Зыхуей щыхуозэ

Сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ Лъынэ Светланэ къип­щытащ Урысей ФСИН-м и управленэу ­КъБР-м щыIэм и СИЗО №I-м балигъ мы­хъуахэу шэч зыхуащIхэр, ягъэкъуаншэхэр, суд зытращIыхьахэр зэрыщаIыгъ щIыкIэр.

IуэхущIапIэм и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ ЩоджэнцIыкIу Таймуразрэ УФСИН-м цIыхум и хуитыныгъэхэр щагъэзэщIэнымкIэ и управленэм и унафэщIым и дэIэпыкъуэгъу Текаевэ Ритэрэ ящIыгъуу сабий омбудсменым къызэхиплъыхьащ пэш­хэр, щыгъуазэ зищIащ къилъхуагъащIэ цIы­кIур зыщIыгъу цIыхубзыр камерэм зэрыща­Iыгъ щытыкIэм. 
Сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэр епсэлъащ ягъэкъуаншэхэм. Абы къип­щытащ ахэр медицинэ и лъэныкъуэкIэ къызэрызэгъэпэщар, къалъхуагъащIэ сабийм кIэлъыплъынымкIэ хабзэм къигъэув­хэр зэрагъэзащIэр, зыхуэза балигъ мыхъуа­хэм гъэсэныгъэ, егъэджэныгъэ я лъэныкъуэ­кIэ зэрадэлажьэр. Омбудсменым гулъытэ хэ­ха хуищIащ шэч зыхуащIхэм, ягъэкъуан­шэ­хэмрэ ягъэтIысахэмрэ я Iыхьлыхэмрэ балигъ мыхъуа я сабийхэмрэ социальнэ зэпыщIэныгъэхэр хуаIэным. 
КъинэмыщIауэ, Лъынэ Светланэ яIущIащ я щхьэ IуэхукIэ лъэIу тхылъ ятхыу зыкъыхуэзыгъэзахэм, апхуэдэуи бын куэд зиIэ анэр хабзэм теухуауэ зыщIэупщIахэр гуригъэIуащ. 
Урысей ФСИН-м и управленэу КъБР-м щы­Iэм и следственнэ изолятор №I-м зыщип­лъыхьа нэужь, Лъынэм балигъ мыхъуахэмрэ сабий цIыкIухэр зыщIыгъу цIыхубзхэмрэ IуэхущIапIэм зыхуей хуэзэу, тэмэму щаIыгъыу къилъытащ. 

УЭРДОКЪУЭ Женя. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

06.06.2026 - 09:03

Гъуэгу насыпыншагъэхэм хохъуэж

КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгухэм шынагъуэншагъэр къызэрыщызэгъэпэщамрэ транспорт зэжьэхэуэхэм я бжыгъэр гъэмэщIэ­нымкIэ къагъэсэбэп Iэмалхэмрэ. 

05.06.2026 - 09:03

Саугъэтхэмрэ фэеплъ тыгъэхэмрэ хуагъэфащэ

КъБР-м щыIэ МВД-м ­щагъэлъэпIащ сабийхэм твор­чествэмкIэ я урысей­псо зэпеуэм, «Полицейский дядя Стёпа» фIэщыгъэр зезыхьэм, и республикэ Iыхьэм щытекIуахэр. 

05.06.2026 - 09:03

ДэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэу зыхуагъазэ

«Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и Iуэху­щIапIэм лъэIукIэ зы­хуэ­зы­гъэ­захэм яIущIащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Щхьэгуэш Адэлбий.

04.06.2026 - 15:02

Iуэхугъуэ 15-м нэблагъэ

КъБР-м и Парламентым и Уна­фэщI Егоровэ Татьянэ мэкъуауэ­гъуэм и 2-м иригъэкIуэкIа зэIущIэм Iуэхугъуэ 15-м нэблагъэм щы­хэп­лъащ.

04.06.2026 - 09:49

ЩIыналъэ бюджетыр зэрагъэзащIэр

Урысей Федерацэм и Къэрал Советым и комиссэм видео зэпыщIэныгъэкIэ «Экономикэмрэ финансхэмрэ» унэ­тIы­ныгъэмкIэ конференц иригъэ­кIуэкIащ.