СурэтыщI цIэрыIуэм и дерсхэр

УФ-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, КъБР-м и цIыхубэ художник, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием хэт, Санкт-Петербург щыпсэу икIи щылажьэ ди хэкуэгъу сурэтыщI, скульптор цIэрыIуэ СэвкIуий Хьэмид Къулъкъужын Ищхъэрэм Къып Мухьэмэд и цIэр зезыхьэ ГъуазджэхэмкIэ и еджапIэм бадзэуэгъуэм и 25-м сабийхэм щаIущIащ икIи «Клаузура образ ветра» дерс щIэщыгъуэр яритащ. Ар къызэрагъэпэщащ художникым и ныбжьыр илъэс 60 зэрырикъум и щIыхькIэ.

ГъуазджэхэмкIэ сабий школым и унафэщI КIуж Ритэ, еджапIэм и лэжьакIуэхэм, лъэпкъ фащэхэр зыщыгъ я гъэсэнхэм лъэпкъ шхыныгъуэхэр яIыгъыу, адыгэ макъамэм щIэту, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Бгъэжьнокъуэ Заурбэчрэ СэвкIуий Хьэмидрэ гуапэу пежьащ.

Хьэмид сурэт щIынымкIэ дерс гъэщIэгъуэн итащ. Абы ищIащ лъэпкъ фащэ зыщыгъ нэхъыжьым и теплъэр. СэвкIуийм дзэху ложкэхэм къыхибзыкIри, сурэтыщI ныбжьыщIэхэм яригъэлъэгъуащ адыгэхэм я лъэпкъ тхыпхъэр – тхьэмпищыр. НыбжьыщIэхэм дерсыр щIэщыгъуэ зэращыхъуам шэч хэлъкъым. Езыхэми сурэтыщIым и IэдакъэщIэкIым тращIыкIащ. ЕджакIуэхэр щагъэгъуэзащ СэвкIуий Хьэмид и гъащIэмрэ гуащIэмрэ.

Уасэ зимыIэщ ныбжьыщIэхэм мы махуэм зэхахамрэ ялъэгъуамрэ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.01.2026 - 09:43

Лъэс лъагъуэхэр ирагъэфIакIуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ я лъэс лъагъуэхэр егъэфIэкIуэным ехьэлIауэ лэжьыгъэшхуэ республикэм 2025 гъэм щрагъэкIуэкIащ.

13.01.2026 - 09:42

Тэрчым и спортсменхэр

Тэрч районым и спортсмен цIэрыIуэхэр, спортым япэ лъэбакъуэхэр зычауэ 2025 гъэм дунейпсо, урысейпсо утыкушхуэхэм зэфIэкIыфIхэр къыщызыгъэлъэгъуахэр щIыпIэ администрацэм иджыблагъэ щагъэлъэпIащ.

12.01.2026 - 08:56

Iулъхьэм зэрыпэщIэтыр

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу КъБР-м щыIэм щекIуэкIа зэIущIэм щагъэ­нэIуащ коррупцэм пэщIэтынымкIэ я лэжьыгъэм кърикIуахэр.
 

12.01.2026 - 08:55

Дамир Европэм и вице-чемпионщ

Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Европэм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ дыгъэгъазэм и 11 - 14-хэм Косовэм и къалащхьэ Приштинэ щекIуэкIащ.

12.01.2026 - 08:55

Тхыпхъэр, гупсысэр, макъамэр….

Гъуазджэр, щэнхабзэр, макъамэр, IэпэIэсэныр зэрихьэлIа нэужь, телъыджэщ кърикIуэр. Ар псом хуэ­мы­дэу гурыхьщ лъэпкъым щыхуэгъэзам деж.