ПсэкIэ зыхыбощIэ.

Зэрылажьэм хуэдэурэ, Умар зэхуихьэсырт макъамэ IуэрыIуатэр икIи абыхэм хэлэжьыхьырт. Адыгэхэм я щIэинхэр Тхьэбысымым ­къы­щи­лъыхъуэрт Адыгейми, Къэрэшей-Шэрджэсми, Къэбэрдей-Балъкъэрми. Умар абы щыгъуэ адыгэ макъамэу щитхум щIигъу итхыжащ.
1952 гъэм Умар Римский-Корсако­вым и цIэ зэрихьэу Ленинград дэт консерваторэм еджакIуэ ягъэкIуат, ауэ ар къиухыну хунэмысу, Адыгейм къигъэзэжын хуей хъуащ. Ар пэрыувэжащ зыпэрыта ­IэнатIэм - ЩэнхабзэмкIэ унэм и унафэщI къулыкъум. Абы къыдэкIуэу макъамэ еджапIэм сабийхэр щригъаджэрт. Умар и гъэсэнхэм ящыщщ иужькIэ цIэрыIуэ ­хъуахэу Анзорокъуэхэ Чеславрэ Вячес­лаврэ, Тыкъуэ Къаплъэн, Быж Мыцэ сымэ, нэгъуэщIхэри.
А лъэхъэнэхэрат Тхьэбысымым тхакIуэ КIэрашэ Тембот нэIуасэ щыхуэхъуар. ТхакIуэшхуэмрэ композитор щIалэщIэм-рэ зэдэлэжьэни щIадзэ. КIэрашэм и усэхэм абы макъамэхэр щIегъэувэ. Зэгуэрым, Тхьэбысымым и уэрэд жыIэкIэм щIэдэIуу здэщысым, Тембот жиIэгъащ: «Илъэс 40-кIэ Умар дэ дежьащ».
1947 гъэм самодеятельнэ гупхэм я зэхьэзэхуэм Тхьэбысымым щигъэзэ­-щIащ «Пщэдджыжьым къуажэм» къафэ сюитэр. А макъамэмкIэ нобэр къыз­-дэсым Адыгейм и радиом лэжьэн щIе­-дзэ. ИужькIэ Умар итхащ «Сэлэтым и ­письмо» уэрэдыр. Ар цIыхум ягу ирохь, Умари абы цIэрыIуэ ирохъу. А лэжьыгъэм къыкIэлъокIуэ нэгъуэщI макъамэ, уэрэд гъуэзэджэхэри.
Адыгейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 щрикъу махуэр Москва щагъэ­лъэ­пIэным и пэ къихуэу, 1957 гъэм Мей­къуапэ къэкIуащ композитор цIэрыIуэ Мурадели Вано. Абы и пащхьэм зыкъыщагъэлъэ­гъуат республикэр зэрыгушхуэ уэрэд­жыIакIуэ, къэфакIуэ гупхэм, ауэ хьэщIэр псом хуэмыдэу дэзыхьэхар Тхьэбысым Умар и джэгукIэрт.
Куэд мыщIэуи Москва Союзхэм я унэм и Колоннэ залым и утыкушхуэм къихьащ Тхьэбысым Умар, абы къихьэхуат къе­дэIуа псори.
1950 - 1969 гъэхэм Тхьэбысым Умар щы­лэжьащ къафэмрэ уэрэдымкIэ Адыгей къэрал ансамблым. Абы и гъусэу щIыпIэ куэдым концерт щитащ: студентхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я VI дунейпсо фестивалу Москва щекIуэкIам, Абхъаз, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Шэшэн-Ингуш, Дагъыстэн республикэхэм я жы­лагъуэхэм, филармониехэм.
УсакIуэ куэдым псалъэхэр щIалъхьащ Тхьэбысым Умар и макъамэхэм. Абыхэм яхэтащ МэшбащIэ Исхьэкъ, КIыщокъуэ Алим сымэ. 1960 гъэм дунейм къытехьащ Умар и япэ уэрэд сборникыр. Абы къыкIэлъыкIуащ «ФIэхъус, Кавказ!», «Уэрэдхэр» тхылъхэр. Композитор-уэрэд­усым и IэдакъэщIэкIхэр радиокIэ, телевизоркIэ къатын щIадзэ. Куэд мыщIэуи У­рысейпсо радиоми къыщат абы и уэрэд дахэхэр. Тхьэбысымым и уэрэдхэр жы­-IэнымкIэ Тыркум щыпсэу адыгэхэм зэпеуэ ирагъэкIуэкIауэ щытащ.
1969 гъэм Умар Налшык къэIэпхъуащ. Абы зрегъэцIыху Гъэсашэ Наталье, Уэ- тэр Анатолэ, Сосмакъ Валентинэ, Мэ­ремыкъуэ Хъусен сымэ, нэгъуэщIхэри. Абыхэм я гъусэу концерт тын ирегъажьэ. Умар нэIуасэ зыхуещI Къардэн Хьэсэн и IэдакъэщIэкIхэм, Къэбэрдей-Балъкъэр симфоние оркестрым и лэжьэкIэм, «Кабардинкэм» ит концертхэм.
1976 гъэм Тхьэбысымыр СССР-м и ­Композиторхэм я союзым хагъэхьащ. «Уэ­рэдыщIэ стхахэм цIыхухэр щIэзгъэдэIуну сыщыхуэпIащIэм деж дамэ къыстекIам хуэдэщ. Утыкум сызэрихьэу сыкъызэщIолындэ, сыкъофэ, уэрэд жы­зоIэ. СыкъэмыувыIэу жэщи махуи уэрэд схужыIэнущ, фIыуэ слъагъу цIыху­хэм ­папщIэ. Макъамэрщ сэ насыпыфIэ дыдэ сызы­щIыфынур», - жиIэрт Тхьэбысымым.
1980 гъэм абы Адыгейм игъэзэжащ. ИлъэситI докIри, Умар къыхуагъэфащэ «РСФСР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр. Тхьэбысымым а лъэхъэнэм нэIуасэ къыхуохъу компози-тор цIэрыIуэхэу Щедрин Родион, Френ­кель Ян, Хренников Тихон, Кажлаев Мурад сымэ, нэгъуэщIхэри.
«ЩыIэу къыщIэкIынкъым зы адыгэ Тхьэбысым Умар и макъамэхэр, уэрэдхэр зигу иримыхьа, абыхэм дамыхьэха», - жиIащ тхакIуэшхуэ МэшбащIэ Исхьэкъ. УэрэджыIакIуэм къыхуагъэхьу щыта тхыгъэхэр зыдэлъ конвертхэм тратхар мы-рат: «Адыгей. Композитор Тхьэбысым Умар и деж». Псоми къащыхъурт, нэ­гъуэщI ту­мытхэми, тхыгъэр Умар Iэры­хьэну. ИкIи щыуэртэкъым, письмохэр зыхуатхам иратыжырт. Мис апхуэдэу фIыуэ ялъа­гъурт цIыху къызэрыгуэкIхэм Тхьэбы­сымыр.
Уэрэдыншэу зы лъэпкъи псэуфынукъым. Аращ лъэпкъ IуэрыIуатэм абы увыпIэ щIыщиубыдыр. ЛIыхъужьхэм уэ­рэдхэр хузэхалъхьэ, уэрэдкIэ ахэр яIэт. ЖыпIэ хъунущ Тхьэбысым Умар композитор, уэрэдус, джэгуакIуэ Iэзэу, уеблэмэ гъуэзэджэу щытауэ.
Анэм теухуа усэхэм гулъытэ хэха хуи­щIырт Тхьэбысымым. ЦIыхухэм ягу ды­хьэу, радиорэ телевизоркIэ куэдрэ къату, хьэгъуэ­лIыгъуэхэм, гуфIэгъуэ пшыхьхэм щыжаIэу, анэ псоми хуэгъэпсауэ дунейм къытринащ «Си нанэ» уэрэдыр. Абы нэ­мыщIкIэ, Тхьэбысымым уэрэд къытри­щIыкIащ усакIуэ цIэрыIуэ Гамзатов ­Расул и усыгъэ зыбжанэм.
Тхьэбысым Умар и уэрэдхэр цIыху ­гъуэзэджэм и Iэужь дахэу къытхуэнащ.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.08.2026 - 12:46

