|
|
ЦIыхур, щIыуэпсыр, къалэхэр
25 июля, 2024 - 06:29
«Свой стиль» зэгухьэныгъэм хэтхэм я къыкIэлъыкIуэ гъэлъэгъуэныгъэр Налшык къалэм и ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм ит розэхэм я хьэсэхэм деж къыщызэIуахащ. Ар къызэрагъэпэщащ сурэттеххэм я махуэм ирихьэлIэу.
Гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьащ Шакманов Магомед, Бекоев Геннадий, Журт Хьэсэн, Лукьяненкэ Иван, Шипуновэ Иринэ, Пузенкэ Михаилрэ Дмитрийрэ, Байсиев Ахъмэт, Подвэ Александр, ди лэжьэгъу Къарей Элинэ сымэ я сурэтхэр. Лэжьыгъэхэр зытеухуа и лъэныкъуэкIэ куэду зэщхьэщыкIырт, натюрмотртхэр, цIыху сурэтхэр, щIыуэпсыр, къалэхэр, тхыдэри нобэри къызэщIаубыдэу. КъыжыIапхъэщ, мы сурэт щхъуэкIэплъыкIэхэм жыг хадэ зыгъэпсэхупIэм ущеплъыну нэхъри зэрыщIэщыгъуэр!
«Свой стиль» клубыр къызэIузыха икIи абы и унафэщI Лукьяненкэ Иван хьэщIэхэм защыхуигъазэм жиIащ 2004 гъэ лъандэрэ я IуэхущIапIэр зэрылажьэр, мы гъэм илъэс 20 зэрырикъур.
Клубым хэтхэм я сурэтхэр кIуэ пэтми нэхъыфI, нэхъ щIэщыгъуэ зэрыхъур гъэщIэгъуэнщ. Арагъэнущ абыхэм я лэжьыгъэхэм щIэупщIэм къащIыхэхъуэм и щхьэусыгъуэри. Гъэлъэгъуэныгъэм гъэ къэс къекIуалIэ цIыху нэфIэгуфIэхэм лэжьыгъэхэр ягу зэрыдыхьэм ахэр нэхъри трегъэгушхуэ.
Мыпхуэдэ гъэлъэгъуэныгъэхэм иджыри шыщхьэуIу, фокIадэ мазэхэм къыпащэну зэрамурадыр жиIа нэужь, я зэгухьэныгъэм хэтхэм сурэттеххэм я махуэмкIэ ехъуэхъуащ Лукьяненкэ, ахэр ехъулIэныгъэрэ гукъыдэжрэ щымыщIэну зэригуапэр къыхигъэщу.
Мы Iуэху дахэм зрагъэхьэлIащ сурэттех гъуазджэм дихьэххэм, сурэттеххэм я благъэхэм, ныбжьэгъухэм.
БжьыхьэлI Розэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.
|
|
17.03.2026 - 09:14 Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм щекIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ гъэ кIуам IэнатIэм и лэжьыгъэм кърикIуахэм, дызэрыт илъэсым къыпэщылъ къалэнхэмрэ нобэ зэлэжьыпхъэхэмрэ. |
|
|
17.03.2026 - 09:13 Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Малкэ къуажэм иджыблагъэ щекIуэкIащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и зэIущIэ. Абы щытепсэлъыхьащ 2025 гъэм зэфIагъэкIахэмрэ мы илъэсым къапэщылъ къалэнхэмрэ. |
|
|
17.03.2026 - 09:03 Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэм щекIуэкIащ «Адагъэ: Иджырей гугъуехьхэмрэ абыхэм я хэкIыпIэхэмрэ» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм къызэригъэпэща «Адэхэм я зэгухьэныгъэ» форум иныр.
|
|
|
16.03.2026 - 14:57 Къэбэрдей-Балъкъэрым мыхьэнэ лъагэ яIэу щылажьэ лъэпкъ пэхуэщIэхэм я фIыгъэкIэ республикэм и автомобиль гъуэгухэр, уэрамхэр, лъэмыжхэр, курыт еджапIэхэр, сабий садхэр, сымаджэщхэр, ЩэнхабзэмкIэ унэ |
|
|
16.03.2026 - 09:14 Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и кафедрэм и унафэщI, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, Къардэн Мусэдин лъэпкъ щIэныгъэ дунейм къыщацIыху IэщIагъэлI щыпкъэу, к |
|