МэзгъэфIэнхэр зыхъумэхэм (рейнджерхэм) я дунейпсо махуэр къэрал 46-м гъэ къэси бадзэуэгъуэм и 31-м щагъэлъапIэ. АбыкIэ унафэ къыщащтар Рейнджерхэм я къэрал зэхуаку федерацэм 2007 гъэм иригъэкIуэкIа зэIущIэрщ.
Мы махуэр щыхагъэунэхукIым нэхъыбэу зытращIыхьауэ щытар щIыпIэ дахэхэм ящыщу нэхъ зыхуэсакъыпхъэхэмрэ цIыхуIэ зылъэмыIэса къуэладжэ дэгухэмрэ я кIэлъыплъакIуэхэм, зи дахагъэкIэ зыми хуэмыдэ жыг гуэрэнхэм, Iуащхьэжьхэм я къыщхьэщыжакIуэхэм, мэзхъумэ къызэрыгуэкIхэм ящыщу зи IэнатIэм пэрыту хэкIуэдахэм я фэеплъым пщIэ лей хуэщIын зэрыхуейр арат.
МэзгъэфIэнхэр зыхъумэхэм я зэгухьэныгъэ япэ дыдэу къыщызэрагъэпэщауэ щытар 1992 гъэращ. АбыкIэ жэрдэм къыхалъхьат Шотландием щыщ IэщIагъэлIхэу щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэм гулъытэ хэIэтыкIа яхуэщIын зэрыхуейм и телъхьэхэм.
А IуэхумкIэ абыхэм щхьэусыгъуэ яхуэхъуар а лъэхъэнэм ди планетэм и плIанэпэ зыбжанэм, псом хуэмыдэжу Африкэм, зи къалэн щызыгъэзащIэу щыIа рейнджерхэм ящыщ куэдыр хьэкIэкхъуэкIэхэр мардэншэу къэзыукIхэм зэраIэщIэкIуэдарт.
Зи гугъу тщIы дунейпсо къызэгъэпэщыныгъэм хэтщ ЩIы Хъурейм и дэнэ хэгъэгуи а Iуэхум хуэгъэзауэ щызэхаша и къудамэхэри. Абыхэм ящыщ зыщ ЩIыпIэ дэгухэр хъумэнымкIэ дунейпсо фондым и Iыхьэу Урысей Федерацэм щылажьэри.
ЖыпIэнур арамэ, мэзкъуэдыхэмрэ мэзгъэфIэнхэмрэ зехьэныр зи пщэрылъ къэрал инспекторхэр, я жэщ-махуэ лэжьыгъэм къриубыдэу, псэзэпылъхьэпIэ щихуэри мащIэкъым. Апхуэдэ щытыкIэ ахэр изыгъэувэхэм, шэч хэмылъу, ящыщщ хьэкIэкхъуэкIэхэм хутыкъуауэ зэраIууэри, мэзхэм, ди жагъуэ зэрыхъунщи, иужьрей лъэхъэнэхэм щIэх-щIэхыурэ къыщыхъу мафIэсхэри, хабзэр къызэпызыуду псэущхьэхэм ещакIуэ цIыхухэр къазэрегуауэри, нэгъуэщI абы хуэдэ къэхъукъащIэ мыхъумыщIэхэри.
Рейнджерхэм псапэ къыщахьи куэдрэ къохъу. Ахэр йоIэзэ машинэ зэхэзежапIэхэм удын щызыгъуэту, уIэгъэ щыхъуа псэущхьэхэм, цIыхухэр нэхъ щызэхуэс щIыпIэхэм щхъухьзехьэ блэхэр къыщаубыд, къуакIэ-бгыкIэхэм, мэзхэм къыщызыкIухь зыплъыхьакIуэхэм гъуэгугъэлъагъуэ щыпкъэ яхуохъу, браконьерхэм япоуври ЩIы Хъурейм зи бжыгъэкIэ мащIэ дыдэ щыхъуа псэущхьэхэм къащхьэщож.
КЪУМАХУЭ Аслъэн.