Бдзэжьейм и мыхьэнэр къагурыIуэуКъэралым бдзэжьей лIэужьыгъуэу къыщагъэхъум и куэдагъым зэрыхэхъуэ щIыкIэм теухуа къэпщытэныгъэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймэкъумэшбанкым». Статистикэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, 2023 гъэм бдзэжьейуэ ящэну ягъэхъуащ тонн мин 402-рэ икIи ар хуэдитIкIэ нэхъыбэщ 20I6 гъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ.
УФ-м и щIыналъэхэм къагъэлъэгъуа ехъулIэныгъэхэм уариплъэмэ, Кавказ Ищхъэрэм абы етхуанэ увыпIэр щиIыгъщ. Псори зэхэту абы къигъэхъуащ бдзэжьейуэ тонн мин 30-м нэблагъэ.
2030 гъэм ирихьэлIэу Урысей Федерацэм щаухуэнущ бдзэжьейм и шхын щагъэхьэзыр заводих икIи псоми зэхэту зы илъэсым Iусыпхъэ тонн мин 220-рэ къыщIагъэкIынущ.
Аргъей бдзэжьей лъэпкъыфIхэм я Iусыр къыщыщIагъэкI заводхэр зыухуэнухэм е щыIэхэр езыгъэфIэкIуэнухэм а лэжьыгъэм трагъэкIуэдэну мылъкум и процент 25-р къэралым яхуипшыныжынущ, езы бдзэжьейхэр страхованэ щIынымкIэ зэгурыIуэныгъэ езыщIылIахэм дэфтэрым къыщыгъэлъэгъуа ахъшэм и процент 50-р субсидиеу иратыжынущ. Нэхъыбэу иджыпсту зэлэжьыр аргъей (лосось), алэр (карп), бдзантIэ (осётр) бдзэжьей лIэужьыгъуэхэрщ, апхуэдэуи устрицэ, мидий лъэпкъыгъуэхэрщ.
«Туризмэмрэ хьэщIагъэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм и фIыгъэкIэ, абы хохьэ «Мэкъумэш туризм» федеральнэ программэри, республикэм бдзэжьей щыбгъэхъун папщIэ, узыхуеину хъуар щыIэщ», - жиIащ «Урысеймэкъумэшбанкым» и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм и унафэщI Сокъур Алим.
Апхуэдэуи абы къыхигъэщащ хамэ къэралхэм кърашу щыта бдзэжьейхэр дыдейхэмкIэ зэхъуэкIыным мыхьэнэшхуэ зэрыратыр, псом хуэмыдэу цIыхухэр нэхъыбэу зыщIэупщIэ, ящэху лIэужьыгъуэхэмкIэ.
Абы къыдэкIуэу, бдзэжьей лъэпкъыфI гъэхъунымкIэ IэнатIэм зиужьыхукIэ цIыхухэм лэжьапIэщIэхэр къыхузэрагъэпэщ. Псалъэм къыдэкIуэу, бдзэжьейм елэжь, ар зыгъэхъу IуэхущIапIэхэм, хьэрычэтыщIэхэм, экспортерхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, а IэнатIэм пэрыт цIыхухэм я бжыгъэм иужьрей илъэситхум процент I4-кIэ хэхъуащ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|