Гугъэхэр уэзыгъэщI махуэ

Налшык къалэм дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуа­пIэм Хэкум къэ­зыгъэзэжахэм я махуэм ири­хьэлIэу гуфIэгъуэ пшыхь дахэ щекIуэкIащ. Дунейпсо Адыгэ Хасэм къызэригъэпэща мы Iуэхугъуэм кърихьэлIащ хамэ щIыпIэхэм къикIыжу адэжь лъахэр зэзыгъэ­гъуэ­тыжа ди лъэпкъэгъухэр, къэрал къулыкъущIэхэр, жылагъуэ лэ­жьа­кIуэхэр, адыгэ гъащIэм къы­щыхъу Iуэхугъуэхэм кIэлъыплъ хэкурысхэр.

ГуфIэгъуэ зэхыхьэм хэта ди лъэпкъэгъухэм я нэхъыбэр къы­щыхъуари щыпсэуари Тырку, Щам, Иордание, Израиль, Герма­ние къэралхэрщ. Апхуэдэу щыт пэтми, адыгэхэр щопсэу хэгъэгу 50-м щIигъум, къызыхэкIар ящIэжу, зэрахузэфIэкIкIи я лъэп­къыщхьэр ямыгъэкIуэду. КъызэгъэпэщакIуэхэм къызэрыхагъэщамкIэ, Къэзыгъэзэжахэм я махуэр шыщхьэуIум и 1-м Iэтауэ гъэ­лъэпIэныр къызыхэкIам тхы­дэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щIэлъщ. Илъэс 26-кIэ узэIэбэ­кIыж­мэ, Балкан щIыналъэр зэ­щIэзыщта лъэпкъ зэныкъуэкъум и мафIэм къыхашыжри, адэжь лъахэм къашэжыгъат ди лъэп­къэгъухэм ящыщ гупышхуэ. Хэкур зыбгынэу Косовэ щIыналъэр псэупIэ зыхуэхъуа адыгэхэм Iэ­джэ гугъуехьи я нэгу щIэкIащ, къап­щтэмэ, хамэщIым къызэ­ры­щыщIидзрэ зы махуэ псэхугъуэ яIакъым. Ауэ абыхэм яхузэфIэкIащ я акъылрэ гупсысэрэ зэтраухуэу, зэкIэ­рыху къахэмыкIыу, я адэжьхэм егъэзыгъэкIэ ирагъэбгына лъахэм къагъэзэжын, езы­хэр щызэхэсу Махуэхьэблэ зы­фIаща къуажэ дахэри ягъэтIы­сыжын. Я лъапэр адэжь щIыналъэм къы­щыт­рагъэува махуэр Адыгэ Хэкум и Iэтащхьэу щыта Джарым Аслъэн и унафэкIэ Хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэу ягъэуват, абы лъандэрэ лъэпкъ махуэгъэпсым махуэщIу хэтщ.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым, ДАХ-м и Тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий къыхигъэщащ цIыхухэр щIызэхуэса щхьэусыгъуэм мы­хьэ­­нэшхуэ зэрыритыр. «Укъыщалъхуа, щIэныгъэ щызэбгъэгъуэта щIыпIэр пхъуэжыныр Iуэху тыншкъым. ПсэупIэ пщIыну зытебухуар адэжь лъа­хэми, абдеж къыщекIуэкI гъащIэм зебгъэзэгъы­жын, щызекIуэ бзэр, хабзэр зэбгъэщIэн хуейуэ IэнатIэ уIуоу­вэ. Ар къызэ­ры­мыкIуэу гугъущ. Ауэ а гугъуехьхэм Iуа­мыгъэщту къыт­хыхьэжа ди къуэшхэмрэ ди шыпхъу­хэмрэ дрогушхуэ, дыкъэзылъхуахэм нэпс щIыщIагъэкIыу щыта Хэкур унапIэ тщIы­жынщ, жыфIэу фыкъызэрыкIуэжам ин ды­щIохъукI. Хэкум гъэ­зэжыныр гъа­щIэ хъуэпсапIэу зиIа куэдым я насып къихьакъым, абы епщIыхьурэ я дунейр яхъуэжащ. Ауэ фэ ар фхузэ­фIэкIащ. Абы къыщыувыIакъым – фыхэ­сыхьыжащ, унагъуэ щыфщIыжащ, щIэблэ щызэвгъэгъуэтыжащ, IэщIагъэрэ лэжьыгъэкIэ щекIуэкI дунейм щыщ фыщыхъужащ. Ар зимыуасэ фIыгъуэ щыIэкъыми, нобэрей махуэм къывит гукъыдэжыр фи гъащIэм щызу, бын ­гуфIэгъуэ фыщымыщIэу, ды­зэрылъагъуу, дызэрыIыгъыу, дызэкIэлъыкIуэу дуней мамырым дыщыпсэуну си гуапэщ», – жиIащ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
ДАХ-м и Тхьэмадэм и псалъэм къыщыхигъэщащ ди лъэпкъэгъу­хэр гугъуехь зэмылIэужьыгъуэ­хэм зэры­Iууэри. «Къэзыгъэзэжахэми яхэтщ гугъу ехьахэр. Ар пэжщ. Ауэ гугъуехь гуэрхэр здэ­щымыIэ щыIэкъыми, ди цIыхугъэм къегъэув дызэкъуэувэни дызэдэIэпыкъуни хуейуэ. Тху­зэ­фIэкI къэдгъэнэнукъым ди лъэп­къэгъухэм я Iуэхур дэдгъэкIын, абыхэм я лъэр быдэу дгъэувын папщIэ. ЗэдеIэр лъэщщ, жаIэ. Ди къарум къихьыр тщIэнщ, къэралри дызыхуэныкъуэхэмкIэ дэIэ­пы­къуэгъу тщIынщ», – жиIащ Сэхъурокъуэм.
Абы адэкIэ Сэхъурокъуэ Хьэутий къэзыгъэзэжа ди лъэпкъэ­гъухэм ящыщ зыбжанэм ДАХ-м къыбгъэдэкI фIыщIэ гуапэрэ тыгъэхэмкIэ я цIэ къриIуащ. Абыхэм ящыщщ Къущхьэ Надим, Шорэ Хъусам (Щам къикIыжахэщ), Гуэщокъуэ Дарие (Тыркум), Нэгуэр Ясмин (Иорданием). Тхьэмадэм абыхэм фIыщIэ яхуищIащ я гъащIэр Хэкум кърапхыу я щIэныгъэри зэфIэкIри абы зэрыхуа­гъэщхьэпэм, адыгэ гъащIэр куп­щIафIэ ящIу дунейм зэрытетым папщIэ.
