Зэрызрагъэубгъуну Iэмалхэр яубзыху

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек бадзэуэгъуэм и 10-м Налшык лэжьыгъэ IуэхукIэ къыщригъэблэгъащ Къэрал гъуэгу агентствэм и унафэщI Новиков Роман, УФ-м транспортымкIэ и министрым и къуэдзэ Тимофеев Виктор, Ставрополь крайм и ­губернатор Владимиров Владимир, Къэрал Думэм транспортымрэ абы епха IуэхущIапIэхэм я зыужьыныгъэмкIэ и комитетым и унафэщIым и къуэдзэ Лечхаджиев Руслан, Шэшэн Республикэм и УнафэщIым и япэ дэIэпыкъуэгъу Тумхаджиев Абубакар, «Кавказ» гъуэгу управленэм и унафэщI Лукашук Александр сымэ. Зэхуэсым хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алийрэ республикэм транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэнрэ. 
 
ХьэщIэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуащ Къэ­рал гъуэгу агентствэм и ­кол­легиемрэ абы къы­дэ­лажьэ цIыхубэ зэгухьэныгъэхэм я советым, республикэм Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и     министерствэм, УФ-мрэ ­КъБР-мрэ я жылагъуэ па­ла­тэхэм я лIыкIуэхэмрэ     зэ­гъусэу зэIущIэ ира­гъэкIуэ­кIын папщIэ. 
Зэхуэсым щытепсэ­лъы­хьащ КИФЩI-м хыхьэ щIыналъэхэм «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектыр зэфIэха зэрыщыхъум, гъуэгу къэхъукъащIэхэм я щытыкIэр къэзыгъэлъагъуэ бжыгъэхэр зэрегъэфIэ­кIуапхъэм, къэралми щIы­налъэ щхьэхуэхэми маши­нэкIэ къыщажыхь гъуэгу­хэм зебгъэубгъу, ахэр зы­хуей хуэбгъазэ зэрыхъуну Iэмалхэм. 
КIуэкIуэ Казбек къыхи­гъэщащ инфраструктурэм зегъэужьыным Къэбэрдей-Балъкъэрым дежкIэ мы­хьэнэшхуэ зэриIэр. Экономикэми, туризмэми абы и фIыгъэкIэ хэхъуэ хъарзынэ ягъуэт икIи заужь. Республикэм и Iэтащхьэм къыхигъэщащ дяпэкIи маши­нэхэр щызекIуэ гъуэгухэм зрагъэубгъуну мурад з­э­ра­Iэр. КъинэмыщIауэ, «Нал­­шык» дунейпсо аэропортыр лъэпкъ проектым хагъэ­хьэнымкIэ къэрал уна­фэщIхэм йочэнджэщ, кхъухь­лъатэ зыIэтыпIэр зы­хуей хуагъэзэн папщIэ. Туристхэм я бжыгъэм зэры­хэхъуэм ипкъ иткIэ, а Iуэ-хум мыхьэнэшхуэ иIэщ. Иджыпстурей IуэхукIэ аэропортым и терминалым ухуэ­ныгъэ лэжьыгъэхэр щокIуэкI. 
Новиков Роман КъБР-м и Iэтащхьэм фIыщIэ хуи­-щIащ гъуэгу-транспорт къу­да­мэм гулъытэшхуэ зэры­хуищIым къыхэкIыу икIи жиIащ: «Гъуэгу хозяйствэм епха программэ псоми фи республикэр хэтщ. Шэч ­­­      къытесхьэркъым ехъу­лIэ­ныгъэфIхэр къызэ­рыф­пэп­лъэм». 
КIуэкIуэ Казбеки респуб­ли­кэм къеблэгъахэм фIы­­щIэ яхуищIащ. А махуэ ды­дэм хьэщIэхэм гъуэгу ухуэ­ныгъэхэр щекIуэкI объект зыбжанэ зрагъэлъэгъуащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.02.2026 - 17:23

МурадыфIхэм хуэгъэпса зэхуэсыпIэщIэ

Урысейм щыяпэу ди республикэм щы­зэхэтащ социальнэ архитектурэм, жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэ хэха зиIэ Iуэхухэр щIэм тету зэтеухуэным, мурадышхуэхэм хуэгъэпса щIыналъэ сессиер.

13.02.2026 - 09:13

Я нэIэ зытетыпхъэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокуратурэм къыщапщытэжащ блэкIа илъэсым я лэжьыгъэм кърикIуахэр, яубзыхуащ законымрэ хабзэмрэ гъэбыдэным ехьэлIауэ 2026 гъэм зэфIахыпхъэхэр.

13.02.2026 - 09:12

ЩIэныгъэмрэ унагъуэмрэ

«Урысейм и егъэджа­кIуэ­хэр» урысейпсо форумым жыджэру хэтахэм ящыщщ ди университетыр.

13.02.2026 - 09:10

ГъэпцIакIуэхэм япэщIоувэ

ГъэпцIакIуэхэр куэд хъуащ ди зэманым. Псом хуэмыдэу телефонкIэ апхуэдэ мыхъу­мыщIагъэ зезыхьэ щIэпхъаджащIэхэм махуэ къэс япэщIохуэ цIыхубэр. 

12.02.2026 - 09:03

Хэкум и хъумакIуэхэм я фэеплъ пхъэбгъухэр

Дзэлыкъуэ щIыналъэм и къуажэ курыт еджапIэхэм фэеплъ пхъэбгъухэр щыхуфIадзащ Хэкум и хъума­кIуэхэм.