СЭТЭНЕЙ ГУАЩЭРЭ НАРТХЭМРЭ

Нарт Есокъуэхэ япхъу Сэтэнейм и хъыбарыр ину зэхах. Нарт гупыр зэрыхош-зэрошажьэ, икъукIэ щэджащэу хымрэ щIымрэ щаIуатэ, Сэтэней-гуащэм щытыкIэу иIэр зымылъагъур ину къыщIоупщIэ, зылъагъум хъыбарыр нэхъ иныжу еIуатэ!

Дэнэ деж Сэтэней-гуащэу зи гугъум дуней псор игъэлыда бзылъхугъэм и хъыбарым кIэ щигъуэтынур, – зы жыпIэмэ, пщIы къонэ, пщIы жыпIэмэ, къанэр бжыгъэншэщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, и хъыбар дэхьэхакIуэм ухыгъэ иIэкъым, атIэ зэхэфхрэ, ину сывогуо, нартхэ я зэхэсым, нартхэ я санэхуафэм, нартхэ я хъыбар кIыхьым къыдэкIуэу, Сэтэней-гуащэ пэжым и хъыбарым хуэдэ зыщIэIамэ, жыфIэт! Ар нысэ пэжу бгъуэтаи, абы къыпыкIам хуэдэу дуней псомикI къыщылъэгъуауэ нарт хъыбарым къыдэкIуэркъыми, жыфIэт нэхъ гъэщIэгъуэн зыщIэм, арщхьэкIэ я жьэр Iуроху, я гур йохуэх, жаIэн ямыщIэу къызэхонэ.
АтIэ, Бэдынокъуэ мэтэдж икIи жеIэ:
- ЩыIэкъым Сэтэнейм ещхь икIи къытхэкIакъым дяпэмикI, дяужьымикI, ауэ абы къилъхуа е Сосым къыхиха къуэ хуэхъуам деплъын хуейщ.
Бэдынокъуэм ар щыжиIэкIэ, нартхэр зыщIотаджэ, я санэхуафэр зэхуащIыж, кIухьщIыхьышхуэкIэ Сэтэней-гуащэр къагъуэт, жьэрыIэзэфIкIэ йоупщI:
- Сыт ухуэдэ, сыту унэху, сыту ухужь, сыту ухахуэ, уэ къыпкъуэкIарикI сыту ин, сыту махуэ, нартхэ я набдзэр бгъэфэщаи, я инагъым хэбгъэхъуаи. Удинэщ, удипсэщ, Iуэхуу уиIэр ди гуэбдзэджыр епхауэ ди гурылъщ. Аращи, щымыуэну акъыл, щымыщIэну былым пхуэфащэщ нобэ щыщIэдзауэ! – къыжраIэ.
Абы хэту Сэтэней-гуащэр мащIэу къокIуатэ гупэкIэ:
- Псалъэ къызжефIащ зэхэсщIыкIыну, абы тету сыкъыщIэкIыну, зи гугъу фщIы угъурлыгъэрикI хъуэхъуфIрэ гуфIэгъуэкIэ къывдэпсэуну псалъэ фызот. Ауэ сэ зыгуэр жысIэнщ, емыкIу хэмылъым.
Нартхэ фи хабзэщ
Iуэхушхуэ цIыхум тефлъхьэу,
КъыщIэхуэнкIи мэхъу
Апхуэдэм дей,
Сосрыкъуэ хуэижьу,
НэхъыжьыфIхэм ябгъэдэтыну,
Фи нэфI щыхуэ,
Ауэ «мафIохъу!» жызыIэ псори,
Нартым хэлъытауэ жытIэнкъым,
Нартым и фIыр,
ЛIы уейуэ,
Езым и пащIэр игъэкIыу,
ИкIэ илъагъум – щымыщтэу,
Лей къылъысым - имыгъэгъуу,
Гъуэгум техьэм емызэшу,
Шагъдийр къиубыдым – къыхуэнэу,
И нэр зытеплъэр IэщIэмыкIыу,
ФIэкIыну нарт щымыIэу,
ЗэIэр къемылу,
Благъуэр и бзэхэбзанэу,
И пIэм щIэмызагъэу,
ЩIылъэр и уэршокуу,
Нартыжьиблыр и блыгуу,
Жэщибл-махуибл уейр и къарууэ,
Зэуэр мыгъущыжу,
ГъащIэ кIыхь иIэну,
Сосрыкъуэ къэфлъагъу! – яжреIэ нартхэм Сэтэней-гуащэ.
 

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар ТАБЫЩ Муратщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.07.2026 - 18:48

Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ яхуэзащ УФ-м и Президен­тым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ феде­-ральнэ щIыналъэм щыIэм и къуэ­дзэ - Къэзакъхэм я урысейпсо ­зэгухьэныгъэм

17.07.2026 - 09:03

Ди тхылъ тедзапIэр нэхъыфIхэм хабжэ

Налшыкрэ Пятигорскрэ я тхылъ тедзапIэхэр хагъэхьащ «Илъэсым и тхылъ нэхъыфI» зэпеуэм къыщыхэжаныкIауэ къалъыта IуэхущIапIэ 50-м. 

17.07.2026 - 09:03

Хуиту дыбэуэжат

ФIыгъуэмрэ гуфIэгъуэмрэ зи гура- щэу псэу лэжьакIуэбэр игъэхыщIат ­лъахэм къытепсыха гуауэшхуэм.

16.07.2026 - 08:40

Республикэм къыщагъэсэбэпынущ къэралым щыIэ IэмалыфIхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ яIущIащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ Крючков Вячеслав, КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн, бжыгъ

16.07.2026 - 08:35

ЛIыхъужьхэмрэ щIэблэмрэ зэзышалIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лъэпкъ Iуэху­хэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм ­Iуа­щхьэмахуэ лъапэ иджыблагъэ щригъэкIуэкIащ «Лъэпкъ зэхуаку лагерым» хэтхэмрэ дзэ Iуэху хэхам щыIахэмрэ я