ЗекIуэм зэхуишэсахэр

Ди газетэм зэрытетащи, «Шагъдий ва­гъуэбэ» зыфIаща шу зекIуэу Адыгэ Республикэм щекIуэкIам, бысымхэм нэмыщI, хэтащ адыгэхэр щыпсэу хэгъэгухэу Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Краснодар крайм икIа щIалэхэри. 

Къулъкъужын къуажэм щыщ нэхъы­жьыфI, зэрыцIыкIурэ шы гъэхъуным пыщIа Бабыгуей Сосрыкъуэ (Мухьэмэд) къэпсэ­лъащ: «Адыгейм щызэхэтшэ шу зекIуэм укъыддыхэтын хуэдэу, ныддежьэ. Пщэдей мыхъумэ, махуэ зыбжанэ дэкIауи уныткIэлъыкIуэ хъунущ. Зы щIыпIэ деж дыщызэрихьэлIэжынщ». 
СыздэкIуэм щIагъуэу сызэрыщымыгъуа­зэм къыхэкIыу мурад сщIащ, япэщIыкIэ Мейкъуапэ сынэсу, абы дэс си цIыхугъэ, хьэщIэкIэ фIы, Тыркум илъэс 30 ипэкIэ къиIэпхъукIыжауэ щыта Бэрзэдж Убых деж а жэщым сыщыIэу, етIуанэ махуэм Краснодар (Бжьэ­дыгъу къалэ) лъэныкъуэкIэ есIуэнтIэкIыну. АбыкIэт шухэр щызэхэзекIуэр.
Бэрзэджыр сызэрыщыгугъауэ къысхущIэ­кIащ. Уеблэмэ, автобусым ситIысхьауэ сыздэкIуэм, езыр къысхуэгузавэу къэпсэлъэжат: «Сыдэмысу укъэсмэ, пщIантIэм узэрыдыхьэнури, унэм узэрыщIыхьэнури къыбгурызо­гъаIуэ», - жиIэу. 
… А пщыхьэщхьэм Бэрзэдж Убых и унэ сисащ. Езыри Iуэху гуэр иIэу дэкIати, мыгувэу къигъэзэжащ. Иджырей ди зэдэуэршэрым сызыхуиша гупсысэщ мыри: укъызыхэкIа лъэпкъым, зихъумэжын папщIэ, удэIэпы­къуныр зэрыIуэху гугъур, адыгэу дэнэ къэрал исхэри (Хэкужьым щыпсэухэри дахэту) дыкъэзыухъуреихь лъэпкъышхуэхэм тIэкIу-тIэкIуурэ дазэрыхэшыпсыхьыжым и гукъеуэр нэгъэсауэ зыхэзыщIэхэм Бэрзэдж Убыхи зэращыщыр. 

Гъуэгуанэм адэкIэ пызощэ

Бэрзэдж Убых, сыкъызэригъэгугъам тету, сызылъыхъуэ шууейхэм салъэщIигъэхьэжын мурадкIэ, Мейкъуапэ дэт автовокзалым къыкIэлъыкIуэ махуэм и пщэдджыжьыпэм сынигъэсащ. Абдежым Краснодар кIуэ микро­автобусым ситIысхьащ... 

Афыпсыпэ зызогъэцIыху

Сыдыхьащ шууейхэр а пщыхьэщхьэм ­къы­щыувыIэн хуей Афыпсыпэ къуажэм. А Iуэхум теухуа гуфIэгъуэ зэхыхьэр щекIуэкIынур а жылэм дэт курыт еджапIэм и пщIантIэрат. 
- МыдэкIэ укъакIуэркъэ, ныбжьэгъу, уи закъуэу ущымысу! - жиIэри, лIы гуэр си дежкIэ къеплъэкIащ. Ар (иужьым щыгъуазэ сызэрыхуащIамкIэ) къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ ШIуцI (ФIыцIэ) Къазбэчт. 
ФIэхъус щысхым, псори къызэщIезгъэубыдэу хуэму си щхьэр згъэщхъри, сабгъэдэтIысхьащ. Я уэршэр макъым зыбжанэрэ седаIуэ иужь, сэри зыгуэрхэр яхэжысIыхьу щIэздзащ. Ауэрэ, абдежым щыс щIалэхэр зэзгъэцIыхуащ, сыкъыздикIар зэкIэ къазэ­резмыгъэщIэным сыхущIэкъуу. АтIэми (ар къэлъытапхъэт), тхьэлъэIур щызэщIэуIуэ щIыпIэм щызэхуэсхэм плъапIэ нэхъыщхьэу яIэр гъуэгу тету жылэм къыхуэкIуэ шухэр арат. Сызыхыхьахэм заулрэ сахэсащ, я адыгэбзэм сыдихьэхарэ сыщIэдэIункIи зыщызмыгъэнщIу, я анэдэлъхубзэм и IукIэ, и тхыкIэ-сытхэм зыщызгъэгъуазэу, щIыпIэцIэ­хэр зэзгъащIэу, школ пщIантIэм дэт сабийхэм я псэлъэкIэр згъэщIагъуэу. СыкъыздикIар зэуэ къезмыгъэщIами, къызбгъэдэсахэр дэгъуэу зэзгъэцIыхуащ, Iэджэми дытепсэ­лъыхьащ. 
Ауэрэ, си псэлъэкIэм гу лъызыта къыIухьагъащIэхэм ящыщ зыр къызэупщIащ: ­«У-Куэшхьэблэ?» - жиIэри. Сыт сщIэжынт? Къэ­бэрдеишхуэм сыкъызэрикIар сыбзы­щIынт? Iуэхур здынэсам, зыкъэзумысми хъуну къэслъытати, «Налшык сыкъикIышт», - естыжащ абы жэуап.
Шууейхэр къыщыIухьэм

