Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэсурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм щагъэлъагъуэ УФ-м щIыхь зиIэ, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и академик, Репин Илья и цIэр зезыхьэ институтым щезыгъаджэ скульптор икIи художник СэвкIуий Хьэмид и лэжьыгъэхэр. Ар къызэрагъэпэщащ сурэтыщIыр илъэс 60 зэрырикъум и щIыхькIэ.
СэвкIуий Хьэмид «Гу» зыфIища и графикэ сурэтхэмкIэ пащэ художникыр илъэс 60 щрикъум ирихьэлIэу республикэм къыщызэрагъэпэща гъуазджэ зэхыхьэ гъэщIэгъуэнхэм. Тхылъ зыбжанэм яхуищIа а графикэ лэжьыгъэхэр «Нартхэр» IыхьэмкIэ къызэIуех.
- Ди щIыналъэм мы сурэт гъэлъэгъуэныгъэм щэнхабзэ мыхьэнэшхуэ щиIэщ. УмыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым СэвкIуий Хьэмид иIэ зэфIэкIыр! Псом хуэмыдэу ягу дыхьащ гъэлъэгъуэныгъэм и курых хъуа - сурэтыщIым и анэм хидыкIа щхьэнтэр, - жиIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Карчаевэ Iэминэ зэхыхьэр къыщызэIуихым. - Лэжьыгъэхэм лъабжьэ яхуэхъуар нарт IуэрыIуатэрщ. СурэтхэмкIэ нэрылъагъущ дэтхэнэ зы лэжьыгъэри гъуазджэм и лъагапIэу зэрыщытыр. ДяпэкIи ехъулIэныгъэщIэхэм СэвкIуий Хьэмид хуэкIуэну си гуапэщ!
УФ-м щIыхь зиIэ, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, РАХ-м и академик Пащты Герман и псалъэм къыхигъэщащ СэвкIуий Хьэмид, художник къудей мыхъуу, икIи зэрыгупсысакIуэр, Урысейми хамэ къэрал куэдми зэрыщыцIэрыIуэр.
УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, композитор ХьэIупэ ДжэбрэIил псалъэм, макъым, плъыфэм я мыхьэнэм къытеувыIащ. Абы жиIащ и гъащIэм Хьэмид зэрыхэтым зэрыригуфIэр, СэвкIуийм и лэжьыгъэхэм узэрызэщIашэр, гъуазджэр псалъэ зэрыхуэмыныкъуэм ар щыхьэт зэрытехъуэр.
КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Бгъэжьнокъуэ Заурбэч къыщыпсалъэм къыхигъэщащ цIыху гъащIэм и пщалъэ нэхъыщхьэр и лэжьыгъэр, хузэфIэкIар зэрыарар. Хьэмид и IэдакъэщIэкIхэр ди щIыналъэри, ди къэралри, уеблэмэ дунейм цIыхуцIэ зиIэу тетыр зэрыгушхуэнщ.
- Анэм Хьэмид хуиIэ лъагъуныгъэр псоми я щапхъэщ! КъБР-м и Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ и лэжьыгъэхэм я курых хъуащ и анэм и хэдыкIыр! - жиIащ КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Жылэ Анатолэ.
СэвкIуийхэ я лъэпкъым къыбгъэдэкIыу Хьэмид и къуэш Аслъэн фIыщIэ яхуищIащ мы Iуэхур зи жэрдэмхэмрэ зыкърезыгъэхьэлIахэмрэ. Абы жиIащ и къуэшым и зэфIэкIым зэрыригушхуэр.
КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ Хэкури лъэпкъри зэрыгушхуэ мыпхуэдэ гъэлъэгъуэныгъэ уи къарум, щIэныгъэм къихьыныр зэрыехъулIэныгъэшхуэр. Ар къеджащ Репин Илья и цIэр зезыхьэ институтым и ректорым къыбгъэдэкI тхыгъэм. Абы итт илъэс куэд щIауэ Хьэмид я институтым зэрыщылажьэм зэрыригушхуэр. Къаныкъуэ Жаннэ СэвкIуийм фIыщIэ хуищIащ и IэдакъэщIэкI купщIафIэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщигъэлъагъуэм папщIэ.
СэвкIуий Хьэмид къекIуэлIахэм фIыщIэ яхуищIри и сурэтхэм къытеувыIащ, гъуазджэр фIыуэ зылъагъухэм зэрызыкъыхуагъэза упщIэхэми жэуап иритащ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.