Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыныгъэм и махуэм ирихьэлIэу КъБКъУ-м Темыркъан Юрэ и цIэр зезыхьэ и пэшым зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ. «Лъагъуныгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ папщIэ» медалыр зыхуагъэфэщахэм, ди республикэм и районхэм щыпсэу унагъуэ 67-м, гуфIэгъуэ щытыкIэм иту иратыжащ. Унагъуэ насыпыфIэ зыухуэфауэ щапхъэу къэплъытэ хъуну, илъэс 25-м щIигъуауэ зыдэпсэу зэщхьэгъусэхэми дамыгъэ щхьэхуэхэр хуагъэфэщащ. ЗэIущIэр къызэрагъэпэщащ КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министерствэм и жэрдэмкIэ.
Пшыхьыр къызэIуихащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ.
- ГъащIэм щынэхъыщхьэ дыдэр унагъуэмрэ абы илъ зэхущытыкIэмрэщ. ЛIэщIыгъуэкIэрэ къогъуэгурыкIуэ унагъуэр нэхъ лъапIэ дыдэхэр - лъагъуныгъэр, зыр адрейм хуэсакъыныр, хуабагъэр - цIыхум езыт быдапIэу. Урыс тхакIуэ икIи гупсысакIуэ цIэрыIуэ Толстой Лев «НасыпыфIэр и унагъуэм щынасыпыфIэрщ» и псалъэхэм я мыхьэнэр хэт нэхъри нэхъыфIу къагуроIуэ нобэ зи унагъуэцIэ къитIуэнухэм. Фэ фщыщ дэтхэнэ зыми гъащIэм лъэ быдэкIэ хэува быныфIхэр вгъэсащ, фи зэхущытыкIэ дахэхэр къытщIэхъуэ щIэблэм я дежкIэ щапхъэфIщ, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыныгъэм, пщIэм и джэлэсщ. Унагъуэм щызекIуэ хабзэ щхьэхуэхэм, абы илъ гуфIэгъуэм, языныкъуэхэм и деж гугъуехьхэм, хэпсэукI цIыхум къыгуроIуэ а хъугъуэфIыгъуэхэр хуэсакъыпэу пхъумэн хуей тыгъэу зэрыщытыр. Нобэ къекIуэкI гъащIэ мытыншым, зэIумыбзым щапхъэ щыхъун хуейр фи дуней тетыкIэмрэ сабийм хэфлъхьэ гъэсэныгъэмрэщи, гъуазэу фыкъалъытэрэ нэхъыбэ къывдэплъеймэ, унагъуэщIэхэм зэрызаузэщIынум шэч хэлъкъым, - жиIащ Егоровэм.
Я унагъуэхэр насып кIуапIэу, лъагъуныгъэр щытепщэу, дэтхэнэ зы дакъикъэми гуфIэгъуэрэ псэ тыншыгъуэрэ къыдэкIуэу псэуну ехъуэхъуащ ар зэIущIэр зи щхьэусыгъуэ дахэкIэ къызэхуэса унагъуэхэм. А хъуэхъу псалъэхэр даIыгъыу, нысыпым и къигъэхъуапIэр унагъуэр арауэ зэрыщытыр, абы нэхъ лъапIэ зэрыщымыIэр къыхагъэщу пшыхьым къыщыпсэлъащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Говоров Сергейрэ КъБР-м лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министр Асанов Алимрэ.
«Лъагъуныгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ папщIэ» медалымрэ саугъэтхэмрэ унагъуэхэм иратащ Асанов Алим, Налшык ЗАГС-м и унафэщI Шэру Валентинэ, КъБР-м и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъу Уянаевэ Iэминат, ди республикэм и ЦIыхубзхэм я зэгухьэныгъэм и гуащэ Къаскъул Iэулият, КъБР-м и Парламентым и депутат, Афганистаным щыIахэм, зауэхэмрэ дзэ зэпэщIэтыныгъэхэмрэ хэтахэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Тхьэгъэлэдж Тимур, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ, «Намыс» IуэхущIапIэм и унафэщI Къардэн Адэлбий сымэ.
Пщыхьэщхьэр езыгъэкIуэкIахэу КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Аттаев Азноррэ ди республикэм щIыхь зиIэ и артисткэ Тхьэщыгъуей Жаннэрэ къызэхуэсахэр щагъэгъуазэрт унагъуэхэм я псэукIэм, я ехъулIэныгъэхэм.
ЗэIущIэм хэтахэм фэеплъ сурэтхэр зытрагъэхащ, концерт дахэкIэ я нэгу зрагъэужьащ. Апхуэдэу уэрэд жаIащ, къэфащ зэщхьэгъусэхэу Рокотов Даниилрэ Кристинэрэ, «Гордость Кавказа» ансамблыр, «Иоканто» сабий уэрэджыIакIуэ студиер, иджырей къафэхэмкIэ щапхъэ зытрах «Арабеск» гупыр, Хъусин Анзоррэ абы и щхьэгъусэ Жабоевэ Замирэрэ, къафэмкIэ «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым хэт, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Дер Мухьэмэд, Иуан Каринэ сымэ.
Узыншагъэ быдэ, насып мыкIуэщI, дыгъэпс махуэ куэд унагъуэ псоми яIэну ди гуапэщ!
ИСТЭПАН Залинэ.