Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал институтым бадзэуэгъуэм и 26-м щекIуэкIащ «Национальное словесное искусство: итоги и перспективы изучения» щIэныгъэ конференцыр. Ар къызэрагъэпэщащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, институтым адыгэ IуэрыIуатэмкIэ и къудамэм и щIэныгъэлI нэхъыщхьэ Гъут Iэдэм и ныбжьыр илъэс 80 зэрырикъум и щIыхькIэ.
ЗэIущIэр щекIуэкIа пэшым щагъэуват Гъут Iэдэм къыдигъэкIа щIэныгъэ лэжьыгъэхэр щызэхуэхьэса тхылъхэр зы- телъ дапхъэ.
Зэхыхьэр иригъэкIуэкIащ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал институтым и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Дзэмыхь Къасболэт. Гъут Iэдэм и лэжьыгъэхэм я гугъу щищIым, абы къыхигъэщащ илъэс 50-м щIигъуауэ ар институтым зэрыщылажьэр, ди республикэм и мызакъуэу къэралым и щIыналъэ куэдым къызэрыщацIыхур, лъэпкъ IуэрыIуатэм теухуа щIэныгъэ лэжьыгъэ 300-м щIигъу зэритхар, Къэбэрдей-Балъкъэрым нэмыщI, и тхылъхэр Абхъазым, Тбилиси, Сирием, Македоние Ищхъэрэм, Ереван, нэгъуэщI щIыпIэхэм къызэрыщыдэкIар, щIыналъэ куэдым къыщыдэкI жылагъуэ-политикэ, литературэ, щIэныгъэ журналхэм я редколлегиехэм зэрыхэтыр. Гъутым и унафэм щIэту я кандидат, доктор лэжьыгъэхэр аспирант пщIы бжыгъэхэм пхагъэкIащ. Абы и унафэм ноби щIэтщ лъэпкъ литературэмрэ IуэрыIуатэмкIэ Шортэн Аскэрбий и школыр. Дзэмыхьым къыхигъэщащ Гъут Iэдэм и лэжьыгъэхэр къызэралъытари. Абы къыхуагъэфэщащ УФ-м ЩIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмкIэ и министерствэм и «Почётный наставник» дамыгъэр, ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и Президиумым, КъБР-м и Парламентымрэ Правительствэмрэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм, жылагъуэ IуэхущIапIэхэм я щIыхь тхылъхэр.
Адыгэ хабзэм тет щIэныгъэлI, егъэджакIуэ, къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэм щIэныгъэм хэлъхьэныгъэфIхэр зэрыхуищIыр, адыгэ тхыдэр, щэнхабзэр, IуэрыIуатэр зыхилъхьэ щымыIэу фIыуэ зэрилъагъур, жылагъуэм, республикэм еш имыщIэу зэрыхуэлажьэр, зэгуэр щIэныгъэм щыпхиша лъагъуэр щIалэгъуалэм гъуазэ зэрахуэхъур къыхигъэщащ Къасболэт.
Дзэмыхьыр къеджащ Гъут Iэдэм къыщалъхуа махуэм ирихьэлIэу и лэжьэгъухэмрэ ныбжьэгъухэмрэ зэрызыкъыхуагъазэ хъуэхъу тхыгъэхэм. Iэдэм и лэжьэгъухэм я хъуэхъум къыхагъэщащ дэтхэнэми гулъытэ зэрахуищIыр гуапэ зэращыхъур, абы и зэфIэкIхэм зэрыригушхуэр, узыншагъэ быдэрэ дэрэжэгъуэрэ иIэу, и къарур мыкIуэщIу иджыри илъэс куэдкIэ и IэнатIэм пэрытыну зэрагуапэр. Пшыхьым къыщеджащ Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Ингуш, Осетие Ищхъэрэ-Алание, Шэшэн республикэхэм, Москва къалэм, нэгъуэщI щIыпIэхэм къикIа хъуэхъу телеграммэхэм.
Техникэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Нэгъуей Залымхъани жиIащ Гъут Iэдэм и лэжьыгъэм гу къабзэрэ псэ хьэлэлкIэ зэрыпэрытымкIэ зэрыщапхъэр, лIэщIыгъуэ ныкъуэ хъуауэ и IэнатIэм жэуаплыныгъэ пылъу зэрыпэрытыр, лъэпкъ IуэрыIуатэм и хъумакIуэ нэсу, чэнджэщэгъу яхуэхъу нэхъыжьыфIу зэраIэр, республикэр зэрыгушхуэ и цIыхухэм зэращыщыр. Залымхъан Iэдэм ехъуэхъуащ узыншагъэ быдэ иIэу илъэс куэдкIэ иджыри япэ итыну.
