ЩIалэгъуалэр ди хьэщIэщ

ИлъэсипщIым щIигъуауэ къызэрагъэпэщ «Ди хэ­куэгъу­хэм я лагерь» Iуэхум мы гъэми пащащ. Бадзэуэ­гъуэм и 31-м къыщыщIэдзауэ шыщхьэу­Iум и 9 пщIондэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыхьэ­щIэнущ Тыркум, Сирием, Иорданием, Мэздэгурэ Херсон щIыналъэмрэ я щIалэгъуалэр (я ныбжьыр илъэс 15 - 20-хэм иту). Псори зэхэту цIыху 60-м нэблагъэ кърагъэблэгъащ.

Налшык къалэм дэт «Синдика» хьэщIэщым абы­­хэм иджыблагъэ щаIущIащ КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министр КIурашын Анзор, абы и ­къуэдзэ Гергоков Джамболэт, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, «Эльбрусоид» фондым и Налшык къалэ къудамэм и унафэщI Анаев Марат сымэ.
ЛIыкIуэхэм фIэхъус псалъэкIэ зыщыхуагъазэм, бы­сымхэм къыхагъэщащ къыхалъхьа IуэхумкIэ я мурад нэхъыщхьэу щытыр республикэр ирагъэлъагъуным и мызакъуэу, щIалэгъуалэр зэрыщIэу, зэрылъытэу, я щэнхабзэкIэ зэхъуажэу, зым адрейм и хабзэм пщIэ хуищIу, зэхущытыкIэ дахэрэ зэ­пыщIэныгъэ быдэрэ яIэу ящIыныр зэрыарар. 
- Къэбэрдей-Балъкъэрым ди гуапэу фыкъы­до­гъэб­лагъэ. Дыщогугъ щIыналъэр фигу ирихьыну, лъэпкъ щэнхабзэм нэхъ куууэ щыгъуазэ фыхъуну. Мыбдеж фы­зэрыщыIэну пIалъэр зэрытхузэфIэкIкIэ щIэщыгъуэ зэ­рыфхуэтщIыным дэ иужь дитынущ, анэдэлъхубзэми, лъэпкъ хабзэхэми гулъытэ хувэдгъэщIынущ, щIыпIэм и дахагъэри фэдгъэлъагъунущ. Уи унэжь щыпшхым нэхърэ нэхъ IэфI щымыIэу жаIэ, ди лъэпкъ шхыныгъуэхэри фигу ирихьыну къысщохъу. ГукъэкIыж дахэхэр фиIэу, ауэ иджыри къытевгъэзэн хуэдэу тIэкIуи фримыкъуауэ вгъэзэжыну дыгугъэнщ, - къыхигъэщащ КIурашын Анзор.
Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIащ щIалэгъуалэм я къэухьым хагъэхъуэн, щIэ гуэрхэр зрагъэщIэн мурадхэр яIэу къызэрыкIуар зэригуапэр. «ЩIэблэм нобэрей  зыужьыныгъэм фIыуэ хывощIыкI. КъэкIуэнур зэлъытар фэращи, сыхуейт мы зыр вжесIэну: фызэпэжыжьэми, ныб­жьэгъугъэ фи зэхуаку дэлъу, фызэкIэлъыкIуэу щытмэ, фIыгъуэ куэд абы къыдэкIуэнущ, псом хуэмыдэу мамырыгъэр дунейм щытепщэу щытынущ. Абы къыхэкIыу сыхуейт мы махуэхэм зэвгъэцIыхухэр зэрыф­фIэ­мы­кIуэ­дыжыным иужь фитыну», - жиIащ ­ДАХ-м и тхьэмадэм.
ХьэщIэхэм ящыщ зыбжанэм я Iуэху еплъыкIэм, я гугъэхэр зрапхым дыщIэупщIащ. Кавказ зэгухьэ­ныгъэхэм я федерацэу Тырку Республикэм щыIэм и лIыкIуэ Ду­мэныщ Ферит къыджиIащ: «Сэ илъэс куэд хъуауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым сыкъокIуэ. 2006 гъэм япэу цIыху 29-рэ къэсшауэ щытащ я Хэку едгъэлъагъунщ, я лъэпкъэгъу­хэр зрагъэцIыхунщ, жытIэри. Мы гъэми апхуэдэу цIыху 22-рэ си гъусэщ. Ахэр Тыркум щопсэу, адэжь щIыналъэм и цIэм фIэ­кIа, нэгъуэщIым зыми хащIыкIыркъым. Ар къэт­лъытэри, ди лъэпкъэгъухэр ядгъэцIыхуну къэтшащ. Мы Iуэхур икъукIэ сигу ирохь, сыту жыпIэмэ, щIалэгъуа­лэм я нэгу зрагъэужь къудейкъым, къызэгъэпэщакIуэхэр йогугъу адыгэхэм я хабзэ, хьэл-щэн ди щIэблэм зэры­зыхрагъэщIэнми. Псалъэм папщIэ, дыкъыщрагъэблагъэм къызэрагъэпэща джэгу цIыкIум игъащIэм къэмыфахэри утыку къришащ, ялъагъум я гур апхуэдизкIэ къы­зэщIиIэтати. Абы къегъэлъагъуэ мы Iуэхум и мы­хьэнэр зэрымыцIыкIур. ДызэрыщыIэну зэманым, зэ­рысщIэмкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыуэпс хъугъуэ­фIыгъуэхэм ящыщхэри дагъэлъагъунущ: Гуэл щхъуантIэ­хэр, Iуащхьэмахуэ лъапэр. Мып­хуэдэу дызэкIэ­лъыкIуэмэ, си фIэщ ­мэхъу лъэпкъыр дызэрызэрыгъуэтыжынур».
- Фи щIыналъэ дахэм нэхъ ипэкIи сыкъэкIуэну Iэмал сиIащ, цIыху гуапэ куэд къыщысцIыхуащ. Ауэ сызипашэ ныбжьыщIэхэр я щIыналъэм иджы япэу икIауэ аращи, абыхэми псори зэрафIэгъэщIэгъуэ­ныр я нэм щIызолъагъуэ. Фи лъэпкъ щэнхабзэхэм ятеухуауэ нэхъыбэ къащIэну, ныбжьэгъуфIхэр къагъуэтыну дэтхэнэри мэгугъэ, - жеIэ Херсон щIыналъэм къикIахэм я пашэ, Голопристанскэ муниципальнэ округым и администрацэм и лэжьакIуэ Абидинэ Анастасие. 
Лагерым къэкIуахэр махуипщIым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ хагъэгъуэзэнущ, арджэн щIыкIэмрэ къэфэкIэмрэ хуагъэсэнущ, анэ­дэлъхубзэмкIэ дерсхэр къыху­зэрагъэпэщынущ, шым тесу зрагъэплъыхьынущ. Апхуэдэуи Iуащхьэмахуэ лъапэ кIапсэ гъуэгукIэ ахэр драшеинущ, Шэджэм псыкъелъэ­хэм, Гуэл щхъуантIэхэм, Налшык къалэм зыщрагъэп­лъыхьынущ. ЩIалэгъуалэм я дежкIэ мынэхъ мащIэу щхьэпэ хъунущ Сэралъп Мадинэ и IуэхущIапIэм зэрырагъэблэгъэнури. 
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.09.2026 - 12:25

