Мыхьэмэт и шы-уанэ зэтелъыххэт. Шэсри дэкIащ, Хьэнифэ деж кIуэну.
Хьэнифэ къуршыщхьэ дыдэм ис къуажэ цIыкIу гуэрым дэст.
ЛIы ерыщым къуэхэри, бгыхэри, мэзхэри зэпиупщIурэ кIуэурэ Хьэнифэ щыпсэу къуажэм нэсащ. ЩIэупщIэурэ и унэр къигъуэтри дыхьащ.
Хьэнифэ и адэри, и дэлъхури зауэм хэкIуэдауэ и анэжьымрэ езымрэ я закъуэ псэурт. Мыхьэмэт епсыхщ, шы ныбэпхыр игъэлалэщ, шхуэIур шыжьэм къыжьэдихри, хьэщIэщым щIыхьащ. Мыхьэмэт мытIыса щIыкIэу, кIэщIу и ужьым иту, Iэнэ къыщIихьэри Хьэнифэ къыщIыхьащ.
Я хъыбаркIэ зэрыщIэ мыхъумэ, а тIур игъащIэм зэтеплъатэкъым.
Мыхьэмэтыр Хьэнифэм зэрыIуплъэу «зи цIэ зэхэсх, псэлъыхъуу сыкъызыхуэкIуа Хьэнифэр, шэч хэмылъу, мыращ», – жиIащ игукIэ.
Хьэнифи, Мыхьэмэтыр зэрилъагъуу, «шэч хэмылъу, зауэлI хъыжьэу зи хъыбар зэхэсх Мыхьэмэтыр мыращ. Си псэлъыхъуу къэкIуауэ аращ», - жиIэри игу къэкIащ.
Хьэнифэм Iэнэр игъэуври, хьэщIэм япэ псалъэр ириту, жиIэнум пэплъэу, еплъыхыу щыувым, Мыхьэмэт къэпсэлъащ:
– Фи жьэгу зэи мафIэ щымыункIыфIыну Тхьэм солъэIу!
– Тхьэр арэзы къыпхухъу! ФIыкIэ ди лъапсэм укъихьауэ Тхьэм къыщIигъэкI, Мыхьэмэт!
Мыхьэмэт ар гъэщIэгъуэн дыдэ щыхъуащ: тIэкIуи къэуIэбжьащ, игъащIэм къытемыплъа пщащэм къицIыхуу и цIэмкIэ къызэреджам щхьэкIэ. «Пэж дыдэу, мыр зэрыжаIэм хуэдэу тхьэгурымагъуэщ», – жиIащ игукIэ.
– ФIы зи гум илъым сыт щыгъуи фIы къохъулIэ! – жиIэри и пащIэр иIуэнтIащ.
Бжэ къуагъым деж къуэт тас-къубгъан зэрытыр Хьэнифэ къищтэри, хьэщIэ щытым и пащхьэм тасыр иригъэуващ, къубгъаныр Iэ ижьым иритри, зэрытрикIэнум зыхуигъэхьэзыращ.
Мыхьэмэт и афэ джанэм и щIагъ щIэлъ къэпталым и IэщхьитIыр псынщIэу дрихьейри зригъэзыхащ. Хьэнифэ къытрикIэ къуршыпс къабзэмкIэ и IитIыр итхьэщIри, кърита напэIэлъэщIымкIэ и Iэр илъэщIыжащ.
– Упсэу, дахэ! – жиIэри напэIэлъэщIыр иритыжащ.
Хьэнифэ къубгъаныр бжэ къуагъым къуигъэувэжри, напэIэлъэщIыр пылъапIэм фIидзэжащ. Тасыр щIихри, тхьэщIэпсыр ирикIутащ, къыщIихьэжри тас-къубгъаныр зэрыщытам хуэдэу зэригъэувэжащ.
– «Япэ узрихьэлIэ шхыныфIщ», – жыхуаIэращ, хэIэбэ, хьэщIэ! – жиIэри, Iэнэр Мыхьэмэт и пащхьэ иригъэувэри къыщIэкIыжащ.
