Гъуэгу агентствэм и зэIущIэ![]() Налшык щекIуэкIа Къэрал гъуэгу агентствэм и коллегие убгъуам КIуэкIуэ Казбек хэтащ. Ар теухуат лъэпкъ проектыщIэ къызэгъэпэщынымрэ къудамэм епха хабзэхэр убзыхунымрэ. КъинэмыщIауэ, зэIущIэм къыщагъэлъэгъуащ УФ-м и Президент Путин Владимир и жэрдэмкIэ къыхалъхьауэ щыта «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» пэхуэщIэр Урысейм, Кавказ Ищхъэрэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым зэфIэха зэрыщыхъуам теухуа бжыгъэхэр. Шэч хэмылъу, иужьрей илъэситхум наIуэ къэхъуащ гъуэгу лъэпкъ проектыр щылэжьа щIыналъэхэм я экономикэри цIыхубэ гъащIэри зэрефIэкIуар. Ди республикэм и закъуэ 2019 гъэ лъандэрэ машинэ гъуэгу километр 1000-м нэс зэрыщытыпхъэ щытыкIэм щрагъэувэжащ, километр 300-м нэс щIыналъэ зэхуакухэм щызэпрашащ, куэдым бжыхьхэр ирагъэувэкIащ, гъуэгу дамыгъэхэр къагъэщIэрэщIэжащ, лъэмыжхэр зэрагъэпэщыжащ. ЕхъулIэныгъэ нэхъыщхьэращи, гъуэгухэр нэхъ шынагъуэншэ хъуащ. Илъэситхум и кIуэцIкIэ гъуэгухэр егъэфIэкIуэным мылъкуу халъхьар сом мелард 20,5-м щIегъу, абы щыщу сом мелард 14,7-р ди республикэм и бюджетым къыхэкIыу.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||









