ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и академик, УФ-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ сурэтыщI СэвкIуий Хьэмид сурэтым, скульптурэм, архитектурэм къыщигъэлъагъуэ зэфIэкI телъыджэхэр зэрагъэлъагъуну Iэмал яIэщ налшыкдэсхэм. Музейхэм щокIуэкI абы и гъэлъэгъуэныгъэхэр.
СэвкIуий Хьэмид и гъуазджэ дунейр цIыху гъащIэщ. Гупсысэ куу зыхэлъ гъащIэ! Сурэт къэс псэм и щытыкIэ къаIуатэ, сурэт къэс щIыбопщытыкIри, дамыгъэ гуэрхэр, плъыфэ щIэщыгъуэхэр къахыбогъуатэ. ИтIанэ ахэр уи гум къонэ. ЖыпIэнурамэ, адыгэм и тхыдэр, и IуэрыIуатэр, и псэукIэр, и гупсысэкIэр - аращ къызэщIикъуэр и лэжьыгъэхэмкIэ.
«Анэ»
Анэ! Ар и фIэщыгъэщ гъэлъэгъуэныгъэхэм ящыщщ зым - Лъэпкъ музейм щекIуэкIым. Мыбы сурэтыщIым и IэдакъэщIэкIыу 100-м нэс щызэхуэхьэсащ, дэтхэнэри гупсысэкIэ екIуэлIэжащ езым и анэм хидыкIа щхьэнтэ цIыкIум - ар гъэлъэгъуэныгъэми и курыхщ. Анэр гъащIэм псэуэ пытщ. И хуабагъэмрэ и тхьэлъэIумрэ уахъумэ, и макъым уеунэтI, и Iэр пхъашэр къощэбэкI, и зэлъахэм уагъэгупсысэ - къуэпскIэ упыщIащ. Блыным фIэлъ сурэтхэм яхэтщ абрагъуэхэр, мыхьэнэкIэ зэгъэуIуахэр, зы Iуэхугъуэм тегъэпсыхьахэр. Анэм и гумащIагъэр сурэтхэм къарууэ ящIилъхьа хуэдэщ. ЦIыхур дунейм къыщытехьэм щегъэжьауэ, и текIыжыгъуэм нэс къигъэлъэгъуащ. ЛIыхъужьхэр гуфIэркъым, «я макъыр ину яутIыпщыркъым», зэхэзежэркъым. Ахэр мэгупсысэ, хоплъэ, мэупщIэ, мэлъыхъуэ. Я гущIагъщIэлъхэр ягъэлъэгъуэну хэти хуэдэкъым, ауэ ахэр дамы-гъэ гуэрхэмкIэ, хьэпшыпхэмкIэ, щIыуэпсым и щытыкIэмкIэ, плъыфэхэмкIэ гурыIуэгъуэщ е къытощ я плъэкIэм, я зэлъахэм, я бэкъуэкIэм, щысыкIэм. Лъэпкъым гуфIэгъуэ дауэдапщи гуауэм ехьэлIаи къыдекIуэкIми, СэвкIуийм и сурэт гъэлъэгъуэныгъэм абыхэм ящыщу къыщигъэлъагъуэр гуауэм епхахэрщ.
Адыгэм и гъащIэм епха хьэпшыпхэр, щыгъынхэр, Iэмэпсымэхэр, Iэщэр мыбы къигъэщI дунейм куэду хэтщ, дауи. Ар гущэрщ, Iэнэ лъакъуищырщ, цейрщ, афэ джанэрщ, щIакIуэрщ, джатэрщ, сэшхуэрщ, цыкIуэкIырщ, лъахъстэнырщ, шыкIэпшынэрщ, бжьамийрщ, шыгурщ, уанэрщ, пхъэкъурщ. Уеблэмэ жыг лIэужьыгъуэу нэхъ къигъэлъагъуэри адыгэм игъащIэ лъандэрэ игъэкI кхъужьейрщ. Сурэт дунейм уащыхуозэ псэущхьэхэм. Шыр, Iэщышхуэр, мэлыр, хьэр цIыхухэм къадокIуэкI. Къуажэ гъащIэр шэщIауэ, гупсэхуу, гупсысэ хэлъу къегъэлъагъуэ. Абы дыхегъаплъэ цIыхухэм я зэдэлэжьэкIэмкIэ. Мыхэр губгъуэми итщ, гъэши зэрахьэ, хадэми йолэжьыхь, пхъэщхьэмыщхьи къыпачыж, пхъэи якъутэ, псыи къахь, Iэщи ягъэхъу - къуажэ гъащIэр йокIуэкI.