«Ар дауэ? НетIэ «МыхьэмэткIэ» къызэджащ, иджы, «хьэщIэ» жиIэри щIэкIыжащ. Сыт игу иримыхьыну жесIар? Хьэмэрэ игу сримыхьауэ ара? ИгукIэ жиIэурэ Iэнэм етIысылIащ. Iэнэм тет кхъуэщын Iэлъэныкъуэ цIыкIум къригъэжри, зы махъсымэ фалъэ ефэри, мэлыл гъэвар шапсыгъхэр гынкIэ зэджэ, шхукIэ зэхэщIа шыпс гуащIэм хигъауэм, каштаным къыхэщIыкIа пIастэ гъуэжьым дедзакъэурэ зытхухрэ хэIэбэри щигъэтыжащ. Iэнэр лъэныкъуэкIэ IуигъэкIуэтри, и Iэ дагъэ защIэр и фэ лъеитIым щихуэжащ. И пащIитIыр ирилъэщIэкIри къэтэджри бжэ IухамкIэ къыщIэплъащ.
Хьэнифэ удз IэплIэ Мыхьэмэт и шым бгъэдилъхьауэ, шхуэр зыфIидза пхъэдыкъуакъуэм къыфIихауэ шы фIэдзапIэм и зэхуэдитIым щрипхырт, шыр удзым лъэIэсын щхьэкIэ.
Мыхьэмэт ар имылъэгъуа зищIри, и тIысыпIэм тIысыжащ.
Хьэнифэ шым къыбгъэдэкIыжри къыщIыхьэжащ.
– Фи ерыскъыр убагъуэ!
– Уи хьэлэлщ, ауэ зыри хэбгъэщIакъым. Сыт, ди ерыскъыр уигу иримыхьауэ ара?
– Уигу умыгъэныкъуэ, куэду сфIэфIу сыхэIэбащ. Шу гъуэгурыкIуэм ишхын хуейр зыхуэдизыр ищIэжын хуейщ.
Хьэнифэ аргуэру Мыхьэмэт и пащхьэм тасыр иригъэувэри зригъэтхьэщIащ. Мыхьэмэт и жьэм тIэу псы жьэдигъэжыхьыжри, напэIэлъэщIымкIэ зилъэщIыжащ.
Хьэнифэ тхьэщIэпсыр ирикIутщ, тас-къубгъаныр здэщытам деж игъэувыжри, Iэнэмрэ напэIэлъэщIымрэ щIихыжри щIэкIыжащ. ПсынщIэ дыдэу къигъэзэжри, напэIэлъэщI къабзэ къыздихьар пылъапIэм пилъэри, хьэщIэм жиIэнум пэплъэу блыным кIэрыуващ.
Пэж дыдэу, Хьэнифэ и хъыбар дахэу Мыхьэмэт зэхихым Хьэнифэр хуэдэт. ТIууэ ухуэна и щхьэц фIыцIэр и лъэдакъэпитIым теуэрт, и нэ фIыцIэ дахитIым хъуаскIэр къыщIихырт. И IэлъэщI удзыфэм мащIэу къыщIэщ и пщэр уэсым нэхърэ нэхъ хужьт. Iэпкълъэпкъ зэпIэзэрыт зэкIуж зиIэ адыгэ пщащэт. И зэ Iуплъэгъуэ закъуэм удимыхьэхын плъэкIынутэкъым.
– Сэ зэхэсхащ уэ псэлъыхъухэм епта жэуапыр, ауэ итIани, сэри си насыпыр здынэсым сеплъыжыну, сыпхуэфащэрэ сыпхуэмыфащэрэ къасщIэм сфIэфIу сыкъэкIуащ, – жиIащ Мыхьэмэт, – «Хьэуэ» къызжепIэми, щхьэжэ зыщыхъунухэм сащыщкъым.
