Къалмыкъхэмрэ адыгэхэмрэ я зэпыщIэныгъэхэр

Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и художник, «Институт культурного наследия и развития» лъэпкъ щэнхабзэ цент­рым и къызэгъэпэща­кIуэ икIи и унафэщI Сэ­ралъп Мадинэ и арт-центрым щагъэлъагъуэ «Калмыцкая аристократия в объективе Татьяны Миловановой» выс­тавкэр. Ар щыщщ Къалмыкъым гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, а республикэм Фэилъхьэгъуэхэм­рэ пластикэмкIэ и театрым и художественнэ унафэщI Миловановэ Татьянэ и «Калмыцкая степь» проектым. 

Гъэлъэгъуэныгъэм ха­гъэ­хьащ къалмыкъхэм я щэнхабзэм, тхыдэм епха щыгъы­ныгъуэхэр. Къалмыкъхэм я теплъэхэмрэ фэилъхьэгъуэ­хэмрэ къызытещ сурэтхэм я гъэлъэгъуэныгъэм щIэдзапIэ хуэхъуар Миловановэм я тхы­дэм, лъэпкъым и гъащIэм мыхьэнэ ин щызиIа цIыхухэм я тхыгъэхэр, архив дэфтэрхэр куууэ зэриджарщ. Ар ящыщщ къалмыкъхэм я лъэпкъ фащэм и махуэр къыхэзылъхьахэм. 
Сэралъп Мадинэ жиIащ дэт­хэнэ зы лъэпкъми и фащэр зэрыфIэгъэщIэгъуэныр, ахэр зэригъапщэурэ зэры­зэщ­­хьэщыкIымрэ зэщхьу ­яхэ­лъымрэ къызэрихутэр, лъэпкъ фащэхэр щызэри­лъыт­кIэ, ахэр зезыхьэ лъэпкъ­хэмрэ абыхэм я зэхущы­ты­кIэхэмрэ ятеухуа куэд гурыIуэгъуэ зэрыщыхъур, тхыдэ, щэн­хабзэ зэпыщIэныгъэхэм къэхутэныгъэщIэхэм узэры­хуа­шэр. 
Къалмыкъ къэрал университетым и доцент, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Бембеев Евгений къытеувы­Iащ къалмыкъхэм, адыгэхэм, урысхэм я тхыдэ зэхущы­тыкIэхэм:
- 1644 гъэм къалмыкъхэм Тэрчыпсыр зэпаупщIри, Къэ­бэрдейм и Iэгъуэблагъэм къи­хьащ. ЯпэщIыкIэ лъэпкъитIыр зауэ IуэхукIэ зэпэщIэуващ. Урысейр къалмыкъхэм я телъхьэ хъуащ, Астрэхъэнрэ Донрэ я зэхуакум къалмыкъхэр щытIысыныр фIэкъабылти. Урысейм къулыкъу щы­зыщIэ адыгэпщхэм (Черкасскэхэ Григорийрэ Къасболэтрэ) хэлъхьэныгъэ ин хуа­щIу къекIуэкIащ къалмыкъ­хэм­рэ урысхэмрэ я зэхущы­тыкIэхэм, - жиIащ Бем­беевым. – Тхыдэ къэхъугъэ куэдым зэдыхэтащ. Ди зэпыщIэныгъэхэр куущ, дызэгъунэгъущ, ауэ зым теухуауэ адрейм тщIэр мащIэщ. Адыгэ псалъэ, унэцIэ куэдым къалмыкъ лъабжьэ яIэщ. Апхуэдэу къалмыкъхэми «адыгэ бгырыпх» яIэщ. Совет зэманым ди щIыналъэхэр, цIыхухэр зэпащIащ ди усакIуэшхуэхэу Кугультинов Давид, КIыщокъуэ Алим, Кулиев Къайсын сымэ яку дэлъа зэныбжьэгъугъэм.
Миловановэ Татьянэ къыхигъэщащ я лъэпкъ тхыдэмрэ фащэмрэ еджакIуэхэр, студентхэр, щIыналъэм зыгъэп­сэхуакIуэ къакIуэхэр хигъэ­гъуэ­зэну зэрыщIэхъуэпсыр, сурэтым къытещхэр тыншу псоми гурыIуэгъуэ зэращы­хъур. Ар выставкэм хагъэхьа лэ­жьыгъэхэм, лъэпкъ фащэхэм щхьэхуэу ятепсэлъы­хьащ.
- Ди лъэпкъым тхыдэ гъуэгуанэ гугъу къикIуащ. Зы­ху­зэфIэкI унагъуэхэм къыхэкIа хъыджэбз цIыкIухэр Смольнэ, Екатерининскэ институтхэм ще­джащ. Унагъуэ Iуэхухэм къа­дэ­кIуэу, дыщэидэми, акъы­­лыфIагъэ джэгухэми ахэр щыгъуазэт. Я щIыналъэм къагъэзэжа нэужь, абы­хэм школхэр къызэIуахырт, я лъэпкъэгъухэм щIэныгъэ иратырт. БлэкIа лIэщIыгъуэм и 20 гъэхэм языныкъуэхэр я щIыналъэм ирагъэIэпхъукIащ, ауэ къалмыкъхэм я зыужьы­ныгъэм, нэгъуэщI лъэпкъхэм яхэмышыпсыхьыным, псапэ Iуэхум хэлъхьэныгъэ хуа­щIащ, - жиIащ Миловановэм. – Зэгъунэгъуу псэу лъэпкъхэм зым я щэнхабзэм щыщ гуэрхэр адрейхэм къызэращтэр къэдгъэлъэгъуэну мурад тщIащ. Ди къэхутэныгъэхэм кърикIуахэр гъэщIэгъуэн тщы­хъуащ. Къалмыкъхэмрэ адыгэхэмрэ я зэпыщIэныгъэ­хэр жыжьэ къыщожьэ. Мы лъэпкъитIым къахэкIахэм ящы­щу унагъуэ зэдэзыу­хуэ­хэри мащIэкъым. Къэбгъэ­лъагъуэмэ, Къалмыкъыпщ цIэрыIуэ Аюкэ-хъан щхьэгъу­сэ хуэхъуащ Черкасскэ Муцал ипхъу Абейхъан. Ап­хуэдэу Дондок-Омбэ хъаным щхьэгъусэу къишащ ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ ипхъу­ Жэнэт. Щэнхабзэ и лъэ­ныкъуэкIи лъэпкъитIыр зэ­рызэхъуэжари гъэщIэ­гъуэнщ. ИщхьэкIэ зи гугъу щыт­щIа Жэнэт Къалмыкъым щашэм абы и гъусащ дыщэидэм хуэIэзэ цIыхубз Iэп­щIэлъапщIэхэр. Дыщэ, ды­жьын IуданэкIэ хэдыкIа адыгэ бзылъхугъэ пыIэр, адыгэ ды­жьын бгырыпхыр – ахэр адыгэ­хэм Къалмыкъым къыздахьауэ къыщIэкIынущ, ды­щэ­идэм монгол лъэпкъхэр, къал­мыкъхэр зэрыхуэхамэр къэплъытэмэ. Адыгэ бгырып­хыр зезыхьэ дэтхэнэри абы иригушхуэрт. Ар архивым къы­хэна сурэтхэми къыщы­гъэ­лъэгъуащ.
Радиожурналист, зэдзэкIа­кIуэ Мэремкъул Ларисэ къыхигъэщащ Сэралъп Мадинэ лъэпкъ фащэхэр ид къудей мыкъуу, абыхэм я тхыдэр зэ­риджыр, ар IэщIагъэ псо зэрырикъур. Миловановэм и лэжьыгъэри абы хуэдэ дыдэу зэрыщытыр. Мэремкъулым фIыщIэ яхуищIащ Iуэху дахэр къыхэзылъхьахэм. 
Къалмыкъ лъэпкъ теле­виде­нэм и редактор, УФ-м и Жур­налистхэм я зэгухьэныгъэм хэт Цаган Муневюнэ и псалъэм къыхигъэщащ выс­тавкэр къалэ зыбжанэм зэрыщагъэлъэгъуар.
Выставкэмрэ абы хыхьэу къызэрагъэпэща зэIущIэмрэ хэтащ Къалмыкъым къикIа хьэщIэхэр, тхыдэджхэр, ди­зай­нерхэр, журналистхэр. Зэ­хыхьэр ягъэдэхащ Къалмыкъ Республикэм щIыхь зиIэ и артист, Кавказ Ищхъэрэ филармонием, Сафонов Василий и цIэр зезыхьэм, и уэрэ­джы­IакIуэ Ходжигиров Михаилрэ а филармонием и артисткэ Ал­туховэ Юлэрэ.
Гъэлъэгъуэныгъэм зыщы­зыплъыхьынухэм иджыри Iэмал фиIэщ, шыщхьэуIум и 5 пщIондэ ар лэжьэнущи.
 ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.08.2026 - 14:11

