Къэбэрдей-Балъкъэрым мы махуэхэм щекIуэкIащ квадроциклхэм тесхэм я зекIуэ. «Iуащхьэмахуэ и хъуреягъкIэ» зыфIаща а Iуэхур Шэрэдж, Шэджэм, Iуащхьэмахуэ районхэм къыщызэрагъэпэщащ.
Ар йокIуэкI «Урысейм и щIэинхэр» лъахэхутэ Iуэхум хыхьэу. Абы хэтхэр Налшык къалэм щежьащ, Хумалан уэхым блэкIри, Хуламо-Безенги аузым екIуэлIащ. Абдеж зыплъыхьакIуэхэр лъэсу Уллу-Чиран мылылъэм дэкIуеящ, щIыпIэ хъугъуэфIыгъуэхэм зыщагъэгъуэзащ. АдэкIэ я гъуэгур Шэджэм аузым кIуэрт. Абы щхьэкIэ Думала щхьэдэхыпIэм дэкIын хуейуэ къапэщылъти, абдеж экспедицэм хэтхэр гъэунэхуныгъэ хэхуащ - уэшхым илъэса гъуэгур ерагъыу къызэранэкIыфауэ аращ. Апхуэдэу ахэр щыхьэщIащ Шэджэм аузым, дэкIащ Шаурту мылылъэмрэ псынэпс къыщыщIэж щIыпIэхэмрэ. АдэкIэ Актопрак щхьэдэхыпIэр къагъэIурыщIэри, Iуащхьэмахуэ лъапэкIэ ягъэзащ.
Мы Iуэхум фIагъыу хэлъращи, щIыпIэхэм зыщаплъыхь къудей мыхъуу, цIыхухэм зрагъэцIыху Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэм я хабзэхэри шхыныгъуэхэри.
Экспедицэр зэрыкIуэну лъагъуэр зэхэзыгъэувар лъахэхутэ, Урыс географие зэгухьэныгъэм хэт Мокаев Тенгизщ. Iуэхур къызэзыгъэпэщар гъуэгуншэ щIыпIэхэм щызекIуэну зыфIэфIхэм я «Квадроостров» москва клубымрэ «Альтаир» щIалэгъуалэ клубымрэщ. Абыхэм я дэIэпыкъуэгъущ КъБР-м ЗыгъэпсэхупIэхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэмрэ «Вело-Моторс» зэгухьэныгъэмрэ.
Экспедицэм хэтахэр зыщыщыр Москварэ Москва областымрэщ, гъуэгуншэ щIыпIэхэм папщIэ техникэ къыдэзыгъэкI IэнатIэхэм я унафэщIхэмрэ лэжьакIуэхэмрэ яхэту.
Гупым и унафэщI Зимин Александр зэрыжиIэмкIэ, «Урысейм и щIэинхэр» Iуэхур 2018 гъэм къыхалъхьауэ щытащ, Москва щыщу зэщIагъэуIуа гупыр япэу кавказ къурш тхыцIэ нэхъыщхьэм щекIуэкIам щыгъуэ (Къэбэрдей-Балъкъэрым хуэзэу).
Мы Iуэхум и пэ къихуэу, Архъыз къыщыщIэдзауэ Сочэ нэсу апхуэдэ гъуэгуанэ зэпачащ. 2024 гъэм иджыри экспедицэу 6 къыщызэрагъэпэщынущ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Ингушым, Дагъыстэным.
БАГЪЭТЫР Луизэ.