Шэрэ блэрэ зэблэкIыркъым, жаIэ. ЦIыхум и мызакъуэу, зыгъэпщыкIупIэ зыгъуэт псэущхьэрэ пэт лъоIэс, жыхуиIэщ. БлэкIа зауэр апхуэдизкIэ гущIэгъуншэти, псэ зыIутым ящыщу зылъэмыIэсарэ зи унэ гуауэу имыхьарэ щыIэкъым. Хэкукъутэ зауэжьым иужькIэ, ди лъэпкъым лъапсэрыхыр къыхуэзыхьа ЕтIуанэ дунейпсо зауэм мыгъуэ ищIа щIалэ фызкъэмышэхэр къэлъытэгъуейщ, нэпс мыжакъуэу къигъэна адэ-анэхэр куэдыщэщ, унагъуэ насыпу зэтрикъутар нэгум къыщIэгъэхьэгъуейщ. ЖыпIэнуращи, Хэку зауэшхуэр цIыху щIэжым имыкIыж бжыгъэу къинащ. Зауэр зи нэгу щIэкIахэр кIуэ пэтми мащIэ мэхъу, ауэ абыхэм я бынхэм, абыхэм къащIэхъуэжахэм яфIэлъапIэщ нэхъыжьхэм щIагъэкIа нэпсыр, яущэхуну хэту кIуэцIкIэ ягъэва гуIэр. Аращ а фэеплъыр уахътыншэ зыщIыр, абы епха сыт хуэдэ Iуэхугъуэми лъапIэныныгъэ щIратыр.
Ди щIыналъэм щекIуэкIа зауэ гуащIэхэм хэкIуэдахэм я фэеплъхэр зэгъэпэщыжыным, ахэр здэщыт щIыпIэхэр къэгъэщІэрэщІэжыным, абыхэм я Іэгъуэблагъэр зыхуей хуэгъэзэным теухуа лэжьыгъэхэр зыбжанэ щIауэ щIыналъэм щымыувыIэу щокIуэкI. Къыхэгъэщын хуейщ апхуэдэ жэрдэмхэр цIыхухэм зэрагуапэр, я нэIэ щIэту зэрекIуэкIыр, зыхузэфIэкIыр щIэгъэкъуэн зэрыхъур. Фэеплъыр зэгъэпэщыжыным икIи абы и Iэгъуэблагъэр зэпэщ щІыным текIуэдэну мылъкур «Зи псэр Хэкум щIэзытахэм я фэеплъыр хъумэныр (2019 - 2024 гъэхэр)» зи фIэщыгъэ къэрал программэм къыхокI. Абы ипкъ иткIэ Бахъсэн щIыналъэмрэ къалэмрэ лэжьыгъэшхуэ щызэфIагъэкIащ.
Псалъэм и хьэтыркIэ, Бахъсэн къалэм дэт кхъэм хеубыдэ «ЗауэлI 18-м я фэеплъ скъаркIэ» зэджэ къуэшыкхъэр. 1942 - 1943 гъэхэм щIыпIэхэм щекIуэкIа зауэхэм хэкIуэдащ мыбдеж щIэлъ щIалэхэр. Бахъсэндэс нэхъыжьхэм зэхуахьэсыжу зы щIыпIэм иужьрей увыIэпIэр зрагъэгъуэта зауэлIхэм фэеплъ кхъэщхьэдэси тращIыхьауэ щытащ. Зауэ нэужьым щIыпIэр цIыху кIуапIэ хъуащ, ТекIуэныгъэм и махуэм ирихьэлIэу пэкIухэр щрагъэкIуэкIыу яублащ. Илъэс бжыгъэм къриубыдэу фэеплъ скъарыр тIорысэ хъуащ.
Мы зэманым фэеплъым телъ лэчыжьыр трахащ, ар зытет лъабжьэр ягъэбыдэ. Абы иужькIэ фэеплъым и екІуэлІапІэхэр зэІузэпэщ ящІынущ, тетІысхьэпІэхэр ягъэувынущ, щхъуантІагъэр куэду щагъэтІысынущ, Iэгъуэблагъэр жэщкІэ къэзыгъэнэхуну уэздыгъэ пкъохэр куэд мыщІэу ягъэувыну я гугъэщ. Фэеплъым IухьэпIэ щхьэхуэрэ уней дыхьэпIэрэ хуащIыну я гугъэщ. Апхуэдэу кхъащхьэдэсэм тет псалъэхэр щIэрыщIэу къыхагъэкIыжынущ.
Бахъсэн къалэм фэеплъ зэгъэпэщыжыным ехьэлIауэ щекIуэкIа лэжьыгъэхэм я гугъу пщIымэ, къыхэгъэщын хуейщ Фрунзе Михаил и цIэр зезыхьэ уэрамым тет «ЗауэлI щыгъуэм» и фэеплъыр къызэрагъэщIэрэщIэжар.
Апхуэдэу къэрал программэм ипкъ иткIэ зыхуей хуагъэзэжащ:
1. Совет Союзым и ЛIыхъужь Иуан Хьэсэн и цIэр зезыхьэ уэрамым тет 10-нэ курыт еджапIэм и пщIантIэм дэт къуэшыкхъэр;
2. Беслъэней Хьэбалэ и цIэр зезыхьэ уэрамым тет 2-нэ курыт еджапIэм и пщIантIэм дэт къуэшыкхъэр;
3. Шыкуэ ТIутIэ и цIэр зезыхьэ уэрамым тет, 5-нэ курыт еджапIэм пэмыжыжьэу щыт къуэшыкхъэр;
4. Сергей Лазорэ Хуитыныгъэмрэ я уэрамхэм я зэблэкIыпIэм деж щыт «Щыгъуэ анэм» и фэеплъ скъарыр;
5. Бахъсэн Хьэсанш и цIэр зезыхьэ уэрамым тет къуэшыкхъэр.
Зи гугъу тщIа къэрал программэм ипкъ иткIэ къалэмрэ абы къедза Iэгъуэблагъэмрэ щыIэ къуэшыкхъэхэр къыщIагъэщыж, цIыхур екIуэлIэн хуэдэу зекIуапIэхэр къыхагъэкI, щIыпIэхэми теплъэ ират.
ШУРДЫМ Динэ.