Урысейм и хьэуа-десант дзэхэм я махуэр (ВДВ) зэрагъэлъапIэм мыхьэнэшхуэ иIэщ. Мы гъэм ар шыщхьэуIум и 2-м, мэрем махуэм, техуащ. Махуэ къэс лIыгъэ зэрахьэу, я гуащIэ емыблэжу дзэм хэтхэм цIыхубэр зэрырипагэр, пщIэ зэрыхуащIыр къэзыгъэлъагъуэ Iуэхущ мы махуэр.
Ди къэралым и хьэуа-десант дзэхэм я махуэм тхыдэ къулей къыдогъуэгурыкIуэ, Совет Союзым и зэманым къыщыщIидзэу. Ар Iыхьэ зыбжанэу бгуэш хъунущ:
ЗэрызэфIэувар (1930 гъэхэр)
Хьэуа-десантыдзэхэр Совет Союзым 1930 гъэхэм къыщыунэхуауэ щытащ. 1930 гъэм япэ десант Iуэхур ирагъэкIуэкIат, парашютхэр къагъэсэбэпу. ВДВ-м и къалэн нэхъыщхьэ хъуат бийм и щIыналъэм дзэхэм псынщIэу зыщаубгъуныр.
Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм (1939 - 1945)
ЕтIуанэ дунейпсо зауэр щекIуэкIым ВДВ-м хэтхэм къалэнышхуэ я пщэ дэлъащ. Ахэр мыхьэнэшхуэ зиIа зэхэуэхэм хэтащ Кърым деж (1941 гъэм), «Марс» Iуэхум (1942 гъэм), Днепр щекIуэкIам (1943 гъэм), «Багратион» лэжьыгъэм (1944 гъэм).
Зауэ нэужь лъэхъэнэм (1945 - 1991)
Хэку зауэшхуэр иуха нэужьи хьэуа-десант дзэхэм я мыхьэнэр ехуэхакъым, ахэр егъэфIэкIуэнымрэ зрагъэужьынымрэ пащащ. 1950 гъэхэм техникэщIэхэр зэрагъэпэщащ, кхъухьлъатэхэмрэ вертолётхэмрэ яхэту. Абы щыгъуэм ВДВ-р Совет Союзым IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм мыхьэнэшхуэ зиIэ и Iыхьэ хъуащ, я гуащIэ зыгъэсэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ дзэ Iуэху хэхахэмрэ халъхьэу. Десантым хэтхэр сэбэпышхуэ хъуат Афган зауэр 1979 - 1989 гъэхэм щекIуэкIами.
Иджырей зэманым (1991 гъэм къыщыщIэдзауэ)
Совет Союзыр лъэлъэжа нэужь, ВДВ-р Урысей Армэм щыщ хъуащ. Ар хэтащ япэ, етIуанэ шэшэн зауэхэм (1994 - 1996), (1999 - 2009); Куржым щекIуэкIа операцэм (2008), Сирием щыIа дзэ Iуэхухэм (2015 гъэм къыщыщIэдзауэ).
Хьэуа-десант дзэхэм хэтхэм я махуэшхуэр езыхэм зэрагъэлъапIэ хабзэ хэхахэр яIэжщ: псыутххэм зыщагъэпскI (щхьэхуитыныгъэм и нэщэнэу), я дамыгъэр зытет ныпыр ящхьэщыхуарзэу автомобилкIэ щIыпIэхэр къызэхакIухь. Къыхэгъэщыпхъэщ, ВДВ-м и ныпми пщIэ лей зэрыхуащIыр, я дамыгъэ нэхъыщхьэу ар зэрагъэлъапIэр. Чэтэн лъабжьэр щхъуантIэщ - щIым и нэщэнэу, и щхьэкIэр щIыхуфэщ - уафэм ещхьу. Уафэмрэ щIылъэмрэ я зэхуакум кхъухьлъатэм къелъэ парашютистым и теплъэр дыщафэкIэ тещIыхьащ, а Iуэхум хэтхэм я псэр ипсыхьрэ я гур къызэщIиIэтэу.
Урысейм и хьэуа-десант дзэхэм я махуэм къэрал унафэщIхэм къалэн нэхъыщхьэу зыхуагъэувыж лIыхъужьхэм я ехъулIэныгъэхэр къалъытэну, дамыгъэхэмкIэ ягъэлъэпIэну.