Сурэт хъугъуэфIыгъуэхэм нэмыщI, гъэлъэгъуэныгъэм хэтщ скульптурэхэри. Ахэри адыгэ гъащIэрщ зэхьэлIар.
СэвкIуий Хьэмид сурэт, скульптурэ телъыджэхэр къызэригъэщIым нэмыщI, псалъэкIи теплъэ дахэ еухуэ. Мыбдежым щапхъэу къэсхьыну сыхуейщ «Анэ» гъэлъэгъуэныгъэм дыщIыгъуу блыным фIэлъ абы и пычыгъуэм щыщ:
«Анзорей жылэжьу Лэскэн Iуфэр зи лъа- хэм мащIэ-мащIэурэ пшагъуэр къыдогъуалъхьэ. Джабэм кIэрыт мэзыжьым къыхиху пшэ фIыцIэм зэщIещтэ чыбжэгъу унэ хужьыфэхэр, абыхэм къатощхьэукъуэ жыгыжьхэр, мэкъу Iэтэ щхьэпапцIэхэр. Пшэм ерагъыу къыхэцIуукI къудейщ щхьэгъубжэ нэфым къыдидз уэздыгъэ нур фагъуэр. Iэщ-псэущхьэ нэгъунэ зэтебэеуащи, хьэ ба-нэ макъи зэхэпхыжыркъым, жэмхэри буужыркъым. Псоми заущэхуащ, къэхъун гуэрым пэплъэ хуэдэу. А даущым къыхэIукIыр зы закъуэщ, ар мэжджытым пэмыжыжьэу щыпсэу Аслъэныкъуэ и унэм къыщIэIукI уэрэдращ. Абы псалъэ щIэлъкъым адыгэ тылей уэрэдщи, дыгъужь къугъ макъым хуэдэщ. А уэрэдыр зи псэр Хэкум тыхь хуэзыщIым и пшыналъэщ. Хуэм-хуэмурэ макъым зеIэт, къуршыпсым пэблагъэ ущыхъум деж и макъри нэхъ ин зэрыхъум хуэдэу: «Уэээээй, уээээй…». А дыгъужьыщхъуэ къугъ макъым биипсэр егъэдийри уэрэдыр къизышми и гур щIеIэтэ. ЛIыхъужьым и макъыр гушхуэныгъэ хэлъу къоIур, ар къизышым хуэжыIэщIэ шыкIэпшынэри гупсэу къыдожьуужыр. Тылей уэрэдыр зыIурылъ хабзэр биидзэр уплIэнщIыным щхьэкIэ пэу-ву напэр псэм япэ изыгъэщыну, зи гъащIэр зытыну зызыгъэпсаращ.
«Уэээээй, уээээй…» пшыналъэм зиузэщI зэпытщ, бгы къыгуэуауэ къехым и макъым хуэдэу. Аслъэныкъуэ тылей хъуныр езым къыхихыжащ, Хасэм здэкIуам щилъэгъуам-рэ зэхихамрэ кърикIуэу. Абы быдэу къищта гурылъыр утыку кърилъхьа нэужь, и шыпхъу нэхъыжь Гурмэхъан къашэри тылей фащэ ищIыну ирагъэувэлIащ. Гурмэхъаныр щэкIыщхьэ плъыжьыбзэ зытелъ Iэнэм бгъэдыхьэу, лэныстэ къищтэу ар къыщрибзам деж щегъэжьауэ, Мэшыкъуэ и къуэ Аслъэныкъуэр тылей хъуауэ ялъытэ. (Пычыгъуэр адыгэбзэкIэ зэзыдзэкIар Гъут Iэдэмщ)».
«Гу»
ГъуазджэмкIэ Ткаченкэм и цIэр зезыхьэ музейм щекIуэкI гъэлъэгъуэныгъэм и фIэщыгъэщ «Гу». ЦIыхум и зыхэщIэ псори зэкIуэлIэжыр аращ - гур къогуфIыкI, мэгумэщI, мэдзыхэ. Мыбдежым хэтщ нарт эпосым хухэха Iыхьэри. Мес, Сэтэней мывэ сосыр иIыгъщ, Лъэпщ Сосрыкъуэ епсыхь, Сосрыкъуэ Тхьэхэм я санэхум йофэ, Емынэжь ху жылэр къытрехыж, Бэдынокъуэ Ины-жьым йобэн, ар нартхэм яхохьэ, Ашэмэз и бжьамийр егъэбзэрабзэ, Лъэпщ джатэ ещI, Сэтэней йочэнджэщри, Iэдэ къегупсыс… Мыхэр псори нартхэм хухэха Iыхьэм къыщыгъэлъэгъуащ. Нарт эпосым и лъагъуэм утрешэжри, тхылъым итымрэ сурэтым къыщыгъэлъэгъуахэмрэ зэбгъапщэурэ, зэхуэбгъадэурэ ухэтщ.