Дерс щхьэпэхэр драгъэкIуэкIащ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и полицейхэм Терроризмэм ебэнхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэм теухуа зэIущIэхэр щрагъэкIуэкIащ республикэм и школхэм. 

05.09.2026 - 09:03

Къытедгъэзарэт жытIэу дыкъокIуэж

ЗэрыфщIэщи, «Адыгэ псалъэ» газетым щIэх-щIэхыурэ дыщытопсэлъыхь республикэм и гъэмахуэ хъупIэхэм щылажьэхэм я Iуэху зытетым.

05.09.2026 - 09:03

Тхыдэ пэжыр хъумэным и мыхьэнэр

ЕтIуанэ дунейпсо зауэр щиуха махуэм ирихьэлIэу Налшык ­къалэм Печатым и унэм щы­тепсэлъыхьащ тхыдэ пэжыр ­хъумэным и мыхьэнэм. ЗэIущIэр зыхуагъэпсар милитарист Японием зэращытекIуарт. 

04.09.2026 - 09:15

Гурэ псэкIэ Хэкум хуэпэжхэр

Хабзэ зэрыхъуауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр щагъэлъапIэ фокIадэм и 1-м ирихьэлIэу, жылагъуэ гъащIэм зи гуащIэр езы­хьэлIэ республикэм и лэжьакIуэхэм дамыгъэ лъапIэхэр хуагъэфэщащ

04.09.2026 - 09:13

Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ 30-м щIигъу щоджэ

Дерс щхьэхуэхэр куууэ щадж ку­рыт школ № 6-м, къызыхуэтыншэу зэ­рагъэпэщыжа нэужь, Налшык и бжэхэр къыщызэIуихыжащ КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэмрэ ЩIэ­ныгъэм и махуэмрэ ирихьэлIэу.