|
|
Шэджэм районым исхэм я псэукIэм зыщегъэгъуазэ
25 июля, 2024 - 06:24
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ Шэджэм районым.
Республикэм и Iэтащхьэм зригъэлъэгъуащ Щхьэлыкъуэ къуажэм щаухуэ, мы илъэсым и кIэм ирихьэлIэу хьэзыр ящIыну спорткомплексыр. А проектыр ягъэзащIэ къуажэхэм лъэныкъуэ куэдкIэ зегъэужьыным хуэунэтIа къэрал программэмкIэ.
Унэм къызэщIиубыдэ щIыналъэр метр зэбгъузэнатIэу 1200-рэ мэхъу. Абы хэтынущ спортым хухэха пэш зэмылIэужьыгъуэхэр, медицинэм и лэжьакIуэм, гъэсакIуэхэм я пэшхэр, зытIэщIыпIэ-зыхуэпэжыпIэхэр, зыгъэпскIыпIэхэр. Къуажэ щIалэгъуалэр дэзыхьэха икIи ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэрагъэхьэ спорт бэнэкIэм, боксым зыхуэгъэсэнымкIэ зыхуей псори къыщызэрагъэпэщынущ. Абы пэгъунэгъуу а къэрал программэмкIэ волейбол, баскетбол щыджэгун утыкухэр хэту губгъуэ IэрыщI зиIэ стадион щаухуэ.
Шэджэм къалэм республикэм и Iэтащхьэм гулъытэ нэхъ хуищIу зыщыщигъэгъуэзащ тIысыпIэ 800 иIэу абы къыщрагъэжьа курыт школым и ухуэныгъэр зэрекIуэкIым. Ар илъэсым и кIэм ирихьэлIэу хьэзыр ящIыну я мурадщ.
«Мыр мыхьэнэшхуэ зиIэ ухуэныгъэщ, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. – Урысейм и Президент Путин Владимир и Зэрызыхуигъазэми къызэрыхигъэщащи, сабийхэм унэтIыныгъэ куэдкIэ заужьын папщIэ зэманым декIу щытыкIэхэр къахузэгъэпэщыным, курыт школхэм щрагъэкIуэкI егъэджэныгъэр къэгъэщIэрэщIэжыным мыхьэнэшхуэ ирет. ШколыщIэр «Егъэджэныгъэм зегъэужьын» къэрал программэм хэту доухуэ. Ар иджырей курыт школхэм я жыпхъэ нэхъ лъагэ дыдэхэм хуэкIуэу щытынущ».
Ухуэныгъэр корпус зыбжанэу зэхэтынущ. Абы иIэнущ Iуэхугъуэ хэхахэм щыхурагъаджэ класс щхьэхуэхэр, зэхыхьэхэр щрагъэкIуэкI пэшышхуэ, шхапIэ, пщэфIапIэ, спорт пэшу тIу, футбол губгъуэ, волейбол, баскетбол щыджэгу утыкухэр, къэжыхьыным хуэщIа шынагъуэншэ гъуэгухэр, зыгъэпсэхупIэ щIыпIэхэр.
Апхуэдэу районым ит курыт школхэр сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэзэу зэрагъэпэщыж. Къапщтэмэ, Лашынкъей дэт курыт школыр 1959 гъэм яухуауэ щытащ, ар зэгъэпэщыжыныгъэшхуэ хуэныкъуэт. А лэжьыгъэр ирагъэкIуэкIащ «Егъэджэныгъэм и школ IэнатIэр къэгъэщIэрэщIэжын» щIыналъэ программэм ипкъ иткIэ.
КъищынэмыщIауэ, районым и курыт школиплIым «Зыужьыныгъэм и къежьапIэ» егъэджэныгъэ центрхэр щолажьэ.
Жылагъуэ щIыпIэхэр зэIузэпэщ щIыным хуэунэтIа етIуанэ проектыр щагъэзащIэ Шэджэм. Япэр, «Чегем-парк» фIэщыгъэр зиIэр, 2021 гъэм зэфIагъэкIауэ щытащ. Иджыпсту йолэжь «Чегем.Движение вперед!» проектым.
