ЦIЫХУБЭМ Я ГУМ ДЫХЬЭ АРТИСТЩ

КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и джэгуакIуэ Хьэмырзэ Ахьмэд тедгъэпсэлъыхьащ и IэщIагъэр къызэрыхихам, театр дунейм, игъэзэщIа ролхэм.

- Ахьмэд, актер IэщIагъэм иджы ущыхэгъэрей дыдэщ - дауэ ухуэкIуат абы, сыт щIэдзапIэ пхуэхъуар?

- IэщIагъэ схуэхъунум сэ куэдрэ сегупсысакъым. Ар си хъуэпсапIэу къекIуэкIырти, дзэм къулыкъу щысщIэщ къэзгъэзэжри, Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэмкIэ и институтым актер IэщIагъэм сыхуеджэну сыщIэтIысхьащ. Ар къэзухри, 1991 гъэм ди театрым лэжьэн щыщIэздзащ. Мы лэжьыгъэм си акъылкIэ сыхуэкIуащ.

Дэтхэнэ IэщIагъэми и пщIэр зыIэтыр а IэщIагъэр фIыуэ зылъагъу, зи псэм хэлъ абы и лэжьакIуэрщ. Артист псалъэм и мыхьэнэр сыт хуэдэ бзэкIэ зэпкърытхми, абы къикIыр утыкуакIуэщ. Адыгэбзэжь дыдэмкIэ дыIэбэнщи - хьэтиякIуэщ. Сэ мыпхуэдэу согупсыс: утыкум и цIыхуу ущыщытым деж, нэгъуэщI цIыхум и пIэм уиувэфыныр, абы и гъащIэр къэбгъэщIэфыныр Iэмал имыIэу къохъулIэн хуейщ. Ар уи лэжьыгъэу щыщыткIэ, бгъэзащIэ ролым нэгъэсауэ ухуэфащэу ущытыпхъэщ. Утыкум укъыхуигъэщIамэ, абы ехьэлIа гупсысэм зэи уиутIыпщын хуейкъым. Уи дуней зыхэщIэкIэр зы лъагапIэ гуэрым щынэсам деж, лэжьыгъэр фIыуэ умылъагъумэ, абы убгъэдэтыфынукъым.

- БгъэзэщIа ролхэм ящыщу нэхъ гукъинэж пщыхъуахэм я гугъу уэзгъэщIынут.

- «Хэхауэ мыр нэхъ гунэс сщыхъуащ» схужыIэнукъым. ЗгъэзэщIа ролхэр сщыщ хъуащ. Уи IэпхъуамбипщIым дэтхэнэр къыхэпхыфыну е бынхэм уахэдэфыну - щыжаIэ щыIэщ, зэрагъапщэу. Ауэ, ролхэр зэхуэдэу фIыуэ плъагъуми, абы къикIыркъым псори зэхуэдэу къохъулIауэ. Сахэдэу сценэм зыгуэр щызгъэзэщIэжын хуей хъужыкъуэмэ, си фIэщ хъуртэкъым Нало Заур и «IэфIынэ и нэ фIыцIитIым» хэта Албэч и ролыр япэ измыгъэщыну. IэфIынэ сабийуэ псым къыхэзыхыжауэ щыта Албэч лъагъуныгъэ хуищIри, балигъыпIэм иувэхукIэ а гурыщIэр къыздрихьэкIащ. А ролыр щызгъэзэщIам щыгъуэ сынэхъ щIалэт. Егъэлеяуэ сыдэзыхьэх ролхэм ящыщщ Налом и тхыгъэхэм хэт адрей лIыхъужьхэри. А тхакIуэм и IэдакъэщIэкIхэм щIилъхьэ гупсысэмрэ и бзэм и куууагъымрэ удамыхьэхын плъэкIыркъым. «Къру закъуэм» къыхэщыж Хьэбалэ делэу къызыщыхъу щыIэми, нэгъуэщI дуней еплъыкIэ зиIэ цIыхуущ ар къызэрыслъытэр.