… Сэ бжесIэнщ а Емынэжь щыпсэу щIыпIэр. Къуршибл удэкIынщи, адэ, дыгъэр уафэ джабэм къыщытехьэм адэжкIэ… Уежьэми, унэсынкъым…
- Ар си зы илъыгъуэщ, ди анэ! - жиIащ Сосрыкъуэ!
- АдэжкIэ укIуэмэ, псы щибл къызэбнэкIынщи, дыгъэр уафэгум къыщихьэм… Уежьэми, унэсынкъым, ар щIыпIэ жыжьэщ…
- Ар тIэу илъыгъуэщ зэрыхъунур, ди анэ!
- АдэжкIэ укIуэмэ, хы цIыкIуу щы, хышхуэу блы узэпрысыкIынщи, дыгъэр уафэ нэзым щеуалIэм адкIэжкIэ… уежьэми, унэсынкъым…
- Ар си щэ илъыгъуэщ, ди анэ!..
Нарт эпосыр лIыгъэ егъэлеякIэ зэрыкъулейр наIуэ къэзыщI мыпхуэдэ щапхъэхэр куэд мэхъу. Мис апхуэдэ теплъэгъуэхэр уи нэгум къыщIегъэхьэ СэвкIуийм.
«Гу» гъэлъэгъуэныгъэр зэманым кIуэцIроплъ, кIуэцIрокI, къепщытэ. Абдежым щопсэу лIыгъэ зыхэлъхэр, бэшэчхэр, гъащIэм и пIалъэ зыщIэхэр, куэд зи нэгу щIэкIхэр. Сурэтхэм езыхэм яIэжщ шыфэ-лIыфэ. Ар къэгъэлъэгъуащ дамыгъэ гуэрхэмкIэ, лIыхъужьхэм я плъэкIэхэмкIэ, я къамэ IыгъыкIэмкIэ. Гъэлъэгъуэныгъэм зыкъыхигъэщхьэхукIрэ гу зылъыуигъатэу хэтщ дамыгъэ хуэдэу къищтэу, образуи хэувахэр. Псалъэм папщIэ, бгъэр куэдрэ къыхохьэ сурэтхэм. Абы и дамэр лъэщу зэриутхыпщIыр уи тхьэкIумэм къиIуэу къыпщохъу. Бгъэр лIыхъужьхэм ящхьэщохуарзэ, я дамащхьэм е Iэблэм тесщ, бгъэр и закъуэуи щIыуэпс дунейм хэтщ. Сурэтхэм щхьэхуэу хоувэ мывэхэр. Ахэр абрагъуэуи, щыкъуейуи, псыхъуэм дэлъуи, цIыхухэм кърахьэкIыуи урохьэлIэ. Гупсысэ зэхуэмыдэ щIэлъу къегъэлъагъуэ жыгыр: къэгъэгъауи, къыпыкIаIауи, и лъэхъцыр плъагъууи, уеблэмэ жыг тхьэм-пэ зырызхэри. Лэжьыгъэ куэдым къыщыгъэлъэгъуащ гущэ. Мыр гъащIэм, цIыхур дунейм къызэрытехъуэм и нэщэнэщ.
Гъэлъэгъуэныгъэм хэт сурэтхэр зэман зэпылъыпIэщ, пасэрейм ухуезыгъэкIуэтэкIыжщ, абы щхьэпэу хэлъыр къыбгурызыгъаIуэщ. Мыхэр гум йокIуалIэ, йоIэзэ, япсыхь.
«Ковчег»
«Ковчег» арт-проектыр щагъэлъагъуэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100 зэрырикъуам и щIыхькIэ щыIэ галереем. Мыбы щызэщIэтщ сурэтхэри, хьэпшыпхэри, макъри, псалъэри. Гъэлъэгъуэныгъэм макъамэкIэ ухохьэри, сурэтхэм, пхъэмрэ гъущIымрэ къыхэщIыкIа хьэпшыпхэм я дунейм зыщыбоплъыхь. Абы щыгъуэм иджырейми ухэтщ - зэманитI зэуэ нэIурыт къыщыпхуохъу.
Хьэпшып тIорысэхэр къигъэщIэрэщIэжри, гъуазджэ теплъэгъуэ ищIащ сурэтыщIым. АтIэми, хьэпшыпхэр тIорысэ дыдэщ, куэдрэ къагъэсэбэпащ, Iэ куэд зэIусащ. Лэжьыгъэхэм щIагъыбзэ ящIэлъщ, абыхэм я мыхьэнэр щхьэж и гупсысэм щыщIипщытыкIыжу.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.
ГУГЪУЭТ Заремэ.