ЩIыналъэхэм щылэжьэным хухаха махуэм хиубыдэу УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Геккиев Заур яхуэзащ зи щхьэ IуэхукIэ къекIуэлIа цIыхухэм. Ахэр зыгъэпIейтейхэм яхэтщ кIэрыхубжьэрыхухэр зэрыдашым пэкIуэ уасэри, псэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм я фIагъри, сабий ныкъуэдыкъуэ зиIэ унагъуэхэм зэрадэIэпыкъури, пенсэхэр зэратымрэ цIыхухэр лэжьапIэкIэ къызэрызэрагъэпэщми.
Депутатым къыIэрыхьащ зи къалэным тэмэму бгъэдэмыт ухуакIуэхэм ятехуауэ цIыху гупым къагъэхьа тхыгъэр. Фэтэр куэд хъу унэр хабзэм къемызэгъыу икIи зыхуэфащэ техническэ документхэр ямыIэу газым зэрыпадзам къыхэкIыу, абы щIэтIысхьахэм псы хуабэ ямыIэу къэнащ. Депутатым тхьэусыхафэр зэпкърихащ икIи Iуэхур зэтес щIыжынымкIэ сэбэп хъуну чэнджэщхэр ар къызыбгъэдэкIахэм яритащ. «Бжьыхьэр къыщыса зэманым унэр ямыгъэплъу къэнэнкIэ шынагъуэ зэрыщыIэм къыхэкIыу мы Iуэхум зыхуэфащэ IэнатIэхэм я зэфIэкIыр икIэщIыпIэкIэ зэщIэгъэуIуэн икIи къалэ администрацэм абы гу лъегъэтэн хуейщ», - жиIащ Геккиев Заур.
ЦIыхухэм щахуэзам депутатым къыIэрыхьа тхьэусыхафэ 11-ри зыхуэфащэ IэнатIэхэм щызэпкърахынущ. Ди щIыналъэм депутатым щригъэкIуэкIыну лэжьыгъэхэм я планым ипкъ иткIэ ар аргуэру цIыхухэм яхуэзэнущ жэпуэгъуэм и пэщIэдзэм.