МафIэс 900-м щIигъу

2024 гъэр къызэрихьэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэс 906-рэ щатхащ. Абыхэм ящыщу 84-р псэупIэхэм къыщыхъуащ, удз гъуам мафIэ щIадзауэ 503-рэ къахутащ. МафIэсхэм къыщрагъэлащ цIыхуи 5, ахэр къыщыхъуа щIыпIэхэм ирагъэIэпхъукIащ цIыхуи 168-рэ, фэбжь зэхуэмы­дэхэр ягъуэтащ 27-м, ди жагъуэ зэрыхъущи, цIыхуи 6 хэкIуэдащ. Сом мелуан 900-м щIигъу мылъку абыхэм храмыгъэсхьэн яхузэфIэкIащ.

МафIэсхэм я нэхъыбэр кърокIуэ цIыхухэр зэрымысакъым, абыхэм защыхъу­мэнымкIэ хабзэр уэим зэращIым. Абы къыхэкIыу зыщыбгъэгъупщэ хъунукъым электрокъарукIэ лажьэ Iэмэпсымэхэр къы­зэрагъэсэбэп хабзэм утекI­мэ узыхуишэнкIэ хъунур. 
Мы илъэсыр къызэрихьэрэ хабзэм ебакъуэу удз гъуахэр зэрагъэсам къы­хэкIыу дэфтэр 40 ятхри, ­къуаншэхэр административнэ жэуапым ирашэ­лIащ.
Зыщывмыгъэгъупщэ, удз гъуар щывгъэскIэ мафIэм псэупIэ унэхэмрэ нэгъуэщI ухуэныгъэхэмкIэ, апхуэдэуи мэзылъэмкIэ тыншу зидзынкIэ икIи мылъку хэщIыныгъэшхуэ къишэнкIэ, нэхъыщхьэращи - цIыху хэкIуэдэнкIэ зэрыхъунур!
Къэбэрдей-Балъкъэрым и МЧС-м фигу къегъэкIыж:
- зэи къэвмыгъэсэбэп мытэмэм е жьы хъуа электрокIапсэхэр;
- хуабэ къэзыт электроIэмэпсымэхэм фахуэсакъ; 
- электрокъарукIэ, газкIэ лажьэ Iэмэпсымэхэр щы­щIэгъэнам деж ахэр кIэ­лъыплъыныгъэншэу къэвмыгъанэ;
- сабий цIыкIухэр факIэ­лъымыплъу къэвмыгъанэ, фи сабийм жефIэ мафIэм уриджэгуныр зэрышынагъуэр;
- сабийхэм ягурывгъаIуэ электро, газ Iэмэпсымэхэр шынагъуэншэу къызэрагъэсэбэп щIыкIэр;
- къэфпщытэ электро­вил­кэхэмрэ розеткэхэмрэ, ахэр къэплъыIуэмэ ныкъусаныгъэ зэриIэр е Iэмэ­псымэ куэдыIуэ зэры­пыщIар къегъэлъагъуэ;
- токым и лъэщагъым кIэлъыплъ, ар къытехьэ­лъэнухэм щызыхъумэ автоматическэ Iэмэпсымэхэр вгъэув; 
- мафIэс къэхъуамэ, абы теухуа хъыбар къозыгъащIэ Iэмэпсымэ вгъэув! ­Iугъуэ къыпихун зэрыщIи­дзэу, ар къиубыдынурэ ­макъкIэ къывигъэщIэнущ шынагъуэ зэрыщыIэр. 
Гугъуехь зыпымылъ мы хабзэхэр вгъэзащIэмэ, мафIэсым щыхъума фыхъунущ. 
Урысей МЧС-м фигу къегъэкIыж! Фи шынагъуэншагъэр зэлъытар фи жэ­уаплыныгъэрщ!
ДэIэпыкъуэгъу фыхуей хъумэ, фыпсалъэ 112 номерым. 
БАХЪСЭН  Ланэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.08.2026 - 14:39

Уатегушхуащэ хъунукъым къуршхэм

«Къэбэрдей-Балъкъэрым туризмэмрэ альпинизмэмрэ ехьэлIа IэнатIэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщын» Iуэхум теу­хуа брифинг щекIуэкIащ республикэм и щыхьэр Налшык.

13.08.2026 - 11:37

Жэуаплыныгъэмрэ щIыхьымрэ япэ изыгъэщт

Налшык къалэм ЩIалэгъуалэм и Унэм дыгъуасэ зэхыхьэшхуэ ще­кIуэ­кIащ, Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­публикэм и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ Мухьэмэд и къуэр къызэралъхурэ илъэс 85-рэ зэрырикъум теух

13.08.2026 - 10:07

Зы махуэм фIылъагъуныгъэ зыхуащIа

Темыркъан Юрэ и цIэр зезыхьэ Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм япэу утыку къыщрахьащ дэфтэрхэр зи лъабжьэ «Влюбиться за один день: Нальчик» фильмыр.

12.08.2026 - 15:25

Дуней псом и теплъэхэр

Налшык и «Искож» хьэблэм, Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым, щагъэлъагъуэ «Моя планета. Природа. Люди. Путешествия» выставкэр. Ар къызэригъэпэщащ Урысейм и «Моя планета» телеканалым.

12.08.2026 - 10:45

ДыкъэувыIэну ди мурадкъым

Физкультурникым и махуэм ирихьэлIэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Урысейм бэнэкIэ зэ­мы­лIэужьыгъуэхэмкIэ и пелуан Емельяненкэ Александррэ Шэшэн Республикэм и УнафэщIым и лIыкIуэу Къэбэ