Афыпсыпэдэсхэр шу зекIуэм хэтхэм апхуэдизу гуапэу яIущIати, псалъэкIэ къыпхуемытхэкIыжыным хуэдизщ. 
Бысымхэри хьэщIэхэри Iухьащ Урыс-Кавказ зауэм лIыгъэшхуэ щызезыхьа, адыгэ Iуэ­рыIуатэми урыс дзэпщхэм ятхыжа дэфтэрхэми зи цIэр къыхэна ЩэрэлIыкъуэ Дыгъужьыкъуэ Къэзбэч (Казбич) и фэеплъым. Нэхъыжьхэм дыуэ щызэдащIым сызэгупсысаращ: «Еплъыт иджы, мыхэр IуэхугъуитIым гъунэгъу зэрызэхуищIам: Урыс-Кавказ зауэм и лIыхъужь нэсу къалъытэ ЩэрэлIыкъуэ Дыгъужьыкъуэ Къэзбэч и фэеплъым пщIэ зэрыхуащIымрэ псэщIэ Iуэхугъуэу къызэдагъэлъагъуэмрэ», - жысIэри. 
Адыгэ хэгъэгухэм я шууейхэм а щIыналъэм къызэрыщызэдакIухьар абы щыпсэухэм дежкIэ апхуэдизу зыгъэгушхуэщ, я щхьэр лъагэу езыгъэлъагъужщи, щекIуэкIар куэдрэ ягу къызэрагъэкIыжынум шэч къытетхьэркъым… 
Абы и щыхьэтщ, ищхьэкIэ зи гугъу тщIа Бэрзэдж Убыхи ещхьу илъэс бжыгъэ ипэкIэ Тыркум къиIэпхъукIыжа Гуэщокъуэ Абдул-­Бакъи (шу зекIуэм хэтащ), ди упщIэхэм я жэ­уапу, щыгъуазэ дызыхуищIахэри.  

