09:03

И адэм и щIэинхэмкIэ музейм хуоупсэ

Художник Трындык Василий СурэтыщI ­гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, и фондым тыгъэ хуищIащ ­КъБАССР-м щIыхь зиIэ и художник, респуб­ликэм мы IэщIагъэм хуеджа и япэ профессион

13.09.2026 - 09:03

Уи бзэр уи псэу, уи дунейуэ

Ди къэралышхуэм хыхьэ щIыналъэ псоми мы тхьэмахуэм щагъэлъэпIащ УФ-м и Президентым къыхилъхьа жэрдэмым ипкъ иткIэ махуэгъэпсым къыхыхьа махуэщIыр: ди Хэкум щыпсэу лъэпкъ­хэм я бзэхэм я махуэр.

12.09.2026 - 09:03

Лъэпкъыбзэхэм я махуэм ирихьэлIэу

Дызэрыщыгъуазэщи, фокIадэм и 8-м ди къэралым щагъэлъэпIащ Урысей Федерацэм и лъэпкъхэм я бзэхэр хъумэным и махуэр.

12.09.2026 - 09:03

ГъащIэр лъапIэщ

ФокIадэм и 10-м, ЦIыхум зиукIыжыныр къэмыгъэхъуным и дунейпсо махуэм, ирихьэлIэу Урысей ФСИН-м и управленэу КъБР-м щыIэм и IуэхущIапIэхэм щрагъэкIуэкIащ «ГъащIэ» акцэ.

11.09.2026 - 16:11

Хабзэхэр зэрагъэзащIэм кIэлъоплъ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм Хабзэр къызэгъэпэщынымкIэ зэпымыууэ лажьэ и зэзыгъэуIу гупым и зэIущIэ.