Социальнэ лэжьакIуэ нэхъыфIыр къыхахащ![]() Урысей ФСИН-м и Управленэу КъБР-м щыIэм щызэхалъхьэжащ уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэм тезырхэр щагъэзэкIуэж и IуэхущIапIэхэм я социальнэ лэжьакIуэхэм папщIэ ирагъэкIуэкI урысейпсо еплъыныгъэ-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм кърикIуахэр. Абы хэтащ социальнэ IуэхухэмкIэ IэщIагъэлI нэхъыжьхэр, социальнэу хъумэнымрэ лэжьыгъэ стаж учетымкIэ гупхэм я инспекторхэр. Зэхьэзэхуэр ирагъэкIуэкIащ я лэжьакIуэхэр я IэщIагъэм зэрыхуэIэижьыр ирагъэфIэкIуэн, УИС-м и социальнэ къулыкъум и пщIэр Iэтын, нэхъ лъэщхэр къыхэхын мурадкIэ. Абыхэм я къалэнхэм хохьэ суд зытращIыхьахэм я социальнэ зэпыщIэныгъэхэр зэфIэгъэувэжынымкIэ, хуит хъужа иужькIэ лэжьыгъэкIэ, пенсэкIэ къызэгъэпэщынымрэ зыхуеину дэфтэрхэр гъэхьэзырынымкIэ ядэIэпыкъуныр. БАХЪСЭН Ланэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|