Гуэщокъуэ Дарие и цIэкIэ къэп­сэлъащ ди щIыналъэм фIыуэ къыщацIыху, зи адыгагъэрэ муслъымэныгъэкIэ щапхъэ зытепх хъуну Гуэщокъуэ Абдул-Бакъий. Абы и псалъэм къыхигъэщащ, ма­хуэр гуфIэгъуэкIэ гъэнщIами, зэ­рымыгуныкъуэгъуэншэр, къы­т­­щIэхъуэ щIэблэм яIурылъ бзэм зэрыригузавэр, щыIэ щытыкIэм хэкIыпIэ къыхуэгъуэтын зэрыхуейр. НэхъыжьыфIым анэдэлъху­бзэм теухуауэ жиIахэм уемыувэлIэнкIэ Iэмал иIэкъым. ДАХ-м и Тхьэмадэми къыхигъэщащ а гу­ныкъуэгъуэр ирау­зэхужу ди щIыналъэм Iуэху щхьэпэхэр зэ­ры­щекIуэкIыр, сабий гъэсапIэ­хэм екIуалIэ цIыкIухэр ма­хуэр зи кIыхьагъым адыгэбзэкIэ щызэп­салъэу лэжьыгъэ зэрыщызэтрагъэпсыхьыр.
АдэкIэ утыкур хуит зыхуащIа, КъБР-м лъэпкъ Iуэху­хэмрэ жылагъуэ пэхуэщIэхэмкIэ и министр КIурашын Андзор къыхигъэщащ Къэзыгъэзэжахэм я махуэр сыт щыгъуи ди лъэпкъэгъухэм яхуэгъэзауэ ирагъэкIуэкI Iуэху­хэм ­гъунэ зэрахуэхъур, къапэщылъ­хэр, зэфIахахэр, зыхунэмысахэр щы­зэпалъытыж махуэу къа­зэ­рыхуэувыр. «Шэч хэлъкъым, ди пщэ лэжьыгъэшхуэ къыдохуэ, ауэ тхузэфIэкIыр мащIэкъым, къэ­намкIи ди гуащIэ деблэжынукъым. Къэрал программэ диIэщи, абы къигъэув дэтхэнэ зы Iуэхури гъащIэм хэтпщэну иужь дитщ. Ди лъэпкъэгъухэр ди щIы­пIэм къызэрихьэжрэ нобэр къыздэсым щапхъэу бгъэув хъун куэд ядэтлъагъуу къытхэтщ, дащогуфIыкI, нобэрей махуэми мыухыж фIыгъуэбэр къахудэкIуэну си гуапэщ», – жиIащ къулыкъущIэм.
Апхуэдэу КъБР-м Лъэпкъ Iуэху­хэмрэ жылагъуэ пэхуэ­щIэхэмкIэ и министерствэм къыбгъэдэкIыу КIурашын Андзор фIыщIэ тхылъ­хэмкIэ гулъытэ яхуищIащ Дадэ Хьэят, СтIащ Сабри, Бырсекъуэ Орфан сымэ. Щыри Щам щIыналъэм къикIыжащ. Зи цIэ къраIуа­хэм ящыщу СтIащ Сабри: «КъывгурыIуэу щытмэ, мы ди Хэкур жэ­нэт щIыналъэщ. Ар щыIэу, нэгъуэщI къэдвмыгъэ­лъыхъуэ. Аращ дгъэ­дэхэни, дгъэ­лъэпIэни, едгъэ­фIэ­кIуэни хуейр»­.
ГуфIэгъуэ пшыхьыр щекIуэкIа унэм гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэ­гъуэни къыщызэрагъэпэщат. Ап­хуэ­­дэу Къэрал концерт гъэлъэ­гъуапIэм и япэ къатым къы­щызэIуахащ ди щIыналъэм щыIэ лъэпкъ-щэнхабзэ зэгухьэныгъэ­хэмрэ ГъуазджэмкIэ Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зезы­хьэ еджапIэмрэ щыщхэм я IэщIагъэхэр къызытещ гъэлъэгъуэныгъэр. ЕтIуа­нэ къатым хьэщIэхэм Iэмал щаIащ КъБР-м и цIыхубэ сурэ­тыщI Бгъэжьнокъуэ Заурбэч и IэдакъэщIэкIхэр зрагъэлъагъуну.
Пшыхьыр ягъэдэхащ адыгэ уэрэджыIакIуэхэмрэ «Кабардинка» къэрал къэфакIуэ гупымрэ. ДыщэкI Артур, Мамбэт Мадинэ, Зеущэ Iэуес, Хьэкъул Оксанэ, Дым Елдар, Тхьэщыгъуей Жаннэ, Бэч Азэмэт, Жыгун Едыдж сымэ я уэрэдхэмрэ пшыналъэхэмрэ пэшышхуэм щIэс­хэр къызэщIаIэтат, зыщыщ лъэп­къымкIэ яIэ гурыщIэ гъэпщкIуа­хэр къызэрызэщIигъэушэр къапщIэу гуфIэгъуэ нэпсхэри къафIригъакIуэу. Зыми хуэдэжтэкъым «Кабардинка» къэфакIуэ гупым щыщу къызэдэфаитIым утыкум кърахьа къафэ теплъэгъуэр: па­сэрей къэбэрдей уэркъ щIыкIэр зи пкъым къищ щауэр шыIагъэш­хуэ хэлъу, къигъафэ бзылъхугъэм Iулыдж зэ­рыхуищIыр къыхэщу лъапэпцIийуэ къекIуэкIырт. Адыгэ­хэм зы псалъэ гъэщIэгъуэн яIэщ, Iэпщэм хуэдэу тIур и пщэу, пщэм хуэдэу тIур и бгыу, жаIэри – ап­хуэдэу фIэкIа уIуплъэртэкъым напIэмыIэту утыкум щыхуарзэ пщащэм. Ахэр зылъагъу ди лъэпкъэгъухэми щэху цIыкIуурэ зэпадзыжырт: мыр ди лъэпкъщ, мыр ди фIыгъуэщ.
Зи Хэку къэзыгъэзэжахэм я махуэр щагъэлъэпIар Къэбэрдей-Балъкъэрым и закъуэкъым, ар щагъэ­ма­хуэщI Къэрэшей-Шэрджэсми, Адыгейми, Шап­сыгъ­ми, Краснодар, Ставрополь щIыналъэхэми. 
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