Гуэщокъуэ Абдул-Бакъи

- Шы дэ езым зетхуэу щытащ къуажэм, Тыркум дыщисам. Сысабийуэ сощIэж, шыуэ пщIы-пщыкIутху хуэдиз ди пщIантIэм щыдэта. Мыдэ Кавказым къыщызгъэзэжам, гъуэгум срикIуэу шу слъэгъуамэ, сыбгъэдыхьэурэ селъэIурт: «Уа, хъуххэнумэ, зэ дыгъэшэси, дригъакIуэ» жысIэурэ. Ауэрэ здекIуэкIым, шы зыфIэфIхэм гу къыслъатэри зыкъысхуагъэзащ мыпхуэдэу: «Шы пфIэфIмэ, неуэ, атIэ! Куэд дэмыкIыу дышэсынущи, нэхъыжь сатырым нытхухэувэ!» жаIэри. 
Хамэ щIыпIэ дыщыIа щхьэкIэ, Хэку хъыбаррэ лъэпкъ гугъурэ ди нэхъыжьхэм зы махуи зы сыхьэти дыщагъэщIакъым. Сыт хуэдэ IуэхукIи фIым тепсэлъыхьынумэ, щапхъэу къытхуагъэлъагъуэр арат. Мис апхуэдэу, Хэкур жэнэт щIыналъэу къытщагъэхъуу дыкъагъэхъуащ. 
Я лъэр къамыхьэсыжыфми, я псэр мы­быкIэ щыIэу, я гур мыбыкIэ къеIэу, радио щIагъэнамэ, Мейкъуапэ е Налшык адыгэбзэкIэ къратыкIхэм едаIуэу къекIуэкIащ. 
Ауэрэ, Алыхьталэм насып къыдитри, Хэкум ди лъэр къэтхьэсыжащ. «ЩIыналъэр къызэхэткIухьынщ, зэдгъэлъагъунщ» жытIэ­ри, мыбыкIэ дыкъежьащ. Ари шууэ, щIым дылъэIэсу, къэкIыгъэм дыхэплъэу, псым дыхыхьэу! А псор, дауи, «зи щхьэ закъуэр ­къуажэ хъун?» зэрыжаIэу, си щхьэ къудейкIэ къызэхъулIэнутэкъым. Мы фIыгъуэр къы­дэзыгъэхъулIар, тобэ ярэби, адыгэхэр зэрыс щIыналъэхэм я щIалэ ахъырзэманхэу мы Iуэхум зэришэлIэжахэрщ, нэгъуэщIу жытIэмэ, езы лъэпкъырщ. 
Мыбы ипэ къихуэу, Къэбэрдейми, Шэрджэсми, Адыгейми, Шапсыгъми шыр фIыуэ зылъагъуу ис щIалэхэр ИнтернеткIэ зэры­цIыху­­ри, зыкъомрэ жыжьэу зэпсэлъат. Я акъыл, я мурад зэрызэтехуэр щалъагъум, «Ин­тернеткIэ дызэрыщIэ къудей мыхъуу, ды­зэ­­хуэзэ щхьэ мыхъурэ?» жаIэри, япэщIыкIэ Къэ­бэрдейм дыщызэрихьэлIащ. Мис абде­жым къыщежьащ «Шэрджэс зекIуэм» и лъабжьэр.
Флъэгъуащ, зи лъэ вакъэ изылъхьэфыр къытпежьэу, къытщыгуфIыкIыу дызэрагъэ­лъэпIар! Хэкум и зы кIапэм щыпсэухэмрэ адрей кIапэм щыщхэмрэ анэдэлъхубзэкIэ дызэ­псэлъэжыфу дыкъызэрекIуэкIар! Абы къи­гъэ­лъагъуэр сыт? Къигъэлъагъуэращ: лъэп­къыр дзейуэ, Iущу, губзыгъэу, дахэу, шы­на­-
гъуэ къимыгъэхъуу, бжьэ матэ имыпыджэу, мыщэ къимыгъэушу, Iуэхум яужь ихьэмэ, фIыгъуэ Iэджи зригъэхъулIэфынущ, нэхъы­жьыфIхэми, Iуэхузехьэхэми, унафэщIхэми къыдаIыгъыу, щIалэгъуалэми къыдащтэу… 
Тхыгъэри сурэтхэри
КЪУМАХУЭ Аслъэн ейщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

21.03.2025 - 10:13

ЛъэныкъуитIми я сэбэп хэлъу

Беларусь Республикэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ зэдэлэжьэным пыщIа Iуэхухэр зэкIэлъызыгъакIуэ гупым и зэIущIэ видеозэпыщIэныгъэ Iэмалым тету зэхэтащ.

21.03.2025 - 09:50

ГъащIэ кIыхьым и къежьапIэр

Ахэр фIыуи Iейуи къыщIэкIынкIэ ­мэхъу, ауэ нобэ зи гугъу тщIыр езы гъащIэм и кIыхьагъырщ. Мыр щытщ дэтхэнэ къэралми и щыIэкIэ-псэукIэр зы­хуэдэр къызэрапщ пщалъэхэм ящыщ зыуэ.

21.03.2025 - 09:47

Зэшыпхъухэм я зэфIэкIыр

Республикэм и ЩIалэ­гъуалэ центрым щагъэлъагъуэ «Корни и крылья» выставкэр. Ар къызэригъэпэщащ КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм.

21.03.2025 - 09:45

«Уэсрэ Нэсрэ» аудио тхылъыр

Иджыблагъэ Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и унэм зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ тха­кIуэ, драматург, «Гарянка» газетым и редактор нэ­хъыщ­хьэ Къаныкъуэ Заринэ зэхишауэ.

20.03.2025 - 09:03

Оркестр цIэрыIуэр къызэрагъэпэщыж

Сэрмакъ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэр къызыхуэтыншэу зыхуей хуагъэзэжри, Махуэ Дадушэ и цIэр зезыхьэ и щэнхабзэ-нэгузыужь центрым и лэжьыгъэр ирагъэжьэжащ.