ГъэлъэпIэн щыщагъэтакъым

ГъущI гъэткIум (металлургым) и махуэр къыщежьар совет лъэхъэнэрщ. Хрущёв Никитэ ди къэралым и Iэтащхьэу щыщыта илъэсхэм ящыщу, 1957 гъэм, СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэкIэ, Металлургым и махуэр хагъэунэхукIат. 

Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм ди къэралым и экономикэм хэщIыныгъэ ин игъуэтат. Ар зэтегъэувэжынымрэ зэрыщытам нэхърэ нэхъ лъэщыжу зыкъегъэIэтынымкIэ металлургие промышленностым и мыхьэнэр зэрыин дыдэр къалъытэри, зэрыхаIэтыкI махуи абы хухахат. 
Къэрал абрагъуэр зэбгрылэжьыкIа иужькIи, Металлургым и махуэр ди къэралым гъэлъэпIэн щыщагъэтакъым. Мы гъэми, къызэрырахьэжьэрэ 67-нэу, гулъытэ хэха абы щыхуащI СНГ-м хыхьэ къэралхэм ящыщу УФ-м, Беларусым, Къэзахъстаным. Ар трагъахуэ бадзэуэгъуэм и ещанэ тхьэмахуэ махуэм. Мы гъэм ар зыхуэзэр, зэры­нэрылъагъущи, бадзэуэгъуэм и 21-рщ. 
Металлургым и махуэр зэдаIэт гъущI щхъуэкIэплъы­кIэхэми фIыцIафэ зытегъэлъэдахэми елэжь IэщIагъэлIхэми, къырылъэ щIыпIэхэм пцIий къыщыщIэзых шахтёрхэми, нэгъуэщIхэми. 
Ди гуапэ зэрыхъунщи, металлургие промышленностым телажьэ IуэхущIапIэхэр дызэрыт лъэхъэнэми ди къэралым щымащIэкъым. Ахэр щыIэщ Челябинск, Магнитогорск, Старый Оскол, Липецк, Череповец хуэдэ къалэшхуэхэм, нэгъуэщIхэми. 
Металлургием мыхьэнэ ин щрат щIыналъэхэм а махуэм гуфIэгъуэ Iуэхухэр куэду щокIуэкI: зэхыхьэхэр, спорт зэхьэзэхуэхэр, зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызэрагъэпэщ, IэнатIэм телажьэ заводышхуэхэм зыщрагъэ­плъыхь, «мастер-класс» зыфIаща дерсхэм щыщIагъэ­дэIу, IуэхущIапIэхэм IэмэпсымэщIэхэр щагъэув, гъуазджэм хуэIэзэхэм я IэдакъэщIэкIхэр щагъэлъагъуэ. 
Металлургым и махуэр гъэмахуэкум зэрырагъэхьэлIам и фIыгъэкIэ, гуфIэгъуэ Iуэхугъуэхэм я нэхъыбэр пщIантIэхэм, уэрамхэм, уеблэмэ щIыуэпсым нэхъ пэгъунэгъу утыку зэлъыIуха нэхъ инхэм щызэхашэ. Ауэ щыхъукIи, а Iуэхугъуэхэри ящыщщ махуэщIым хэтыну хуейхэм я бжыгъэр нэхъыбэж зыщIым. 
И нэхъыбэм гъущIыр къызыхащIыкIыр пцIийрщ. Нэхъ ягъэлъапIэр оксидрэ сульфиду зэхэлъхэрщ. ГъущIыр пцIийм къыщыхапщIыкIкIэ, абы дыхапщэ химие пкъы­гъуэхэу углеродыр, водородыр, нэгъуэщIхэри. А псори ­хуабагъэ ин дыдэу иIэу къызэщIагъаплъэри, зы мардэм тет электротоки хаутIыпщхьэ.
«Металлургие фIыцIэкIэ» зэджэм хохьэ а щIыкIэм тету къыщIагъэвыкIа пкъыгъуэхэу гъущIыр, шыгуныр, хро­мыр, джыщIаер (марганцыр). «Металлургие щхъуэ­кIэ­плъыкIэ» зыфIащамкIэ къызэщIрагъэубыдэ гъуаплъэм, бдзэхум, гъухум (никель), дзэхум (олово), дзырхъым (цинк), бдзапцIэм (свинец), магнийм, титаным къыхагъэпщIыкIа лIэужьыгъуэщIэхэм. 
КЪУМАХУЭ  Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.11.2026 - 09:03

Экономикэр зэрефIакIуэм и нэщэнэу

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ палатэм и еханэ зэхыхьэгъуэм и IX зэхуэсышхуэу республикэм и Парламентым щекIуэкIам и гугъу щащIащ «Техноло-гиер ерыскъы шынагъуэншагъэм и щIэгъэкъуэнщ лъэпкъ проект

07.11.2026 - 09:03

Нэхъыжьхэр ягъэлъапIэ

Урысей театр зэгухьэныгъэм (РТО) (Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэу (СТД) щытаращ) и щIыналъэ къудамэм артист нэхъыжь­хэр щагъэлъапIэ зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ.

06.11.2026 - 09:31

Я гуащIэр къалъытэу

ЩэкIуэгъуэм и 3-м КъБР-м и Парламентым щагъэлъэпIащ республикэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехъу­лIэ­ныгъэ яIэу пэрыт лэжьакIуэ 50-м нэблагъэ. 

06.11.2026 - 09:29

Ди Хэкур къулейщ лъэпкъхэм я щэнхабзэхэмкIэ

ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм дигу къегъэкIыж Урысейм и къарур абы щыпсэу лъэпкъ зэмылIэужьы­гъуэхэм я зэкъуэтыныгъэр зэрыарар.

06.11.2026 - 09:23

ЩIэблэр фIым хуагъасэ

Шэджэм Езанэ къуажэм  и «Лэгъупыкъу» сабий гъэсапIэм щекIуэкIащ «Лъэпкъ­хэм я зэныбжьэгъугъэ: гуа­пагъэм, щэнхабзэм, зэ­къуэ­тыныгъэм я махуэш­хуэ»   жармыкIэр.