|
|
«Псэ жыгым» и хъуреягъкIэ
25 июля, 2024 - 06:31
Налшык 2004 гъэм щагъэувауэ щытащ XIX - XX лIэщIыгъуэхэм Кавказым щекIуэкIа дзэ-жылагъуэ Iуэхухэм хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъ «Псэ жыгыр». Илъэс къэс, ди лъэпкъыр къэгъэщIэрэщIэжыным и махуэм ирихьэлIэу, а щIыпIэм деж щрагъэкIуэкI лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм, мамырыгъэм цIыхубэр къыхуезыджэ фэеплъ пэкIур.
Илъэс 20-м нэсауэ къалэдэсхэм, ди республикэм зыгъэпсэхуакIуэ къакIуэхэм я кIуапIэ, я зыплъыхьыпIэ, я зыгъэпсэхупIэ хъуа а щIыпIэм ныкъусаныгъэ щхьэхуэхэр игъуэтат. Иджыпсту «Псэ жыгым» и Iэгъуэблагъэр зэIузэпэщ ящI. ЗэрыфщIэщи, а фэеплъым теплъэ екIу зэриIэм и мызакъуэу, ихъуреягъри дахащэу яубзыхуат. Дыгъэ бзийм хуэдэу зэкIэщIэкI къэухьхэм ягъэзащIэ жыгым и лъабжьэ дэнэкIи щыукъуэдияхэм я къалэныр. Абыхэм я зэхуакухэм удз гъэгъа дахэхэр щокI, лъэс зекIуапIэ нэхъыщхьэм лъэныкъуитIкIэ екIуалIэу.
Утыкур ягъэдахэ илъэс куэд зи ныбжь жыг лъагэ уардэхэм. Мы зэманым ирихьэлIэу жьы хъуа къэухьхэр, плиткэхэр щIэкIэ яхъуэж. Ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр здекIуэкIым, гъэгъахэми, ихъуреягъым ит щхъуантIагъэхэми зыкIи зэран яхуэхъуркъым ухуакIуэхэм къагъэсэбэп техникэ цIыкIухэр.
ШЭРЭДЖ Дисэ.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.
|
|
17.03.2026 - 09:14 Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм щекIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ гъэ кIуам IэнатIэм и лэжьыгъэм кърикIуахэм, дызэрыт илъэсым къыпэщылъ къалэнхэмрэ нобэ зэлэжьыпхъэхэмрэ. |
|
|
17.03.2026 - 09:13 Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Малкэ къуажэм иджыблагъэ щекIуэкIащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и зэIущIэ. Абы щытепсэлъыхьащ 2025 гъэм зэфIагъэкIахэмрэ мы илъэсым къапэщылъ къалэнхэмрэ. |
|
|
17.03.2026 - 09:03 Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэм щекIуэкIащ «Адагъэ: Иджырей гугъуехьхэмрэ абыхэм я хэкIыпIэхэмрэ» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм къызэригъэпэща «Адэхэм я зэгухьэныгъэ» форум иныр.
|
|
|
16.03.2026 - 14:57 Къэбэрдей-Балъкъэрым мыхьэнэ лъагэ яIэу щылажьэ лъэпкъ пэхуэщIэхэм я фIыгъэкIэ республикэм и автомобиль гъуэгухэр, уэрамхэр, лъэмыжхэр, курыт еджапIэхэр, сабий садхэр, сымаджэщхэр, ЩэнхабзэмкIэ унэ |
|
|
16.03.2026 - 09:14 Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и кафедрэм и унафэщI, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, Къардэн Мусэдин лъэпкъ щIэныгъэ дунейм къыщацIыху IэщIагъэлI щыпкъэу, к |
|