ЗыгъэпсэхупIэ яIэкъым![]() «Спартак-Налшыкыр» щыджэгу Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ лигэм и «Б» дивизионым и Япэ гупым бадзэуэгъуэм и 6-м щызэхэта епщыкIубланэ джэгугъуэм иужькIэ зэхьэзэхуэр тхьэмахуищкIэ щызэпагъэуащ. Командэхэм Iэмал ягъуэтащ мащIэу загъэпсэхуу, адэкIэ зэпеуэм зыхуэгъэхьэзырын щIадзэну. Ар къэзэрагъэсэбэпынум теухуащ тренер нэхъыщхьэ Битокъу Тимур и нобэрей псалъэмакъыр. - Дызыхэт зэхьэзэхуэм и турнир таблицэм иджыпсту щытIыгъ увыпIэм зыдгъэпсэхуну зы Iэмали къыдитыркъым. Пэжщ, махуэм зыщыплIкIэ дутIыпщри, къызэхуэсыжауэ загъасэ, махуэ тIэу тренировкэ ирагъэкIуэкIыу. КъыдэхъулIахэмрэ дызыхунэмысахэмрэ къритпщытэжыну Нэзран и «Ангушт»-м зэныбжьэгъугъэ зэIущIэ мыгувэу дедгъэкIуэкIынущ. Нэхъыбэ щыIэну къыщIэкIынкъым, зэрызыдгъэхьэзырыну зэманыр къызэрыдэмэщIэкIым къыхэкIыу. Зыгъэхьэзырар Мэзкуу Къанщ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||