КъБР-м и Парламентым и депутат, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и щIэныгъэлI-секретарь Щхьэгъэпсэу Сэфарбий жиIащ Гъут Iэдэм Аушыджэр къуажэм къыдэкIа, республикэмрэ къэралымрэ я зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа цIыху щэджащэхэм, цIэрыIуэхэм я IуэхущIафэ дахэхэм пызыщэхэм зэращыщыр, апхуэдэ егъэджакIуэ Iущым зэригъэсэным, зэрикъуажэгъум зэрыригушхуэр.
- Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал институтым и лэжьакIуэ пажэ, щIэныгъэ лэжьыгъэ щхьэпэу 300-м щIигъу зи Iэдакъэ къыщIэкIа Гъут Iэдэм адыгэ IуэрыIуатэм хуэпщIа хэлъхьэныгъэхэр щадж Аб-хъаз къэрал университетым адыгэ-абхъаз филологиемкIэ и кафедрэм, - жиIащ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Аб-хъаз къэрал институтым и унафэщI, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Ашубэ Ардэ. - ПщIэ зыхуэтщI щIэныгъэлIым уи жыIэмрэ уи лэжьыгъэхэмрэ теухуащ щIыналъэм мамырыгъэрэ зэгурыIуэрэ илъыным. Абхъаз институтым и лэжьакIуэхэм къабгъэдэкIыу сынохъуэхъу узыншагъэ, гуфIэгъуэ, ехъулIэныгъэ уиIэну!
- Абхъаз Республикэм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и Президиумым хэтхэр ягуми я псэми къыбгъэдэкIыу щIэныгъэлI цIэрыIуэм уи илъэс 80-мкIэ къохъуэхъу. XX лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэмрэ XXI лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэмрэ адыгэ IуэрыIуатэм Гъут Iэдэм хуищIа хэлъхьэныгъэфIхэм дыщыгъуазэщ. Лъэпкъ IуэрыIуатэмрэ литературэмрэ елэжь щIэныгъэлIхэм ахэр щапхъэ яхуохъу, - жиIащ Абхъаз Республикэм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и Президент, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Джапуа Зураб. - Уи монографиехэр, щIэныгъэ къэхутэныгъэхэр IуэрыIуатэм елэжь, ар зыдж куэдым я щIэгъэкъуэнщ. Абхъаз Республикэм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и Президиумым и унафэкIэ, бадзэуэгъуэм и 17-м Гъут Iэдэм хагъэхьащ Абхъазым ЩIэныгъэхэмкIэ и академием. Кавказым ис уи лэ- жьэгъу щIэныгъэлI куэдым, Абхъазым щыщхэри хыхьэу, ныбжьэгъугъэ быдэкIэ уазэрыпыщIар, ехъулIэныгъэфIхэр узэриIэр гуапэщ! Узыншагъэ быдэ уиIэу иджыри илъэс куэдкIэ дыкъызэдекIуэкIыну Тхьэм жиIэ! Иджыблагъэ Абхъазым нарт IуэрыIуатэр щызэхуэхьэсауэ къыщыдэкIа томипщI хъу тхылъыр си гуапэу тыгъэ пхузощI.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым и унафэщIым и чэнджэщэгъу Улаков Махъты, КъБКъУ-м къэбэрдей-шэрджэс литературэмкIэ и кафедрэм и унафэщI, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор ТIымыжь Хьэмыщэ, институтым къэбэрдей-шэрджэс литературэмкIэ и къудамэм и щIэныгъэлI лэжьакIуэ нэхъыщхьэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор БакIуу Хъанджэрий, Гъут Iэдэм зыщыщ Аушыджэр къуажэм и лIыкIуэхэр, нэгъуэщIхэри.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъахэм я гуапэу Гъутым тыгъэ хуащIащ лIыкIуэ къэзыщIа IуэхущIапIэхэм къабгъэдэкI щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ. Зи махуэр зыгъэлъапIэм и пшыхьым зыкърезыгъэхьэлIахэм фIыщIэ яхуищIащ икIи и лэжьэгъухэмрэ и ныбжьэгъухэмрэ захуигъэзащ къызэрыхуэупса псалъэ гуапэхэмрэ хъуэхъухэмрэ къызыбгъэдэкIахэм щэрэ мину гъэбэгъуауэ ялъысыжыну.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.