ЩIыналъэм еджапIэщIэ къыщызэIуах

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ КъБР-м щыIэ МВД-м и министр Крючков Вячеславрэ Урысейм и МВД-м и Кавказ-Ищхъэрэ институтым и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ

08.08.2026 - 12:45

Хэхыныгъэхэм зыхуагъэхьэзыр

«КъБР-м и Муниципальнэ щIыналъэхэм я совет» зэгухьэныгъэм (АСМО) и прав­ленэм и зэIущIэ дыгъуасэ екIуэкIащ.

08.08.2026 - 12:44

АдыгэщIым и макъыр зэхыдох

«Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым къызэригъэпэщауэ, ЩIалэгъуалэм я унэм (Налшык дэ­тым) ХьэIупэ ДжэбрэIил и пшыхь щызэхэтыну хъыбар къы­щысIэрыхьам сыщыгуфIы­кIат.

08.08.2026 - 11:38

ГупсэфыпIэ афэхъугъ

Зи Хэкужъ къэзыгъэзэжьыгъэм и Мафэ ипэгъокIэу Шам (Сирием) ит къалэу Дамаскэ къикIыжьыгъэ Цэй Нарминэ тихьакIэщ къе­дгъэблэгъагъ, адыгэ чIыгум иунагъо псэукIэу щыриIэм зыщыдгъэгъозагъ.

07.08.2026 - 14:35

Яхъумэ, зыщIагъакъуэ

«Адыгэ псалъэ» газетым къытедгъэзэж-дриплъэжурэ дыщытопсэлъыхь ди республикэм и Къущ­хьэхъум ит Iэщыхъуэхэм я Iуэху зытетым.