– Сэ уи хъыбарыфI фIэкIа, уи хъыбар Iей зэи зэхэсхакъым, Мыхьэмэт. Сэ уэ дагъуэ пхуэсщIыркъым, – Хьэнифэ зи гугъу ищIыр Мыхьэмэт шыщхьэмыгъазэу, лIыхъужьу зауэм зэрыхэтырт, – ауэ си гугъэнтэкъым, нобэ зэманыр зыIутым, уэ пхуэдэ зауэлI хъыжьэм апхуэдэ Iуэху игу къэкIыххэну. Зауэщ, дунейкъутэжщ. Шапсыгъыр лъэпкъкIуэду мэкIуэд. Уэ уи джатэр бгъабзэу зауэм уIутыным и пIэкIэ, джатэр иплъхьэжри, фыз лъыхъуэ укъежьащ.
– Ди зэманыр мыдунейкъутэжтэмэ, мызауэтэмэ, сэ фыз къэшэным сыхуэмыпIэщIэнкIи хъунт, ауэ дунейр лыгъаеу мафIэм ес. Си адэ-анэр жьы хъуащ. Си адэм и щIапIэм къинэну къуэш сиIэкъым. Шыпхъуибл сиIэщи, сэ къэзмышэу дэкIуэн ядэркъым. Шапсыгъхэр лъэпкъкIуэду мыкIуэдын щхьэкIэ щIэблэ яIэн хуейщ. ЩIэблэ яIэн щхьэкIэ, шапсыгъ пщащэхэр лIы дэкIуэн хуейщ. Сэ си натIэм къритхар кIыхьми кIэщIми сщIэркъым. Сэ щхьэгъусэкIэ сызыхуейр зи лъэпкъыр фIыуэ зылъагъуж, анэфI хъун пщащэщ. Сэ уи хъыбарыфIу зэхэсхым уи деж сыкъыпхуихьащ.
– Шапсыгъ зауэлIхэр фыз лъыхъуэ хыхьэжмэ, хэт Шапсыгъ хэкур бийм щызыхъумэнур? – жиIащ Хьэнифэ.
– Шапсыгъ пщащэхэм дэкIуэн щагъэтыжмэ, хэт лъэпкъыр зыгъэбэгъуэнур? Сэ Тыркум икIыжхэм сахыхьэну, си шыпхъухэри яхыхьэну сыхуейкъым. Шапсыгъ пагэр иджыри псэущ, дяпэкIи псэун хуейщ!
Хьэнифэ зыри жимыIэу тIэкIурэ хэгупсысыхьащ.
– Сэ си адэри, си дэлъхури симыIэжми, си анэр, Алыхьым и шыкуркIэ, псэущ. ЕмыкIу сыкъыумыщI, сэ си анэм сечэнджэщыжын хуейщ, – жиIэри щIыбагъкIэ икIуэтурэ щIэкIыжащ.
Мыхьэмэт къэтэджащ, хьэщIэщыр зэпиплъыхьащ, зэхикIухьащ. ХьэщIэщым щIэт гъуэлъыпIэ закъуэм, шэнтжьейм илъ упщIэ къуэлэным, шэнт щхьэгуэ цIыкIухэм IэпэкIэ еIусащ, блыным фIэлъ шыкIэпшынэмрэ абы далъэ, шыкIэ зытеукъуэдия баш къуаншэ цIыкIумрэ IэпэкIэ еIусэурэ еплъыжащ, ауэ зыщIыпIи сабэ лъэужь щилъэгъуакъым. ХьэщIэщыбжэ IухамкIэ къыщIэплъурэ пщIантIэр, Iуэр хуиту зэпиплъыхьащ. ЦIыхухъу зыдэс пщIантIэм хуэдэу къабзэлъабзэу зэлъыIухат, имыщылъыпIэ щылъу зыри илъэгъуакъым. И шым Хьэнифэ бгъэдилъхьа къуршыщхьэ удз IэфIыр иджыри имыухауэ щIигъэкIуэрамэрт. «ЦIыхухъу зыдэс пщIантIэм нэхърэ нэхъыфIу зэрехьэ», – жиIэу, абы и гупсысэм здыхэтым, пщIантIэм зы фызыкурэ щIалитIрэ къыдыхьащ. ЩIалитIыр зауэлI фащэкIэ хуэпат, я Iэпэм я шыпхэ гъуэмылэхэр зыщIэпха яшхэр фIэдзауэ.
Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар ТАБЫЩ Муратщ.