«IуэхугъуитIри муниципалитетхэр дэIыгъыным хуэунэтIауэ ди Президент Путин Владимир и пщэрылъкIэ зрагъэубгъуауэ щыта «Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ жылэхэмрэ къалэ цIыкIухэмрэ зегъэужьын» урысейпсо зэпеуэм нэхъыфIу къыщалъытащ. ЗэIузэпэщ лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «Къалэхэр ущыпсэуну тынш щIын» къэрал проектымрэ «ПсэупIэмрэ къалэ кIуэцIымрэ» лъэпкъ проектымрэ я грант мылъкумкIэ. Iуэхум текIуэдэнущ сом мелуани 100-м щIигъу», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
ЗэIузэпэщ ящIыну щIыпIэхэр Шэджэм щыпсэухэм къыхахащ. Лэжьыгъэхэр щекIуэкIынущ КIарэм и цIэр зезыхьэ, Надречнэ уэрамхэм я ипщэ Iыхьэм, район сымаджэщым и щIыналъэм, Шэджэм псым и Iуфэм. Мыбдеж щащIыну гъуэгухэр шынагъуэншагъэм и хабзэхэм тету щытынущ, жылагъуэ зэхуэсыпIэхэм деж къыщызэрагъэпэщынущ скейт-парк, спорт джэгупIэ, воркаут утыкухэр, къыщакIухьын щIыпIэхэр.
Псори зэхэту районым къэрал программэмкIэ къыщызэрагъэпэщащ жылагъуэ щIыпIэу 5, пщIантIэхэм епха щIыналъэу 8 зэIузэпэщ ящIащ.
Шэджэм районым КIуэкIуэ Казбек щыгъуазэ зыщищIащ иджыпсту зэрагъэпэщыж Шэджэм ЕIуанэ - Булунгу гъуэгу Iыхьэм щекIуэкI лэжьыгъэхэми. Бгылъэм зэрыхуэзэм къыхэкIыу, ар къару нэхъыбэ зытекIуадэхэм язщ.
2022 гъэм щIадзауэ щытащ а гъуэгум елэжьыну, а зэман дыдэм Шэджэм Ищхъэрэ - Хъущтэ-Cырт Iыхьэмрэ къуажэ щIыбхэм блэкI гъуэгухэмрэ зэрагъэпэщыжауэ щытащ. Псори зэхэту зэIузэпэщ ящIыжа гъуэгухэр километр 12,5-рэ мэхъу, абыхэм лъэмыжи 5-рэ гъуэгубгъум Iут уэздыгъэхэмрэ яхэтщ.
Мы гъэм зэфIагъэкIащ Хъущтэ-Cыртрэ Шэджэм псыкъелъэхэмрэ зэпызыщIэ гъуэгу дэгъэзеигъуэм елэжьын Iуэхури. Ар нэхъ шынагъуэншэ хъуащ, лъэс лъагъуэхэр пхашащ, машинэ гъэувыпIэхэр хахащ, уэздыгъэхэр трагъэуващ.
Ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр щокIуэкI Шэджэм псыкъелъэхэмрэ Булунгурэ я зэхуакум дэт километр 25-ми. Ар яухыну я мурадщ 2026 гъэм и щэкIуэгъуэм. Гъуэгу щIыIури пкъохэри яхъуэж, лъэмыж ухуэныгъэу 10-м нэс зэрагъэпэщыж.
Шэджэм псыкъелъэхэм деж КIуэкIуэ Казбек щаIущIащ районым и щIыпIэ администрацэхэм я унафэщIхэм икIи зэлэжьыпхъэхэр яубзыхуащ. Республикэм и Iэтащхьэм ухуакIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ, дунейм и сыт хуэдэ щытыкIэми цIыхухэр ягъэтыншын, гъуэгухэр зекIуэгъуафIэ ящIын папщIэ, я къалэнхэр зэрагъэзащIэм щхьэкIэ.
|
|
17.03.2026 - 09:14 Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм щекIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ гъэ кIуам IэнатIэм и лэжьыгъэм кърикIуахэм, дызэрыт илъэсым къыпэщылъ къалэнхэмрэ нобэ зэлэжьыпхъэхэмрэ. |
|
|
17.03.2026 - 09:13 Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Малкэ къуажэм иджыблагъэ щекIуэкIащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и зэIущIэ. Абы щытепсэлъыхьащ 2025 гъэм зэфIагъэкIахэмрэ мы илъэсым къапэщылъ къалэнхэмрэ. |
|
|
17.03.2026 - 09:03 Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэм щекIуэкIащ «Адагъэ: Иджырей гугъуехьхэмрэ абыхэм я хэкIыпIэхэмрэ» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм къызэригъэпэща «Адэхэм я зэгухьэныгъэ» форум иныр.
|
|
|
16.03.2026 - 14:57 Къэбэрдей-Балъкъэрым мыхьэнэ лъагэ яIэу щылажьэ лъэпкъ пэхуэщIэхэм я фIыгъэкIэ республикэм и автомобиль гъуэгухэр, уэрамхэр, лъэмыжхэр, курыт еджапIэхэр, сабий садхэр, сымаджэщхэр, ЩэнхабзэмкIэ унэ |
|
|
16.03.2026 - 09:14 Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и кафедрэм и унафэщI, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, Къардэн Мусэдин лъэпкъ щIэныгъэ дунейм къыщацIыху IэщIагъэлI щыпкъэу, к |
|