Сигу къинэжащ Лермонтов Михаил и «Странный человек» пьесэр. Абы щызэхуэхьэса гупсысэхэр сэ си дуней зыхэщIэкIэм къытохуэ. Ар сфIэхьэлэмэтщ. Шекспир и драматургиеми хуабжьу сыдехьэх - псом хуэмыдэу «Гамлет», «Король Лир».

- ЦIыху Iейм и роль щыбгъэзащIэм деж ар дауэ зыхэпщIэрэ? 

- Ролыр фIырэ IейкIэ зэхэздзыркъым. Дэтхэнэми и пIэм уиувэфу щытын хуейуэщ къызэрыслъытэр. Сэ роль зэхэдзи сщIыркъым. ФIыуэ е Iейуэ зэхэмылъ зыри щыIэкъым. ХьэIуцыдзрэ пэт и шырыр епI, абы фIагъ гуэри бгъэдэлъщ. ЦIыхум ищIэ Iуэхугъуэми фIагъ е гуемыIу гуэр кърокIуэ. Аращи, а Iуэху Iей зылэжьам и пIэм сиувэн хуей хъумэ, сиувэфынущ. «Сэ мыбы щхьэкIэ нэгъуэщI нэкIэ къызэплъынущ», - жысIэу сегупсысыркъым. ЖызоIэри, мы IэщIагъэм сыт хуэдэ лъэныкъуэкIи ухуэмыхьэзыру урилэжьэфынукъым.

- Театрым гъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIэ ди гъащIэм увыпIэшхуэ щеубыд…

- «Мы дунеишхуэр театрщ, цIыхухэр абы щоджэгу», - жиIащ Шекспир. Театрым и мыхьэнэ нэхъыщхьэр цIыхухэм я нэгу зегъэужьыныркъым. Ар гъэсакIуэ-ущиякIуэщ, цIыхур зыщIэзыгъэгупсысыж Iэмалхэм ящыщ зыщ.

Нэгузегъэужьынри гъащIэм щыщщ, ауэ театрыр цIыхур зыгъэгупсысэ, абы зезыгъэузэщI къарууэ зэрыщытырщ япэ игъэщыпхъэр. ГъащIэр нэхъ гугъу хъуащ, абы и нэпкъыжьи театрым къыщIеху, игъэув спектаклхэми захъуэж. Псалъэм папщIэ, гушыIэхэр, цIыхум и гукъыдэжыр къэзыIэтыфынухэр нэхъыбэу утыку кърахьэ. Ауэ, цIыхухэм нэхъ яфIэфIым дытелажьэу, я гум дэмыхьэж хъуам деIусэнкъым, жытIэ хъунукъым.

- Адыгэ тхакIуэхэм ятхауэ нэхъ иужьыIуэу сыт вгъэува?

- IутIыж Борис и «Хьэпэщыпхэр», «Эдипыр», Къаныкъуэ Заринэ и «Нагъуэ и унагъуэр», Нало Заур и «IэфIынэ и нэ фIыцIитIыр». Шортэн Аскэрбий «Яшэмрэ къэзышэхэмрэ» пьесэр щIэрыщIэу дгъэувыжащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди тхакIуэхэм я Iэдакъэм къыщIэкIауэ драматургие тхыгъэщIэ диIэкъым. НэгъуэщI лъэпкъхэм ящыщ тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэри догъэув, ахэр адыгэбзэкIэ утыку къыдохьэ, апхуэдэхэм я лэжьыгъэхэри умыгъэлъагъуэу зыпхуэужьынукъыми.

- Республикэм къибгъуэтэнкъым Къэрмокъуэ Мухьэмэд и «Лъагъуныгъэм и хьэтыркIэ» рассказым къытращIыкIа кинофильмым емыплъа. Уеблэмэ иджыри «ЧэмалышхуэкIэ» къоджэ яхэтщ цIыхубэм. А ролым теухуа уи гукъэкIыжхэмкIэ укъыддэгуэшамэ, ди гуапэт.

