Нартыхумрэ къуэнгынымрэ я сэбэпынагъыр

Щэбэт-тхьэмахуэ бэзэрхэмрэ жэрмыкIэхэмрэ иджыпсту и куэдыгъуэу телъщ сэмбым илъ нартыху цIынэхэр, гъэвахэр. Гибрид куэд къызытрагъэхъукIа адрей хадэхэкIхэм ари къакIэрыхуакъым - «нартыху IэфI» лIэужьыгъуэм бжьыпэр иубыдащ. Ар пасэу мэхъу, вэгъуафIэщ. ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, сыт хуэдэ нартыхури сэбэпщ, ирехъу ар гъэва, гъэжьа, гъэфIэIуа, хьэжа…

«Россельхоз» IуэхущIапIэм и Кавказ Ищхъэрэ къудамэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, а ерыскъы къызэрымыгуэкIым медицинэм увыпIэ щхьэхуэ щеубыд. Абы и хьэдзэхэр РР, Е, Д, К, В, В1, В2 витаминхэмкIэ, аскорбиновэ кислотамкIэ, нартыху сэмбхэр калий, кальций, фосфор, гъущI, магний пкъыгъуэхэмкIэ къулейщ, и белокым хэлъщ триптофан, лизин аминокислотахэр. Нартыху цIынэ грамми 100-м клетчаткэу грамми 2,5-рэ, гъэвам грамми 2,7-рэ хэлъщ. Абы къыхэкIыу ар хуэсэбэпщ лъатэ, кIэтIий узхэм. Нартыхур щIэх-щIэхыурэ зышххэм гу, лъынтхуэ, фошыгъу узхэр, инсультыр нэхъ мащIэрэщ къазэрыжьэхэуэр, сыту жыпIэмэ, Iэпкълъэпкъыр зыхуей псори нартыхум къыхегъуатэ. Псом нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэнщ нартыху гъэфIэIуам а пкъыгъуэ сэбэпу хъуар, къанэ щымыIэу, хъума зэрыщыхъур - фыщымысхьу ар хэфлъхьэ хадэхэкI зэхэупщIэтахэм, зэхэгъэжьахэм.

Нартыхум дыщэ тIэкIуи хэлъщ. Абы гормонхэм я лэжьыгъэр тэмэму зэтреублэ, иммунитетыр ирегъэфIакIуэ. Нартыху кIэчаным ешыхьэкIа щхьэц къудейм къыхащIыкI хущхъуэгъуэхэр фошыгъу узым и сэбэпщ, зэзыр кърегъэкI, лъы дэуейр и пIэм ирегъэувэж.

Къуэнтхъурейм, нащэгъэфIэIу удзым, джэдгыным къакIэрымыхуу къагъэсэбэп къуэнгынри (кинза, кориандр). Абы и тхьэмпэхэр къуэнтхъурейм ейм къызэрыщхьэщыкI щыIэкъым, ауэ зыми хыумыгъэгъуэщэну мэ гуакIуэ иIэщ. Абы къыхэкIыу къэралыгъуэ куэдым, Урысейри яхэту, шхынхэлъхьэу къыщагъэсэбэп.

А къэкIыгъэр зэрыгуакIуэм къищынэмыщIауэ, цIыхум и узыншагъэмкIи сэбэпышхуэщ. Абы хэлъщ витамин В-р, альфа-бета- каротинхэр микроэлемент зэмылIэужьыгъуэхэр. Абыхэм къадэкIуэу хьэуам хэлъ вирусхэмрэ бактерийхэмрэ еукI. Псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, къуэнгыным хэлъ пкъыгъуэ сэбэпхэр бгъэгъукIи кIуэдыркъым, цIынэу ухуеймэ, хадэми унэми тыншу къыщыпхуэгъэкIынущ.

Къуэнгыным Iэпкълъэпкъым егуауэ псы леймрэ пкъыгъуэ зэранхэмрэ къыхеш, фошыгъур дэмыкIуейуэ и пIэм иригъэтщ, лъым хэт къыркуэхэр егъэмащIэ, лъынтхуэхэр ехъумэ, гормонхэм я лейр егъэткIу, узыр егъэувыIэ, щIыIэ, кIэтIий узхэмкIи сэбэпщ, уIэгъэ мыинхэм теплъхьэмэ, щIэхыу егъэкIыж, лъыр, тхьэмщIыгъур егъэкъабзэ.

ШЭРЭДЖ Дисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.05.2025 - 09:44

ЦIыхухэм я тыншыпIэм хуаунэтI

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэу­пIэ-коммунальнэ хозяйст­вэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Журавлёв Андрей.

16.05.2025 - 09:42

Къулыкъум щынэхъыфIхэр

Накъыгъэм и 13-р Урысей МВД-м и хъумакIуэ-конвой къулыкъур къыщы­зэрагъэпэща махуэщ. Абы теухуа зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ КъБР-м щыIэ МВД-м.

16.05.2025 - 09:41

Зауэ бзаджэм и IэпапIэхэр

ЦIыxy хьэлэлу дунейм тетыр зыщышына зауэр 1941 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22-м къэхъеящ.

16.05.2025 - 09:39

Сыт щыгъуи куэдщ

Накъыгъэм и пэщIэдзэм ирихьэлIа зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм къриубыдэу ­Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Iуащ­хьэмахуэ» курортым зыщагъэпсэхуащ цIыху мин 37-м икIи нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхър

15.05.2025 - 15:02

Сом меларди 5,1-рэ

2025 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу УФ-м и щIыналъэхэм ящыщу 71-м я хьэрычэтыщIэ мини 2-м нэблагъэм МСП.РФ-м бжыгъэ лъабжьэ зиIэ и платформэр къагъэсэбэпу къэралым кредит мащIэхэр зыт и IуэхущIапIэх