11.09.2024 - 09:18

РОББО-классхэр

Налшык къалэм дэт «ДыгъафIэ къалэ» творчествэмкIэ сабий академием Урысей Федерацэм и Президентым и лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Чайкэ Юрий и жэрдэмкIэ иджыблагъэ къыщызэIуахащ иджырей робототехникэм и щэх

11.09.2024 - 09:16

Гъэмахуэр ирагъэжьэж

КъБР-м и Правительствэм и гупэм къит ЗэгурыIуэныгъэм и утыкум махуитIым къриубыдэу - фокIадэм и 7-м къыщыщIэдзауэ и 8 пщIондэ щекIуэкIащ цIыху­хэм фIыуэ ялъэгъуауэ гъэ къэс зыпэплъэ, удз гъэгъахэм

11.09.2024 - 09:15

Бжьыхьэ пасэм пэджэжу

Къэбэрдей-Балъкъэрыр къызэ­ры­у­нэхурэ илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ щыIэ галереем къыщызэ­Iуахащ «Дахагъэр зи псэм хэлъхэр» гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэныр. 

11.09.2024 - 09:14

Гъуазджэм и дунейм щогъагъэ

Дахэм, фIым, гумащIагъэм къыхуигъэщIа хуэдэщ Черкесск къалэм гъуазджэмкIэ езым и студие къыщызэIузыха, егъэджакIуэ, гъэса­кIуэ Абыдэ Iэсият.

10.09.2024 - 15:02

МыIэрысэм къыхэщIыкIа шхыныгъуэщIэхэр

«Кавказ.РФ» зыужьыныгъэмкIэ институтым къызэритамкIэ, пхъэщхьэмыщхьэм щелэжь «Каббалкрастениеводство» IуэхущIапIэм мыIэрысэу тонн мини 7 зыщIэхуэ хъумапIэ иджыблагъэ къыщызэIуахащ.