- А фильмыр сыдэзыхьэхыу сыщыджэгуахэм ящыщщ. Абы лъандэрэ илъэс тIощIым щIигъуами, ноби уэрамым сыщрикIуэкIэ «Лъагъуныгъэм и хьэтыркIэ» фильмым хэтар уэращ - жаIэурэ сыкъыщагъэувыIэ щыIэщ. Ар гуапэ пщымыхъуу къанэркъым. Апхуэдэм уримыгушхуэни плъэкIыркъым. Ауэ нэхъ лейуэ си напщIэ телъщ а тхыгъэр зей Къэрмокъуэ Мухьэмэд сызэрикъуажэгъур. Зы жылэжь дыкъызэрыдэкIари хэлъу къыщIэкIынущ а ролыр нэхъ зыхэсщIэу, псэкIэ си гъунэгъу дыдэу щIыщытым, къыщIызэхъулIам. Мыри къыхэзгъэщынут: фильмыр щытетхар Щхьэлыкъуэ къуажэщ, Апажэ СулътIан и унагъуэрщ. СулътIан и къуэш нэхъыщIэ Назир «Адыгэ псалъэ» газетым щылэжьащ. Назиррэ Мухьэмэдрэ фIы дыдэу зэрыцIыхурти, абы и фIыгъэкIэт кинор Апажэхэ щIыщытрахари. А фильмым щыфлъэгъуа джэдкъазри, Iэщри, жыг хадэри а унагъуэм яйт. Ягъэлъэгъуэн папщIэ зыри кърашэлIатэкъым. НэфIыцIэрэ сэрэ ди сценэр щытетха пэш цIыкIур сигу къокIыж. Iуэхур щекIуэкIыр СулътIанрэ и щхьэгъусэ дунейм ехыжамрэ я пэшырт. Я хьэдрыхэ дахэ тхьэм ищI, СулътIанрэ и щхьэгъусэмрэ къызэдагъэщIа илъэсхэм я фэеплъ дахэу лIыжьым ихъумэ пэшыр, абы щIэт унэлъащIэ ямыгъэхъеяхэр а лIыжьым дэ ди лэжьыгъэкIэ къыдигъэгъэсэбэпауэ щытащ. СулътIан и щхьэгъусэм хуиIа лъагъуныгъэм и щапхъэт а пэшыр зыкIи ямыхъуэжу а унагъуэм щIахъумар. Лъагъуныгъэм и хьэтыр лъапIэщ ар. Плъагъуркъэ, езы гъащIэмрэ фильмымрэ я мыхьэнэр хьэлэмэт гуэру зэхуэкIуат.

Епсэлъар НАФIЭДЗ Данэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.05.2026 - 09:03

ФымыцIыхухэм дзыхь яхуэвмыщI

КъБР-м щыIэ МВД-м щекIуэкIащ телефонымрэ интернетымрэ къагъэсэбэпурэ щIэпхъаджагъэ зе­зыхьэхэм зэрапэщIэтым, абы и лъэныкъуэкIэ ди щIыналъэм щызрагъэгъуэта ехъулIэныгъэхэм ятеухуа зэIущIэ.

09.05.2026 - 12:25

IэщIагъэлIхэр кърашалIэ

2025 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыяпэу, ди республикэм къыщызэIуахащ Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэр IэщIагъэлIхэмкIэ къызэзыгъэпэщ хэгъэгу центр.

09.05.2026 - 09:03

IэщIагъэмрэ цIыхугъэмрэ зэгъусэу

Бэлагъы Залинэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым медицинэмкIэ и факультетым стоматологием щыхуеджащ.

08.05.2026 - 09:22

Зэкъуэшхэр нэхъри зэкъуоувэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек IущIащ Абхъаз Республикэм ЩIа­лэгъуалэм я Iуэхухэмрэ спортымкIэ и къэрал комитетым и унафэщI Хагбэ Тарас.

08.05.2026 - 09:21

Урысей-Абхъаз зэпыщIэныгъэхэр щIалэгъуалэм ягъэкIуатэ

Накъыгъэм и 4-8-хэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкI Урысей-Абхъаз щIалэгъуалэ форумыр Налшык къалэм къыщызэIуахащ.