ИлъэсипщIым щIигъуауэ къызэрагъэпэщ «Ди хэкуэгъухэм я лагерь» Iуэхум мы гъэми пащащ. Бадзэуэгъуэм и 31-м къыщыщIэдзауэ шыщхьэуIум и 9 пщIондэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыхьэщIэнущ Тыркум, Сирием, Иорданием, Мэздэгурэ Херсон щIыналъэмрэ я щIалэгъуалэр (я ныбжьыр илъэс 15 - 20-хэм иту). Псори зэхэту цIыху 60-м нэблагъэ кърагъэблэгъащ.
Налшык къалэм дэт «Синдика» хьэщIэщым абыхэм иджыблагъэ щаIущIащ КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министр КIурашын Анзор, абы и къуэдзэ Гергоков Джамболэт, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, «Эльбрусоид» фондым и Налшык къалэ къудамэм и унафэщI Анаев Марат сымэ.
ЛIыкIуэхэм фIэхъус псалъэкIэ зыщыхуагъазэм, бысымхэм къыхагъэщащ къыхалъхьа IуэхумкIэ я мурад нэхъыщхьэу щытыр республикэр ирагъэлъагъуным и мызакъуэу, щIалэгъуалэр зэрыщIэу, зэрылъытэу, я щэнхабзэкIэ зэхъуажэу, зым адрейм и хабзэм пщIэ хуищIу, зэхущытыкIэ дахэрэ зэпыщIэныгъэ быдэрэ яIэу ящIыныр зэрыарар.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым ди гуапэу фыкъыдогъэблагъэ. Дыщогугъ щIыналъэр фигу ирихьыну, лъэпкъ щэнхабзэм нэхъ куууэ щыгъуазэ фыхъуну. Мыбдеж фызэрыщыIэну пIалъэр зэрытхузэфIэкIкIэ щIэщыгъуэ зэрыфхуэтщIыным дэ иужь дитынущ, анэдэлъхубзэми лъэпкъ хабзэхэми гулъытэ хувэдгъэщIынущ, щIыпIэм и дахагъэри фэдгъэлъагъунущ. Уи унэжь щыпшхым нэхърэ нэхъ IэфI щымыIэу жаIэ, ди лъэпкъ шхыныгъуэхэри фигу ирихьыну къысщохъу. ГукъэкIыж дахэхэр фиIэу, ауэ иджыри къытевгъэзэн хуэдэу тIэкIуи фримыкъуауэ вгъэзэжыну дыгугъэнщ, - къыхигъэщащ КIурашын Анзор.
Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIащ щIалэгъуалэм я къэухьым хагъэхъуэн, щIэ гуэрхэр зрагъэщIэн мурадхэр яIэу къызэрыкIуар зэригуапэр. «ЩIэблэм нобэрей зыужьыныгъэм фIыуэ хывощIыкI. КъэкIуэнур зэлъытар фэращи, сыхуейт мы зыр вжесIэну: фызэпэжыжьэми, ныбжьэгъугъэ фи зэхуаку дэлъу, фызэкIэлъыкIуэу щытмэ, фIыгъуэ куэд абы къыдэкIуэнущ, псом хуэмыдэу мамырыгъэр дунейм щытепщэу щытынущ. Абы къыхэкIыу сыхуейт мы махуэхэм зэвгъэцIыхухэр зэрыффIэмыкIуэдыжыным иужь фитыну», - жиIащ ДАХ-м и тхьэмадэм.
ХьэщIэхэм ящыщ зыбжанэм я Iуэху еплъыкIэм, я гугъэхэр зрапхым дыщIэупщIащ. Кавказ зэгухьэныгъэхэм я федерацэу Тырку Республикэм щыIэм и лIыкIуэ Думэныщ Ферит къыджиIащ: «Сэ илъэс куэд хъуауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым сыкъокIуэ. 2006 гъэм япэу цIыху 29-рэ къэсшауэ щытащ я Хэку едгъэлъагъунщ, я лъэпкъэгъухэр зрагъэцIыхунщ, жытIэри. Мы гъэми апхуэдэу цIыху 22-рэ си гъусэщ. Ахэр Тыркум щопсэу, адэжь щIыналъэм и цIэм фIэкIа, нэгъуэщIым зыми хащIыкIыркъым. Ар къэтлъытэри, ди лъэпкъэгъухэр ядгъэцIыхуну къэтшащ. Мы Iуэхур икъукIэ сигу ирохь, сыту жыпIэмэ, щIалэгъуалэм я нэгу зрагъэужь къудейкъым, къызэгъэпэщакIуэхэр йогугъу адыгэхэм я хабзэ, хьэл-щэн ди щIэблэм зэрызыхрагъэщIэнми. Псалъэм папщIэ, дыкъыщрагъэблагъэм къызэрагъэпэща джэгу цIыкIум игъащIэм къэмыфахэри утыку къришащ, ялъагъум я гур апхуэдизкIэ къызэщIиIэтати. Абы къегъэлъагъуэ мы Iуэхум и мыхьэнэр зэрымыцIыкIур. ДызэрыщыIэну зэманым, зэрысщIэмкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэм ящыщхэри дагъэлъагъунущ: Гуэл щхъуантIэхэр, Iуащхьэмахуэ лъапэр. Мыпхуэдэу дызэкIэлъыкIуэмэ, си фIэщ мэхъу лъэпкъыр дызэрызэрыгъуэтыжынур».
- Фи щIыналъэ дахэм нэхъ ипэкIи сыкъэкIуэну Iэмал сиIащ, цIыху гуапэ куэд къыщысцIыхуащ. Ауэ сызипашэ ныбжьыщIэхэр я щIыналъэм иджы япэу икIауэ аращи, абыхэми псори зэрафIэгъэщIэгъуэныр я нэм щIызолъагъуэ. Фи лъэпкъ щэнхабзэхэм ятеухуауэ нэхъыбэ къащIэну, ныбжьэгъуфIхэр къагъуэтыну дэтхэнэри мэгугъэ, - жеIэ Херсон щIыналъэм къикIахэм я пашэ, Голопристанскэ муниципальнэ округым и администрацэм и лэжьакIуэ Абидинэ Анастасие.
Лагерым къэкIуахэр махуипщIым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ хагъэгъуэзэнущ, арджэн щIыкIэмрэ къэфэкIэмрэ хуагъэсэнущ, анэдэлъхубзэмкIэ дерсхэр къыхузэрагъэпэщынущ, шым тесу зрагъэплъыхьынущ. Апхуэдэуи Iуащхьэмахуэ лъапэ кIапсэ гъуэгукIэ ахэр драшеинущ, Шэджэм псыкъелъэхэм, Гуэл щхъуантIэхэм, Налшык къалэм зыщрагъэплъыхьынущ. ЩIалэгъуалэм я дежкIэ мынэхъ мащIэу щхьэпэ хъунущ Сэралъп Мадинэ и IуэхущIапIэм зэрырагъэблэгъэнури.