IЭПЛЕСИН

Сабийхэм яхуэгъэза Iуэтэж цIыкIур къызэрытхыжар тележурналист Iэзэу щыта ГъукIэлI Исуф (Юрэ) Цацым и къуэм 2007 гъэм Абхъазым и къалащхьэ Сыхъум къыщыдигъэкIа «Шы лъэмакъ жылэ» зыфIища и тхылъырщ. 
Зурят цIыкIу и ныбжьыр илъэситI щрикъум, и анэшхуэмрэ абырэ я зэхущытыкIэм зэхъуэкIыныгъэ мащIэ игъуэтат. Хьэуэ, зыгуэр яку къыдыхьауэ е зыщыIеяуэ аратэкъым.
Я лъагъуныгъэр нэхъ куу хъури, иджыри къэс яIа зэхущытыкIэм ныбжьэгъугъэри къыхыхьэжауэ арат. А тIур апхуэдизу фIыуэ зэрылъагъурти, зэмыгъусэу шхэмэ (апхуэдэу къыщыхъур мащIэт), «мыр Нанэ и Iыхьэщ, мыр Зая (арат Нанэ фIыуэ илъагъу и къуэрылъхум зэреджэр) и Iыхьэщ», жаIэурэ къагъанэрт. 
Зэгуэрым апельсинитI къратат Зая. Зыр езым ишхри, адрейр Нанэ и Iыхьэу къигъэнащ. ИкIи ар, зыми дзыхь хуимыщIу, быдэу игъэтIылъащ, иужькIэ Нанэ хуихьыжыну.
Ахэр дэ тпэмыжыжьэу, унитI-щы нэхъ ди мызэхуакуу псэурт. Нанэ пщэдджыжь нэмэзым къытекIыжа къудейуэ, бжэм зыгуэр къепIэстхъырти, джэдур арауэ и гугъэу, къыщIигъэхьэжыну бжэр къыщыIуихым, и къуэрылъхур къыщIэукIуриящ. Ар апхуэдэу жьыуэ къакIуэ и хабзэтэкъыми, игъэщIэгъуапэурэ, «мыр сыту жьыуэ укъэтэджа нышэдибэ, сыт къысхуэпхьар, си хъыдэз дахэм?» - щыжиIэм, пщащэ цIыкIум и анэшхуэм зыхуигъафIэу кърегъажьэ:
- Сэ дыгъуасэ Мэржанэт IэплесинитI къысхуихьати… - тIэкIу бзэгурэфми, мыIейуэ псалъэрт Зурят, ауэ, сыт дымыщIами, апельсиныр «Iэплесину» фIэкIа тхужегъэIэртэкъым абы. 
И нитIыр къихурэ зэIынэ-зэIыкIыжурэ: «IэплесинитI, - жи, къытригъэзэжауэ, - къысхуихьати, сэ зыр ссхас, адлей, адлей Iэплесиныр, адлей…» - адэкIэ хужымыIэжыххэу къызэфIозэрыхьри и нэ фIыцIэшхуитIым нэпсыр щIэз мэхъу.
Нанэ и Iыхьэр къимыхьэсыфу гъуэгум щишхыжауэ арат ар псэлъэгъуеи нэхъ къыкъи щIэхъуар.
КъызэрекIуэкIаращ: Нанэ къыхуихьыну кърихьэжьа апельсиныр и халат жыпым ирилъхьэри, и Iэ цIыкIумкIэ ипIытIым, тIэкIу къепIэскIу-непIэскIуурэ зэхифыщIэри, и гурыIупсри абы къыфIыхыхьэжри, зы Iыхьэ цIыкIу къыгуитхъым иригъэмэракIуэхыурэ, сытми – къыIэщIэшхыхьыжыпащ. Иджы ищIам хущIегъуэжауэ арат Нанэ и пащхьэ къыщIэгумэщIар.
- АтIэ ар Iуэху, си дуней нэху, сэ къысхуумыхьу, етIуанэри занщIэу щхьэ умышхыжарэ?
- Арас, арас… - къогуфIэжыр Зурят, Нанэ етIуанэ апельсинри езым ишхыжын зэрыхуэмеяр къыщыхуигъэдахэм. – Мис арас сэ ссхызар… 
Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар КЪУМАХУЭ Аслъэнщ

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.11.2026 - 09:22

Адыгагъэр, цIыхугъэр, хабзэр и лъабжьэу

Къызэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэс 21-рэ ирокъу Ставрополь къалэм щызэхэт «Адыгэхэр» щэнхабзэ центрыр.

15.11.2026 - 10:01

Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ КъБР-м и Суд Нэхъыщхьэм и УнафэщIу ягъэува Дегтярев Игорь республикэм и судыщIэхэм щрагъэцIыхуа зэIущIэм.

15.11.2026 - 09:03

Бахъсэн къалэм и спорт утыкущIэхэр

Бахъсэн къалэм иджыблагъэ спорт ухуэныгъэу 3 къыщызэIуахащ: боксерхэм, зэзауэ зыхэт спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ пэшхэмрэ топджэгу губгъуэщIэрэ.

14.11.2026 - 10:01

Ахъшэр зыхуэдизынумрэ нэхъыщхьэу зытрагъэкIуэдэнумрэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым и комитетхэм иджыблагъэ ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэм депутатхэр, министерствэхэмрэ IэнатIэ зэ­мылIэужьыгъуэхэмрэ я лIы­кIуэ­хэр я гъусэу, щытепсэ­лъыхьащ «КъБР-м и бю

14.11.2026 - 09:03

Лъэпкъ IэфIыкIэр зи IэрыкIхэр

Хьэмидей жылэм иджыблагъэ щагъэлъэпIащ фокIадэ мазэм екIуэкIа «Вкусы России» зэхыхьэм ди республикэр цIэрыIуэ щызыщIа къуажэдэс бзылъхугъэхэр.