УФ-м и Президент Путин Владимир хьэуа-десант дзэхэм я махуэмкIэ абы хэтхэм зэрехъуэхъу и тхыгъэм къыщыхигъэщащ ди зэманми ВДВ-м мыхьэнэшхуэ зэрыщигъэзащIэр Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам. «Ди щIалэхэм къэралым и шынагъуэншагъэр яхъумэ, къалэн мытыншхэр зэрызэфIагъэкIыр нэрылъагъущ», - жиIащ Президентым. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм къыпэкIуэу, къэрал унафэщIхэм мы махуэм ирихьэлIэу дамыгъэ лъапIэхэмкIэ зауэлIхэр ягъэпажэ.
Дэри, Къэбэрдей-Балъкъэрым, дызэрыгушхуэ щIалэхэр диIэщ. Абыхэм ящыщщ Урысей Федерацэм и ЛIыхъужь, гвардием и капитан Тэмазэ Тимур Мухьэмэд и къуэр. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди лъахэгъур хэкIуэдащ дзэ Iуэху хэхам, Хэкум хуэпэжу и къалэныр игъэзащIэу, ди къэралым и къэкIуэнумрэ щIэблэмрэ ихъумэу. Урысейм и хьэуа-десант дзэхэм я штабым и унафэщIым и къуэдзэ, гвардием и полковник Сторожев Эдуард абы щхьэкIэ жиIат: «Iуэхум нэгъэсауэ хуэхьэзыр, хуэIэкIуэлъакIуэ офицеру зыкъигъэлъэгъуащ Тэмазэм. Сыт хуэдэ къалэн къыхуагъэувми, ар жэуаплыныгъэ лъагэрэ жэрдэмрэ хэлъу Iуэхум бгъэдыхьэрт. Киев лъэныкъуэмкIэ щыщыIам ар лIыхъужьыгъэрэ хахуагъэрэ хэлъу япэ итахэм ящыщщ. Абы щыгъуэ ар нацистхэм къэмылэнджэжу икIи тегушхуэныгъэ хэлъу япэщIэтащ, и унафэм щIэтхэм сыт щыгъуи я щапхъэу. 2022 гъэм бадзэуэгъуэм и кум капитан Тэмазэр «Шторм» гуп зэгуэтым и унафэщIу ягъэувауэ щытащ. А отрядыр хьэуа-десант дзэхэм ебгъэрыкIуэныгъэр езыгъэкIуэкI и гуп нэхъ лъэщхэм ящыщ хъуащ. Капитан Тэмазэм и лIыхъужьыгъэмрэ тегушхуэныгъэмрэ я фIыгъэкIэ абыхэм нацистхэм хэщIыныгъэшхуэ иратащ икIи сыт хуэдэ бийми текIуэну зэрыхьэзырыр къагъэлъэгъуащ».
Тэмазэ Тимур 1990 гъэм жэпуэгъуэм и 25-м Прохладнэ районым хыхьэ Къэрэгъэш къуажэм къыщалъхуащ. Илъэс 15 фIэкIа мыхъуауэ абы и адэр щхьэщыкIауэ щытащ. 2008 гъэм щегъэжьауэ ар хэтащ УФ-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм. Дунейпсо террорист зэгухьэныгъэхэм япэщIэту, Урысейм 2015 гъэм щегъэжьауэ Сирием щригъэкIуэкIа дзэ Iуэхухэми щыIащ. 2022 гъэм мазаем и 24-м къыщыщIэдзауэ Донецк, Луганск щIыналъэхэр хъумэнымкIэ Iуэхухэм хэтащ, «Кабарда» цIэ лейр иIэу. И къалэн игъэзащIэу лIыгъэрэ хахуагъэрэ къызэригъэлъэгъуам папщIэ, УФ-м и Президентым и УнафэкIэ къыфIащащ Урысей Федерацэм и ЛIыхъужь цIэр. Нэгъабэ щIышылэм и I7-м КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек «Дыщэ Вагъуэ» медалыр абы и унагъуэм яритыжащ.
Дыгъуасэ Къэрэгъэш къуажэм лIыхъужьыр ягу къыщагъэкIыжащ. Абы и фэеплъым деж щызэхуэсат щIыпIэ унафэщIхэр, жылагъуэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр, СВО-м хэтхэр, и благъэ-Iыхьлыхэр, юнармием хэтхэр. ДакъикъэкIэ Тэмазэм хуэщыгъуа нэужь, и фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ. Абы хуэдэ лIыхъужьхэм я гуащIэр уахътыншэущ.
БАГЪЭТЫР Луизэ.