Тыгъэ екIу, купщIафIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэ­ра­лыгъуэр илъэси 100 зэрыри­къум и щIыхькIэ къызэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэп­сэ­ху­пIэм хыхьэу яухуа гъуазджэ галереем щокIуэкI Кисловодск къалэм и сурэтыщI Лангуровэ

14.08.2026 - 11:10

ГуащIэщ къекIуэкIыгъуэхэм я зэблэкIыгъуэр

Щэбэт кIуам щIидзащ Урысей Федерацэм и Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ щIыналъэхэм я топджэгу командэ нэхъ лъэщхэр зыхэт еща-            нэ дивизионым щекIуэкI           зэхьэ­зэхуэм и етIуанэ               

14.08.2026 - 09:54

Хадэм и дахагъэр зи теплъэ

«Сигу ирохь» студием гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн къыщызэIуахащ: IуэхущIапIэр зей Хьэ­цIыкIу Милэрэ Жэбалы Заирэрэ я IэдакъэщIэкIхэр утыку кърахьащ, «Жыг хадэм» фIэщыгъэр хуащI­ри.

13.08.2026 - 14:39

Уатегушхуащэ хъунукъым къуршхэм

«Къэбэрдей-Балъкъэрым туризмэмрэ альпинизмэмрэ ехьэлIа IэнатIэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщын» Iуэхум теу­хуа брифинг щекIуэкIащ республикэм и щыхьэр Налшык.

13.08.2026 - 11:37

Жэуаплыныгъэмрэ щIыхьымрэ япэ изыгъэщт

Налшык къалэм ЩIалэгъуалэм и Унэм дыгъуасэ зэхыхьэшхуэ ще­кIуэ­кIащ, Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­публикэм и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ Мухьэмэд и къуэр къызэралъхурэ илъэс 85-рэ зэрырикъум теух